Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

Грознэ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми щыщ, зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуа спортсмен 300-м нэблагъэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­командэ къыхэхам Шэшэным зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэ­лъэгъуащ. Апхуэдэу ди спорт­сменхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 6 къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ ­щы­бэна гупхэм пашэныгъэхэр ­щаубыдащ Къанокъуэ Арианнэ   (кг 48-рэ), Байсиев Таулан (кг 81-рэ), Гаев Омар (кг 100) сымэ. Дыжьын медалыр зыIэригъэ­хьащ килограмми 100-м щIигъу зи хьэлъагъ Балъкъыз Залым. Мысыр Каринэрэ (кг 48-рэ) Быф Идаррэ (кг 100) зэхьэзэхуэм ­домбеякъ медалхэр къыщахьащ. 
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэ­хьэ­зэхуэ зэIухам япэ увыпIихыр къыщызыхьа спортсменхэм Iэмал ягъуэтащ щэкIуэгъуэм и 24-м Красноярск къалэм щекIуэкIыну урысейпсо зэпеуэм хэтыну. 

 

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: