Си хъуреягъым я псэ

Iуэтэж
СызэрыцIыкIурэ бгым къыщыскIухьын сфIэфIт. Ар зыгуэрым жесIэмэ, къысщыдыхьэшхынкIэ сышынэрти сыбзыщIырт, ауэ сэ бгыхэм къыщыскIухь къудейтэкъым, сэ абыхэм сепсалъэрт. Ар зыхэзымыщIам къыгурыIуэнукъым а Iуащхьэ лъагэхэм я губзыгъагъымрэ абыхэм яхэлъ къарум я инагъымрэ. Удз кIыркIэ хуэпа бгыхэм сэ стеухуауэ псори ящIэрт. Езыхэми, фщIэрэ, теплъэгъуэ куэд си нэгу къыщIагъэувэрт. Си сабий акъылым куэд щIауэ щызгъэуват къуажэм лIыжь нэхъыфIу дэсар, аддэ жылэр зыгъэтIыса Инэрокъуэ Пщымахуэ деж щегъэжьауэ, бгы лъащIэм щыпсэууэ, къызэпсалъэхэри ахэрауэ. 
Гъэмахуэм, я нэхъ мащIэу махуэм зэ, бгым деж лъагъунлъагъу сыкIуэрт, гъэщIэгъуэнракъэ, гупсысэм я нэхъыфIхэр къыщыкIуэр бгыщхьэрат. Акъужь щIыIэтыIэм и IэшхуэхэмкIэ зыкъысщимыгъэнщIу IэплIэ къысхуищIу, дыгъэ етIысэхам и бзий махэхэмкIэ щабабзэу  къыщыстелъэщIыхькIэ анитI сиIэу къэслъытэжырт. Сыту гупсысэ куэд щыщIэсхуа сэ джабащхьэм! Хэт си жагъуэ къищIми, псоми сахиIэтыкI щIыкIэу зи щыгум сыщызыгъафIэ бгым сытригъэужырт. Гугъэ щIэрыпскIэ сызэщIиузадэрти, бзаджэнаджэ къежьэгъуэ мыхъу щIыкIэ сэлам къызихыжырт. 
Сэ зырат абы игъафIэри зэпсалъэри, псэ иIэу зыкъызригъащIэри. Сыту жыпIэмэ, сэрат ар зыхэзыщIыкIри, и щэхур зыхуиIуатэри. ИтIанэ, апхуэдэ гурыщхъуэ нэгъуэщI зыгуэрым хуэсщIамэ, - сыкъызэмылынт. Бгым и закъуэкъым, сэ псоми сепсалъэрт, уеблэмэ ди пырхъуэм илъэс Iэджэ щIауэ щахуэурэ Iув хъуа лэчыр къэпIэнкIыу къыщытехуам, удын ирадза си гугъэу си нэпсым къызэпижыхьауэ зэрыщытари сощIэж. 
Ди пщIантIэм укъыдэкIрэ гъуэгушхуэр зэпыбупщIымэ, щытт си ныбжьэгъу джабэр, ди щIыбагъымкIи нэгъуэщI джабэшхуэ къыщытт, ауэ абы удэкIын щхьэкIэ псым узэпрыкIын хуейт, псыежэхри куутэкъым, ауэ псыхъуэм псом нэхъ Iейуэ сызыщышынэ блэр дэсынкIэ зэрыхъуным а щIыбагъ джабэр сигъэбгынат.  Сэ къыщыскIухьрейми ахэр щымащIэу къыщIэкIынтэкъым, ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, илъэсыр къыщихьэм деж, джабэм блэ цIыкIуи ини симыгъэлъагъуну селъэIумэ-къысхуищIэрт. Ар зы илъэскъым, илъэситIкъым, апхуэдэу илъэс пщIы бжыгъэхэр екIуэкIащ, сэри хьэтыр сызэриIэр къэсщIати, зы илъэс къэмынэу, гъатхэр къыщихьэм, сылъаIуэрт. Ауэ си анэм зэи къысхуидакъым баш сымыIыгъыу пщIантIэм сыдэкIыу, «е хьэ бзаджэ урохьэлIэ, е…»- жиIэрт. Анэм игу сымыгъэныкъуэн щхьэкIэ башыр къасщтэрти, сыкъежьэрт. ИужькIэ сыщыгуфIыкIыжырт, сешмэ зыщIэзгъакъуэрт, банэ кIыр итмэ, маисэу жан къамэшхуэу къызэщызгъэхъурти, банэр пызгъэлъэтырт. Къуалэбзухэри си кIэм итт я уэрэдыр зэрахъуэкIыу. Тхьэм и пащхьэ къикIа гуэру зыкъысщыхъужырт я дамэр жьым щIихурыхукIыу си ужь ит бзухэм сакъыфIэIуэху си гугъэу. ИужькIэщ сэ къыщызгурыIуар, мо удз кIырым сыздрикIуэм къыхэлъэт хьэпIацIэхэмрэ пкIауэхэмрэ ящыпу къызэрыскIэлъыкIуэр. Япэ ажэгъуэмэр къыщыхэкIым щегъэжьауэ сыщыхъуакIуэрт джабэм. Удз нэхъ IэфIхэмрэ сэбэпхэмрэ къэсщыпырт, ауэ си псэр зыхэлъыр удз гъэгъахэрат. Банэ нэгъунэ,  и лъэр щIэзгъэхун ипэ и гъэгъар къыпысчырти, адрей гупым яхэслъхьэрт. ЕкIурт. Узыхэтым куэд елъытащ. 
Махуэ гуэрым  джабэм сыкIэрыту, сыплъэмэ - телъыджэ гуэрым зигъэщIэгъуэжу жьым хосыхь. Сыбгъэдыхьэмэ, ипэкIэ зэи сымылъэгъуа удз лъэдий псыгъуэ дэкIеярэ а и кIыхьагъ псоми гъэгъа къащхъуэр тезу  солъагъу. Зэгуэр мы джабэм щыслъэгъуа дахагъэ псори сщигъэгъупщэжат. Апхуэдэу къыщIэкIынщ цIыхухэм лъагъуныгъэ зэращIри. Си щхьэр кIэрэхъуащ а удзым есщIэнур сымыщIэу, и лъэдийм си Iэр хуэсхьурэ тIо-щэ къыIусхыжащ. Къисчу, унэм схьами хъунут, ауэ итIанэ а удз лъэпкъыр джабэм фIэзгъэкIуэдынут, къизмычщи, а сэ слъэгъуа тхьэIухудым ди анэр щызмыгъэгуфIыкIмэ – сыкъелынутэкъым. ИтIанэ, зыгуэрым къызжиIа хуэдэ, си тхьэкIумэм къиIуащ «Удзыр къыхэтIыкI, къыхэтIыыыкI…» . Абы езым си щхьэр зэрыхуэмыкIуам сриукIытэжу башыр къэзгъэсэбэпурэ удзыр къыхэстIыкIащ. Пэжым ухуеймэ, лъабжьэшхуи къысхухэтIыкIатэкъым (гъэмахуэ уэгъум игъэгъуа щIыр быдэ дыдэу зэрыIыгът), ауэ лъэхъыц кIапэлъапэ гуэрхэр пIийрт. Си анэм удзыр илъагъумэ щабэу зэрыпыгуфIыкIынур, ар зэм и гум, зэми и нэкIум хуихьыурэ зэрепэмынур си нэгу къыщIэзгъыхьэрэ сыкъэкIуэжащ. Сыщыуатэкъым. Си анэр сэ сцIыхужтэкъэ! «Сыту фIыуэ уигу къэкIа ар къыхэптIыкIыну. Хьыи, бжэIупэм деж гъэтIыс, моуэ нэхъ лъагъупIэм», - къыщызжиIэм, сегугъупурэ удзыр хэссэри, псы тIэкIуи щIэскIащ. Ар япэу згъэтIыса си удзт. А махуэм щыщIэдзауи си къалэным къыхэхъуат. Иджы а удзми псы щIэскIэрт. ЩIэскIами сыхущIегъуэжакъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, а удзми псэрэ зэхэщIыкIрэ иIэт, езыми игу къыскIэрыпщIауэ гурыщхъуэ сщIат. Ди пщIантIэдэс зэрыхъурэ етIуанэ илъэсым щегъэжьауэ си анэр къыщалъхуа махуэм и пщэдджыжьым гъэгъэн щIидзат. Япэ илъэсми етIуанэми, удзым и гъэгъэгъуэр а махуэм ирихьэлIэ къытфIэщIри, ди гуапэ зэрыхъуам фIэкIакъым, ауэ апхуэдэу илъэсипщIым щIигъукIэ екIуэкIащ. Гъэр уэшхрилэ щыхъуи е щыдыгъафIи, удзым и гулъхэр а пщэдджыжьырт щызэкIуэцIихыр, уэлбанэу нэху къекIами, ар гуфIэжу пщэдджыжьым къытIуплъэрт. 
Балигъ сыкъэхъуху сэ джабэр нэхъыфIыжу слъагъурт. Къалэм еджапIэ сыкъыщыкIуам, тхьэмахуэзэхуакум къуажэм сехыжмэ, жэрыжэкIэ сыщIэпхъуэрти, джабэ куэщIым зыхуэздзырт. СыкъиIэту сыдрихьеям хуэдэу, напIэдэхьеигъуэм и щхьэкIэми сынэсырти и натIэц Iувыр хуезжьэкIыу сыкъытетIысхьэжырт.
Иджы си гукъеуэхэм къахэхъуат, гъащIэм хэсщIыкIри нэхъыбэт, ауэ иджыри си фIэщ хъурт ди джабэм псэ зэрыхэлъыр. Сэ ар къызэлъэIурт езым ещхьу шыIэныгъэ схэлъыну, гупсэхуу си Iуэхур схузэригъэзахуэрт. 
Зи чэзу гъатхэр къыщытхыхьэм, си анэр къыщалъхуа махуэр Iэтауэ дгъэлъэпIэну тедуухуат. Ди гурыфIыгъуэм зэран хуэхъун хуэди щыIэтэкъым, а махуэм и пщэдджьым зэрихабзэу, ди удзым зыкърихыу гъэгъат, дэри зэшищ я хьэгъуэлIыгъуэ дэзыхын хуэдиз ерыскъы къэдгъэхьэзырат, ауэ… Ауэ, си анэм и анэр а пщэдджыжьым дунейм зэрехыжам и хъыбар гуауэм ди лъэр щIигъэщIэжащ. 
Анэхэри зеиншэ зэрыхъур а пщэдджыжьым зыхэсщIащ сэ. Си анэшхуэр дунейм зэрехыжам сэри сригуIэрт, сыту жыпIэмэ, анэшхуэуи адэшхуэуи а зырат сэ зи IэфIагъ зыхэсщIар. Ауэ сытми цIыхубзт ар езыр! МелыIыч пэлъытэт си дежкIэ. ИужькIэщ сэ къыщысщIар абы и дуней тетыкIэр и уэркъылъым куэдкIэ зэрифIыщIэр. Пэжщ, зы цIыху гъащIэ къипсэуат абы, ауэ цIыхум и ныбжьыр кIуэтэхукIэ нэхъ гупыкIыгъуафIэ хъууэ къэзылъытэр хэтми щоуэ, нэхъыбэрэ уиIэ цIыхур нэхъыфIыжу плъагъуу аркъудейщ. 
Абы щегъэжьауэ си анэм къыщалъхуа махуэр игъэлъэпIэн идэжакъым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым мамэ и удзыр гъэгъэн къэгъэнауэ, къэкIыжыххакъым… Сэ итIанэщ къыщызгурыIуар си хъуреягъым псэ хэзылъхьэу щытар  си анэр зэрыарар… 
Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также: