ЦIыхуфIым теухуа хъыбар зыбжанэ

Хэт щапхъэ зытепхынур? А упщIэм жэуап куэд ептыфынукъэ? ЦIыхуитI зыдэплъейр зэхуэдэкъым. Хьэл-щэн дахэкIэ дунейпсо цIыхубэм хэIуахэм  язщ Мубарэк и къуэ Абдулыхь. ЦIыху дахэм теухуа хъыбар зыбжанэ дигу къыдогъэкIыж.

* * *

Хорасан щыщ бей гуэрым хадэгъэкI иIэт, Мубарэк и цIэу. Зэгуэр хадэр зейм лэжьакIуэм унафэ хуищIащ купхъ (нар, гранат) къыпичу къыхуихьыну. ЩIалэм къихьа пхъэщхьэмыщхьэр гуащIэу къыщIэкIащ. «Апхуэдиз илъэс хъуауэ мыбы ущылажьэу, гуащIэмрэ IэфIымрэ къызыпыкIэ жыгыр щIумыщIэр сыт?» - жиIэри, зиусхьэныр лэжьакIуэм  хуилъащ.

«Сэ пхъэщхьэмыщхьэхэр сшхыну хуит сыкъэпщIатэкъыми, ящыщ зэи сIухуакъым», - къыжриIэжащ щIалэм. Зиусхьэным и пщылIым и хьэрэмыгъэншагъыр игъэщIэгъуащ. Езым дахагъэкIэ цIэрыIуэ пхъу иIэти, зритын игъуэтыртэкъым. Арати, щIалэ губзыгъэм еупщIащ, хэт естын си пхъур, жиIэри. Модрейм жэуап кърет: «Ислъамым и пэ хьэрыпхэр хъыджэбзыр къызыхэкIа лъэпкъым еплъу щытащ. Журтхэр абы и мылъкум щIоупщIэ. Чыристанхэр - и дахагъэм. Муслъымэнхэр - и фIэщхъуныгъэм».

Зиусхьэным щIалэр апхуэдизкIэ игу ирихьати, и щхьэгъусэм жриIащ: «Мубарэк фIэкIа ди пхъум хуэфэщэн щIалэ слъагъуркъым». АфIэкIа хэмылъуи, и пхъур и пщылIым иритащ. Апхуэдэу телъыджэу къэунэхуа унагъуэм къихъукIащ Абдулыхь. А хадэгъэкI щIалэр абы и адэт.

* * *

Зэгуэрым Рашид и къуэ Хьэрун хъалифышхуэр къалэ гуэрым дыхьащ. ЦIыхухэр зыщIыпIэ зэрыхьырт, сабэшхуэ къагъэхъейуэ. «Сыт къэхъуар? Дэнэ псори здэпIащIэр?» - щIэупщIащ абы гу лъызыта, хъалифым и унэIут хъыджэбзыр. «Ар Хорасаным щыщ дин щIэныгъэлIышхуэ гуэр къэкIуащи аращ мы къалэм», - къыжраIащ. Зи гугъу ящIыр Мубарэк и къуэ Абдулыхьт. «Мис аращ тепщэкIэ узэджэнур, - хуабжьу жиIащ унэIутым, - армыхъумэ дзэлIхэмрэ пщылIхэмрэ цIыхухэр щIызэхуахус Рашид и къуэ Хьэрункъым.

* * *

Мерв  къалэм, Ираным къыщалъхуащ Абдулыхь. Хорасан хъужыр аращ. ЩIалэр щIэныгъэм апхуэдизкIэ хуэерыщти, къыхуэщхьэпэн гуэр щызэхихын щIыпIэр сыт хуэдизу мыжыжьэми, кIуэрт. Мазэ псокIэ гъуэгу тетащ щIалэр Басрэ щыщ Хьэсэн и псалъэм щIэдэIун папщIэ.

«ЦIыху мин бгъэныбжьэгъуныр зы бий бгъуэтыным и уасэкъым», - жиIащ зэгуэрым Басрэ щыщ Хьэсэн, Абдулыхь зэхихыу. «Ар зэхэсхын щхьэкIэт сэ мыбы нэс сыкъыщIэкIуар», - жиIауэ къаIуэтэж цIыху Iущым.

* * *

Абдулыхь ягъэкъуаншэрт, ди гъусэу ущыскъым, занщIэу унэм уокIуэж, жаIэри. «Сэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм къабгъэдызох, фэ цIыхухэм фатепсэлъыхь фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху фиIэкъым», - яжриIэжащ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: