Топджэгур зи гъащIэхэр

(КъыкIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр жэпуэгъуэм и 27 къыдэкIыгъуэм тетщ.)

«Хапоэль»-м (Израиль) и гъуэр зыхъума Биджий Хьэсэнбий

Налшык и «Спартакым» и гъуащхьэтету 1983 гъэм джэгун иригъэжьащ икIи зэIущIэ 52-м абы и гъуэр ихъумащ Биджий Хьэсэнбий. ИлъэситI дэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну здраджа Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ.

КъыкIэлъыкIуэу Мэзкуу и «Локомотив»-м 1989 гъэм ирагъэблэгъащ икIи 1998 гъэ пщIондэ абы хэту зэIущIэ 50 иригъэкIуэкIащ. СССР-м и Кубокым и финалым 1990 гъэм щыджэгуащ. Урысей Федерацэм и чемпионатым и дыжьын (1995, 1998), жэз (1994) медалхэр къихьащ. Адыгэ щIалэхэм ящыщу япэу хамэ къэрал футбол командэм джэгун щригъэжьащ.

Петах-Тихвирэ Тель-Авиврэ (Израиль) я «Хапоэль» командэхэм я гъуэр ихъумащ. Европэм и кубокхэр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэхэм хэту зэIущIи 9 иригъэкIуэкIащ.

2002, 2004 гъэхэм «Локомотив»-р къэралым и чемпион зэрыхъуам къыхэкIыу абы и унафэщIхэм яхэту дыщэ медалхэр къыхуагъэфэщащ.

 

Къэралым и командищым я текIуэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа гъуащхьэтет Хьэпэ Заур

Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуа.

1982 - 1986 гъэхэм къриубыдэу Налшык и «Спартак»-м и гъуэр ихъумащ. КъыкIэлъыкIуэу Дон Iус Ростов и СКА, Мэзкуу и «Спартак-Д», Ярославль и «Шинник» командэхэм хэтащ. 1989 - 1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалхэр къихьащ.

АдэкIэ Владикавказ и «Спартак-Алания»-м 1991 - 1999 гъэхэм щыджэгуащ икIи абы хэту 1995 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ, 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр къихьащ. Мэзкуу и «Локомотив»-м 2000 - 2005 гъэхэм хэтащ икIи аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион хъуащ.

Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам зэIущIи 4 щригъэкIуэкIащ, Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Къэралым и футболист нэхъыфI 33-м щэнейрэ хабжащ.

«Черноморец»-м и тхыдэм къыхэна ДыщэкI Хьэзрэт

Ди лъахэгъу ДыщэкI Хьэзрэт Новороссийск и футбол командэм и тхыдэм дыщэпскIэ иратхащ - абы нэхърэ нэхъыбэрэ хуэджэгуарэ топ нэхъыбэ хьэрхурэгъухэм яхудэзыгъэкIарэ «Черноморец»-м хэтакъым.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа икIи къыщыхъуа ДыщэкIыр еджакIуэ здэкIуа Новороссийск и топджэгу командэм хагъэхьащ. Абы и «Цемент»-м и гъусэу етIуанэ дивизионым къыщыщIидзэри, япэ дивизионым, итIанэ премьер-лигэм кIуащ. ИужькIэ «Черноморец» зыфIащыжам и капитану илъэс зыбжанэкIэ щытащ.

Джэгун иухри, тренеру къагъэнэжащ. Илъэситху ипэкIэ ДыщэкI Хьэзрэт зи тренер нэхъыщхьэ Новороссийск и «Черноморец»-м премьер-лигэм игъэзэжащ. АрщхьэкIэ, ди лъэпкъэгъур яфIэщIалэIуэти, нэгъуэщIым а къулыкъур иратащ.

Абы иужькIэ ДыщэкIыр Астрэхъэн ирагъэблагъэри, япэ дивизионым щыджэгу «Волгарь-Газпром»-м и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. ЕхъулIэныгъэхэр щиIащ абыи адыгэ щIалэм.

Зэман дэкIыу етIуанэ дивизионым къыщыхута Новороссийск и «Черноморец»-м мыгъэрей зэхьэзэхуэр щIагъуэу къыщIидзакъым: япэ джэгугъуитхум щыщу 2-м щытекIуат, апхуэдизри къыщыхагъэщIат.

Адыгэ щIалэм и унафэм щIэту иригъэкIуэкIа джэгугъуэ псори «Черноморец»-м мы гъэм къихьэхуащ. Иджы зыми шэч къытрихьэжкъым ар икIэщIыпIэкIэ япэ дивизионым зэрыхыхьэнум.

Къэзахъстаным и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ ЛIыхъугу Арсен

ЛIыхъугу Арсен яхэмытамэ, Къэзахъстаным и командэ нэхъыфIхэу «Астана»-мрэ (нэхъапэм – «Женис») «Кайрат»-мрэ я ехъулIэныгъэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэнут. ЖыпIэну урикъунщ ди лъэпкъэгъур Къэзахъстаным и чемпионатым и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ 2001, 2004 гъэхэм зэрыхъуар. ЯпэщIыкIэ Астана и «Женис»-м хэту Арсен и хьэрхуэрэгъухэм топ 30 яхудигъэкIащ, иужькIэ «Кайрат»-м хыхьэри, абы щыдигъэкIа топ 22-м хуэдиз зыми къехъулIакъым.

ЛIыхъугу Арсен 1994 гъэм Бахъсэн и «Автозапчасть»-м джэгун щригъэжьащ. ИужькIэ Налшык и «Спартак»-мрэ Нарткъалэ и «Нарт»-мрэ 1997 - 1999 гъэхэм щыIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэIущIэ 61-рэ иригъэкIуэкIащ икIи топ 13 дигъэкIащ. 2000 гъэм лигэ нэхъыщхьэм щыджэгу Новгород Ищхъэрэм и «Локомотив»-м ирагъэблэгъащ.

2001 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэзахъстаным ехъулIэныгъэкIэ топ джэгуным щыпищащ. «Астана»-м и щIыхьыр ихъумэу икIи абы хэту Чемпионхэм я лигэм къыщыхэжаныкIащ. Ар апхуэдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэпеуэм щыджэгуу адыгэ щIалэхэм япэу дагъэкIа топщ.

Нэхъыжьхэр я плъапIэу

Зи цIэ къитIуахэми, дызыхунэмысахэми яхуэфэщэн топджэгу щIэблэ узыншэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщохъу. ФIыкIэ я цIэр Iуахэщ «Спартак-Налшыкым» хэту премьер-лигэм щыджэгухэу Балэхэ Рустамрэ Русланрэ, Мэшыкъуэ Аслъэн, Къэжэр Назир, ДзыхьмыщI Марат, Джатэрывэ Къазбэч сымэ. Раменскэм и «Сатурн»-м и футболист нэхъыфIхэм ящыщ зыщ Нэхущ Руслан. Мэзкуу и «Спартак»-м, ЦСКА-м, «Локомотив»-м, Самарэ и «Крылья Советов»-м я Iэзагъым щыхагъахъуэу адэжь Хэкум къыхуэщхьэпэну къагъэзэжыну дыщогугъ щIалэщIэхэу Бажэ Амир, Къуэшы Амир, Джатэгъэжь Инал, Бырхьэм Къантемыр, Битокъу Тимур хуэдэхэм.

Мы зи цIэ къитIуа щIалэхэм ящыщ куэд Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ командэ къыхэхахэм щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ икIи къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым, щалъхуа Хэкум я пщIэр яIэту дунейпсо утыку йохьэ. Жыжьэжу къыщIэкIынкъым ахэр къэралым и командэ нэхъыщхьэм щыхыхьэну зэманри.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и лъабжьэр зэрыбыдэм щыхьэт тохъуэ республикэм футболымкIэ и чемпионатым и дивизион нэхъыщхьэм хыхьэ зэIущIэхэри. КъБР-м и футбол командэ нэхъыщхьэм щыджэгунухэр абы щапсыхь.

Мэзкуу Къан.
Поделиться: