Дунейпсо чемпионатым и гуащIэгъуэщ

 

       Сыт щыгъуи хуэдэу, илъэсиплI къэс футболымкIэ екIуэкI чемпионатым

гъэщIэгъуэн куэд ди нэгу щIегъэкI, телъыджэлажьэ мымащIи зэхыдегъэх. КIуэ

 пэтми спортымрэ политикэмрэ зыхэзыпщэну хущIэкъухэм я бжыгъэр хохъуэ.

 НобэкIэ нэхъ лъэрызехьэу зыкъэзыгъэлъэгъуа командэу 32-м я нэхъ лъэщ

дыдэр зыгъэбелджылыну чемпионатыр икIэм ноблагъэ. Катарым щекIуэкI

 зэхьэзэхуэшхуэм     Урысейм и командэр хэтыну иIа Iэмалыр, зэрытщIэжщи,

 IэщIагъэкIауэ щытащ. Щхьэусыгъуэ хъуар зыкIи футболым епхатэкъым,

атIэ лъэпкъ зэхэгъэж зыщIхэм я лей къызытехьэ цIыхухэм къащхьэщыжыну

 урысеидзэр Украинэм зэрихьарт.

       Дунейпсо чемпионатым дыкIуэн папщIэ дэ къытпэщIэтын хуеят  Польшэм, Швецием, Чехословакием я командэхэр,   пэжыр жыпIэмэ, дызытекIуэфыну щытахэр. Ауэ, а къэралхэм я футбол федерацэхэм лъэкI къагъэнакъым ди футболистхэр  апхуэдэ зэхьэзэхуэ иным къыхагъэкIын папщIэ.

       А жэрдэмыр   къыхэзылъхьари, кIуэцIырызыгъэкIари сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи жану икIи  зэпымыууэ лъэкъуэпэщIэдз къызэрытхуищIыным хущIэкъуу къекIуэкI Польшэрщ. ИужькIэ Швециемрэ Чехославакиемрэ ар  даIыгъащ.

АбыкIэ къызэтемыувыIэхэу,  Европэм и футбол союзыр акъылэгъу ящIри, ди

 клубхэри кубокым щIэбэнхэм я зэпеуэм хамыгъэхьэну унафэ къащтащ. Ауэ,

ди нэгу зэрыщIэкIащи, зыми сэбэп хуэхъуакъым спортым   пэIэщIэ  а Iэмал фIейхэр. Зи цIэ къитIуа къэралищми я командэхэр чемпионатым

 пашэныгъэ къыщыхьыным   щыщIэбэнхэм яхэткъым.

       И гуащIэгъуэщ нобэкIэ мы зэпеуэм. Хабзэм тету хэнэр и унэм щыкIуэж

 пIалъэр йокIуэкIри, бжьыпэм щIэбэнхэм я бжыгъэм псынщIэ дыдэу хощI.

Псоми я лъэкIыныгъэр здынэсыр къыщытщIэнур къыкIэлъыкIуэну

щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэщ.   Футболым уимыгугъа телъыджэхэр къыщымыхъутэм, псэкIэ  зыхыумыщIэн, гум имыхуж Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр думылъагъутэм, апхуэдиз цIыху зришэлIэнт?! Псалъэм папщIэ, хэт и гугъэнт зэи текIуэныгъэшхуэкIэ зи цIэ мыIуа Мароккэм и командэр 20I0 гъэм дунейпсо  чемпион хъуа Испанием ефIэкIыну. Сигу ирихьащ абы теухуауэ СССР-м  щIыхь зиIэ и артист, кинорежиссер цIэрыIуэ Шахназаров Карен жиIар:

«Испаниер зэрытекIуэнум шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъыми хэнащ. Абы иужь

Джэгуа Нидерландхэр Швейцарием нэхърэ нэхъ лъэщу къыщIэкIынкIэ

 зэрымыхъунур къагурыIуэу, Испанием къащыщIам дерс къыхахауэ джэгури

 бжыгъэшхуэкIэ,6:I-уэ текIуэныгъэр къахьащ. Мыр футболми Iущ узэрыхъун,  гъащIэм къыщыбгъэсэбэп хъун щапхъэ гъуэзэджэщ».

      ТкIыбжьми, сфIэтэмэщ футболист Шалимов Игорь жиIари: «ИлъэсиплI

 ипэкIэ Урысейм и командэм къыпэщIэту ар дыдэр къыщыщIащ Испанием.

 Абы дерс къыщыхамыхакIэ, нэгъуэщI мыхъуми метр II тезырыр

 Къагъэсэбэпу а пIалъэ кIыхьым зыщрамыгъэсэфакIэ, яхуэфащэу хагъэнащ.

      СщIэркъым Мароккэм адэкIэ и Iуэху зэрыхъунур, ауэ шэч

 къытесхьэркъым нобэми ныжэбэми а текIуэныгъэр зыгъэлъапIэ къэралым и

 гуфIэгъуэр зэрыкIыхьынум.

       Иджы дигу къэдгъэкIыжынщ Дуней псом и чемпион хъуа командэхэмрэ  ар  къащехъулIа илъэсхэмрэ.

       Бразилие- 1958, 1962, 1970, 1994, 2002 гъэхэм.

       Германие- 1954, 1974, 1990, 20 4 гъэхэм.

       Италие    - 1934, 1938, 1982, 2006 гъэхэм.

         Аргентинэ - 1978, 1986 гъэхэм.

         Франджы   - 1998, 2018 гъэхэм.

         Уругвай     - 1930, 1950 гъэхэм.

         Испания    - 2010 гъэ.

 

 

                                                                                          

 

                  

 

 

  

 

 

 

 

 

ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться:

Читать также: