Зы ажэжь, зы бжэныжь, зы чыцI цIыкIу

Еуэрэ-еуэрэт, жи: Нал жаIэри зы лIыжь цIыкIy щыIэти, и гъащIэр жьэгум дэсу ихьырт, и лъакъуитIыр яжьэм хэгъэлъэдауэ. Абы иIэт зы Ажэжь, зы Бжэныжь, зы ЧыцI цIыкIуи, пшэдджыжь къэсыху губгъуэм дэкIырт аби, жэш хъуху хъуакIуэрти, пщыхьэщхьэхуэкIуэу къыдыхьэжырт; къызэрыдыхьэжарауи Нал къаджэрт, бжэныжьыр щIишэрт аби, къишырт, абы къыщIиш тIэкIур и Iycy езыри псэурт.

Арати, пшэдджыжь гуэрым бжэнхэр дэкIри, губгъуэм зы удз закъуи имытыжу ирихьэлIащ.

 - Дауэ дыхъуну иджы? - жиIэри Бжэныжьыр гузэващ.

 - ХъупIэ лъыхъуэ дежьэнш! - жеIэри Ажэжьым къахелъхьэ.

НакIуэ-сыкIуэ жаIэри йожьэ, Ажэжьыр я пашэу, ЧыцI цIыкIyp я кIашэу, а тIум я кум Бжэныжьыр дэту. КIуэм-лъейм пIыртIымтIакъ, кIуэм-лъейм пIыртIым-тIакъ, зы псышхуэ гуэрым и Iуфэм нэсащ. Псы Iуфэр удзыпцIэ шхъуантIэу ехырти, ЧыцI цIыкIyp ехъуапсэри жиIащ:

 - Мыр зэрыхъупIэфI, мыбдеж дыщевгъэхъу! - жиIэри.

 - Мыр сытми хъупIэ, ухуеймэ, уэ щехъу! - жиIэри Бжэныжьым зрипэсакъым.

Псышхуэм лъэмыж телъти, йокIри макIy. КIyэм-лъейм пIыртIым-тIакъ, кIуэм-лъейм пIыртIым-тIакъ, зы губгъуэшхуэ йохьэ, хъун кIырым мэракIуэ плъыжьышхуэхэр хэпхъарэ мэ IэфIым дунейр зэрихьэу. Бжэныжьыр ехъуапсэри, жиIащ:

 - Мыр зэрыхъупIэфI, мыбдеж дыщевгъэхъу, - жиIэри.

 - Мыр сытми хъупIэ, ухуейм, уэ щехъу! - жиIэри Ажэжьым зрипэсакъым.

Аргуэру ежьэжри, кIуэм-лъейм пIыртIым-тIакъ, кIуэм-лъейм пIыртIым-тIакъ, нэхъ губгъуэшхуэж йохьэ, хъун кIыpыp ажэ жьакIэм къыщIэуэу, мэракIуэ плъыжьышхуэхэр хэзу хэпхъарэ мэ дахэм дунейр зэрихьэу, губгъуэкум деж зы псынэ къабзэ къышыщIэжу. Ажэжьым ар игу ирихьри:

 - Айдэ маржэ, фехъунум, мис хъупIэ! - жиIэри хъуэкIуэн щIидзащ.

Аратэкъэ мыдрейхэри зыхуейр! Ехъум-ешхэм, псы ефэжым, ехъум-ешхэм, псы ефэжурэ, ЧыцI цIыкIум и ныбэм из хъуаш. И ныбэм из шыхъум, и щхьэр къиIэтри:

 - Ей, Бжэныжь, Бжэныжь! - жиIащ, жи.

 - Сыт ухуей, ЧыцI цIыкIy?

 - Си хьэныбэ цIыкIум из хъуащ, дыгъэкIуэж.

 - Ахьай, уэ узыныбэ щхьэкIэ, сэ сыныбитIщ, сэ си зы ныбэри згъэнщIакъым! - жиIэри къыхуидакъым.

 - НтIэ сыт сщIэн, си закъуэпцIийуэ сыкIуэжынщ! - жиIэри ЧыцI цIыкIyp къежьэжащ. КъакIуэм-къылъэм пIыртIым-тIакъ, къакIуэм-къалъэм пIыртIым-тIакъ, лъэмыжым къэсыжщ аби, «пIыркъ-пIыркъ-пIыркъ» жиIэри къытехьащ. Лъэмыж щIагъым щхъуэжь хъужауэ зы Дыгъужьыжь щIэсти, къыщIэцIэфтри, и жьэр ущIауэ къыпэуващ:

 - Уэ ухэт? - жиIэри.

ЧыцI цIыкIyp Iэнкуну йокIуэтыж:

 - СычыцI мыгъуэ цIыкIущ, - жеIэри.

 - А птетхэр сыт-тIэ?

ЧыцI цIыкIум гузэвауэ:

 - Бжьакъуэ мыгъуэ цIыкIуитIщ, - жи.

 - А пщIэтхэр сыт-тIэ?

ЧыцI цIыкIур шынауэ:

 - Быдз мыгъуэ цIыкIуитIщ, - жи.

Дыгъужьыжьыр гушхуауэ къобакъуэ:

 - А уи кIэр шхьэ бгъэпIэжьажьэрэ-тIэ?

ЧыцI цIыкIур гужьеяуэ:

 - Сыпшхын си гугъэу согузавэри аращ, - жи.

Дыгъужьыжьыр «хьэф!» жиIэу къопхъуэ, ЧыцI цIыкIур зыIуредзэри хумпI жиIэу и хьэныбэжьым иредзых ...

МыдэкIэ Ажэжьымрэ Бжэныжьымрэ ехъум-ешхэм, псы ефэжым, ехъум-ешхэм, псы ефэжурэ, Бжэныжьым и ныбэжьитIми из мэхъу. И ныбэжьитIым из щыхъум, и щхьэр къеIэтри:

 - Ей, Ажэжь, Ажэжь! - жи.

 - Сыт ухуей, Бжэныжь?

 - Си хьэныбэжьитIми из хъуащ, дыгъэкIуэж!

 - Ахьай, уэ уныбитI щхьэкIэ, сэ сыныбищщ, сэ си ныбитI къудейри згъэнщIакъым!

«НтIэ, сыт сщIэн, си закъуэпцIийуэ сыкIуэжынщ», - жиIэри Бжэныжьыр къежьэжащ. КъакIуэм-къалъэм пIыртIым-тIакъ, къакIуэм-къалъэм пIыртIым-тIакъ, лъэмыжым къэсыжщ аби, «пIаркъ-пIаркъ-пIаркъ» жиIэри къытехьащ. Лъэмыж щIагъым щхъуэжь хъужауэ зы Дыгъужьыжь щIэсти, къыщIэцIэфтри, и жьэр ущIауэ къыпэуващ:

 - Уэ ухэт? - жиIэри.

Бжэныжьыр щтэIэщтаблэу къоувыIэ:

 - Сыбжэн мыгъуэжьщ, - жеIэри.

 - А птетхэр сыт-тIэ?

Бжэныжьыр мэгузавэри:

 - Бжьакъуэ мыгъуэжьитIщ, - жи.

 - А пщIэтхэр сыт-тIэ?

Бжэныжьыр шынауэ:

 - Быдз мыгъуэжьитIщ, - жи.

Дыгъужьыр гушхуауэ къобакъуэ:

 - А уи кIэр щхьэ бгъэпIэжьажьэрэ-тIэ?

Бжэныжьыр мэгужьейри:

 - Сыпшхын си гугъэу согузавэри аращ, - жи.

Дыгъужьыжьыр «хьэф!» жиIэу къопхъуэ, Бжэныжьыр зыIуредзэ­ри, хумпI жиIэу и хьэныбэжьым иредзых..

МыдэкIэ Ажэжьыр ехъум-ешхэм, псы ефыжым, ехъум-ешхэм, псы ефэжурэ, и ныбэжьищми из мэхъу. И ныбэжьищым из щыхъукIэ, и закъуэпцIийуэ къожьэж. КъакIуэм-къалъэм пIыртIым-тIакъ, къакIуэм-къалъэм пIыртIым-тIакъ, лъэмыжым къосыж аби, «быргу-быргу-быргу» жиIэу къытохьэ. Лъэмыж щIагъым щхъуэжь хъужауэ зы Дыгъужьыжь щIэсти, къыщIэцIэфтри, и жьэр ущIауэ къыпэуващ:

 - Уэ ухэт? - жиIэри.

Ажэжьым ар игъэщIагъуэри къэувыIащ:

 - Сэ сыажэжьщ, - жиIэри.

 - А птетыр сыт-тIэ? - къыхуолъ Дыгъужьыжьыр.

 - Дыгъужь иризукIыу джатэжьитIщ! - жеIэри хуолъыж Ажэжьыр.

 - А пщIэтыр сыт-тIэ? - жи Дыгъужьыжьым, Iэнкун къэхъуауэ.

Ажэжьыр мэбакъуэри:

 - Дыгъужь иризубэрэжьу токъумакъитIщ! - жи Ажэжьыр гушхуауэ.

Дыгъужьыжьыр мэгузавэри:

 - А уи кIэр щхьэ бгъэ ... бгъэ ... бгъэпIэжьажьэрэ-тIэ? - жи къыкъ хъуауэ.

 - УзукIынущи! - жиIэщ Ажэжьми, Дыгъужьыжьым епыджри, и хьэныбэжьыр зэгуипхъущ аби, Бжэныжьымрэ ЧыцI цIыкIумрэ къилъэлъыжащ.

Ажэжьым телъыджэ щохъу ар:

 - Фэ тIyp мыбы и ныбэм щхьэ фипщхьат? - жеIэри.

 - Дэ тлъэкIыу дипщхьа мыгъуэт абы, - жи Бжэныжьым. ДызэIуридзэри дридзыхауэ арат.

 - Флъагъурэ, сэ сывимыгъусэмэ, къыфщыщIынур! - жи Ажэжьым.

Абдежым Уащхъуэ Мыващхъуэ КIанэкIэ тхьэ зэхуаIуэ щыми дяпэкIэ зэгъусэу фIэкIа къамыкIухьынуи, къожьэж аби, Ажэжьыр я пашэу, ЧыцI цIыкIур я кIашэу, а тIум я кум Бжэныжьыр дэту къокIуэж. ПщIантIэм къызэрыдыхьэжарауэ Нал къоджэ, Бжэныжьыр щIешэри, къеш аби, мо бжэнышэ маем губгъуэ мэракIуэмэр къыхихыу иреф. Зы ткIуэпс къримынэу иреф. Зэрырифарауэ и лъакъуитIыр яжьэм къыфIыхокIри мы дуней дахэм къыфIытохьэж.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: