ЦIыхубэ усакIуэ

Адыгэ уэрэдус, джэгуакIуэ, усакIуэ, тхакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан Iэсхьэд и къуэр къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 8-м илъэси 140-рэ ирокъу. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм и фIыпIэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр цIыхубэм я деж екIуу нэхьэса зэрыхъуам.
ХьэхъупащIэ Амырхъан Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм 1882 гъэм къыщалъхуащ. Зэманыжьым халъхуа Амырхъан и сабиигъуэм тыншакъым, уеблэмэ къуажэ школым щеджэну хузэфIэкIакъым. Пасэу лэжьэн щIэзыдза щIалэр и адэм и Iэпыдзлъэпыдзти, сабий щIыкIэ IэщIагъэхэм хэзэгъащ. Мэкъумэшым елэжьу къуажэм дэсащ. И адэ Iэсхьэд джэгуакIуэу, хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ фIыуэ ищIэу зэрыщытам и фIыгъэкIэ щIалэщIэм пасэу щIедзэ уэрэдхэр, усэхэр, гъыбзэхэр, хъуэхъухэр зэхилъхьэу икIи ахэр игъэзащIэу. Зи творчествэмкIэ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ нэхъ гъунэгъу дыдэу зэпызыщIахэм ящыщщ ар.
Усэ тхын щыщIидза япэ илъэсхэм ХьэхъупащIэм гъыбзэхэращ нэхъ къигъэсэбэпар. УсакIуэм и тхыгъэу ди деж къэсахэм ящыщу къызэтенар, зи мыхьэнэр мыкIуэдар «Дзадзунэ и уэрэд», «Яшам и тхьэусыхэ», «Мывэм нэхърэ нэхъ хьэлъэ», «Бохъшэ» уэрэдхэрщ. И усыгъэхэм наIуэу къыхэщырт социальнэ зэхуэмыдэныгъэу нэхъапэм щыIахэр, псэукIэщIэ зыухуэ къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр.
Хэку зауэшхуэ илъэсхэми зауэ нэужьми усакIуэм и къалэмыпэм тхыгъэ куэд къыщIэкIащ. Апхуэдэхэщ «ЛIыфI нэщэнэ», «Къардэн Къубатий», «Жамборэ Щэуал», «Наурыз Мамышэ», «ГъущIынэ Гъузер», «Щхьэтепхъуэ» усэхэр, нэгъуэщIхэри. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 60-70 гъэхэм ХьэхъупащIэм и творчествэм нэхъри зиужьащ. А лъэхъэнэм Амырхъан и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхыгъэ хьэлэмэтхэу «Щынэ хужь», «Къарэмырзэ и фалъэ», «Гъыбзэ», нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу дунейм къытехьащ усакIуэм и лэжьыгъэхэр зэхуэхьэсауэ зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр. И тхылъ зыбжанэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIащ.
Зауэ нэужьым Амырхъан и къару щоплъыж поэмэ жанрми. Аращ усакIуэм и эпическэ тхыгъэхэм IуэрыIуатэм и нэщэнэ щIахэплъагъуэр. И поэмэхэм щIыпIэ нэхъ ин щызыубыдыр блэкIа зэманыр къэгъэлъэгъуэжынырщ. ПсэукIэ щыIам абы триухуащ «Къэзанокъуэ Жэбагъы», «Андемыркъан», «Си сабиигъуэр», «Тхыдэжь» поэмэхэр. Езыр хэмытами, Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэри иIэщ ХьэхъупащIэм, псалъэм папщIэ, «Хэку зауэшхуэ», «Къэбэрдей партизанхэр» поэмэхэр.
И ныбжь хэкIуэтами, зауэ нэужь лъэхъэнэм Амырхъан хузэфIэкI ищIащ: уэрэджыIакIуэ гуп къызэригъэпэщащ, радиокIэ, телевиденэкIэ куэдрэ къэпсалъэу, лъахэм щекIуэкI зэIущIэхэм жыджэру хэту, нэгъуэщI щIыпIэхэм, лъэпкъхэм я деж кIуэуэ, я лIыкIуэхэм яIущIэу. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъа усакIуэ гъуэзэджэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр - Ленин, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденхэр къратащ, «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри зэрихьащ. Ар хахат республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и депутатуи. ТхакIуэр I972 гъэм дунейм ехыжащ.

***
ХьэхъупащIэ Амырхъан и усэхэр

ЛIыфI нэщэнэ
Сэ согупсысэ:
ЛIы нэсыр хэт?
«ЛIыуэ пащIэ тетщ», - жаIэу
ЛIыфIым хужаIэу
Адыгэ псалъэщ.
ПащIэ зытетыр лIы нэсмэ,
Джэдуми пащIэ тетщ.
Со согупсысэ:
ЛIы нэсыр хэт? –
Уи гуфIакIэм дэлъмэ
Тхылъ плъыжьыр,
УкъемыплъэкIыу урилажьэм,
Уи гумрэ уи жьэмрэ зэгъусэм,
Уи псалъэр нахуэм,
Ленин и Iуэхум ухуэпэжым,
Уи жыпым мэ къримыхым,
Уи Iэм мэ щымыуам,
Жьым уедэхащIэрэ
ЩIэр бгъэIущыфым,
Псори уи зэхуэдэм,
Партым уригупсэм,
Псом уранэхъыфIщ,
ЦIыхубэм уралIыфIщ,
ФIым уранэхъыщхьэщ.
Уи бгъэм дэлъ тхылъыр,
Си лъым хуэдэу плъыжьым,
Ленин ещхьу,
Ар уэ зепхьэфым,
Уафэм хуэдэу, уи акъылыр къабзэм,
Уи Iуэхум пцIы лъэпкъ хэмылъым,
Уи нитIыр занщIэу къызэплъым,
Хэкум урикъуэ пажэщ,
Пэжым урилэжьакIуэщ,
СынэкIуэнщи сигу уизгъэплъэнщ,
СынэкIуэнщи сочэнджэщынщ,
Жэуапи уэ пщызгъуэтынщ.
ЛIым я нэхъыфIым,
IуэхуфI зезыхьэм
«Быдзышэ хьэлэл ефащ» хужаIэ.
Быдзышэ ефэр
Псори лIыфI хъуркъым.
Ауэ ди партым
Быдзышэ нэхукIэ
ИпIар лIы пщхьэпэщ,
Уигъэпэжынщ.
Ленин и гупсысэмкIэ
И щхьэр гъэнщIамэ,
Ленин и псалъэм
Гу лъитэу тетмэ -
Коммунист тхылъыр хуэфащэщ.
Нобэ лIы нэсу къэслъытэм,
Сыт щыгъуи зи напэр къабзэм
А зырщ нагъыщэу хуэзгъуэтыр.

***
Дунейм и набдзэр цIыхубзщ,
Дунейр зыгъэдахэр фызыфIщ:
Фызым и хуэмыхур
Хъарбыз мыхъум хуэдэщ,
Фызым и бзаджэр
Блэ бзаджэм хуэдэщ;
Абы и фIыр зэхъулIэн,
И бзаджэм щыхъума хъун
ФIыуэ слъагъур ирехъу!
ЛIыр зыгъэлIри фызщ,
ЛIыр зыгъэгушхуэри фызщ;
Фыз зыгъэсэфри лIы губзыгъэщ.
Выр куэдрэ бжьэкъуауэмэ,
Къуагуэ мэхъу –
Фызым куэдрэ уегуауэмэ,
И гур мэбэг.
Умышхэжынумэ,
Уи фызыр жьэгъуIугъу щIы:
Ар насыпыншагъэщ,
ЛIыхъур фыз дэубзэщи,
ЛIыбзыр фыз дэуейщ.
ЛIыжь ухъурэ
Фыз уимыIэжмэ,
Жьыщхьэ мыгъуэ ухъуащ.
Фыз ущыхуейр жьы ущыхъуарщ.
Насып Iув кIэщIыр
Зэтхъэ-зэлIэщ,
Зэтхъэ-зэлIэм нэхърэ
Мытхъэ-мылIэр нэхъыфIщ.
Насыпыр псыгъуэ кIыхьу
Уи гъащIэм дэкIуэмэ, унасыпыфIэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: