Псалъэ шэрыуэм и къарур

 Бахъсэн куейм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм къыщыбгъуэтыфынукъым зы цIыху балигъ Джэдгъэф Хъусен иримыгъэджамэ, нэгъуэщI мыхъуми фIыуэ зымыцIыхуа, гукъэкIыж хъыбар гуапэ гуэр къыпхуэзымыIуэтэжыфын тхакIуэу, усакIуэу, гъэсакIуэ, егъэджакIуэ цIыхугъэ ин зыхэлъу, адыгэлI нэсу дунейм тетам теухуауэ. Гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэт Хъусен и тхыгъэхэмрэ и лэжьыгъэмрэ нэхъыбэу зытеухуауэ щытар. Псэужам, Джэдгъэфыр илъэс 90 ирикъунут, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэрытхэмытыжрэ мазэ дызыхуэкIуэм илъэситху ирикъунущ. Сыхуейт абы ирихьэлIэу тхылъ дунейм къытригъэхьахэм щыщу «Псалъэ шэрыуэхэр» жыхуиIэм щыщ едзыгъуэхэр фи пащхьэ ислъхьэну. Си гугъэщ балигъхэми ныбжьыщIэхэми гурыхь икIи щхьэпэ фщыхъун абы хэвгъуэтэну. 

 Утыку узэрихьэ уи лъапэщ,
 УкъызэрикIыж уи напэщ.
 * * *
 Мывэ быркъуэшыркъуэ мывэ къалэ хыумылъхьэ,
 Псалъэр мышэрыуэмэ, утыку иумыхьэ.
 * * *
 ХьэщIапIэ укIуауэ укъыдамышыжмэ, тумыгъэзэж,
 Уи щыкъум я хьэ къомыбэныжмэ, пщIэ щыуимыIэж.
 * * *
 Лъагъуныгъэншэр щIыфэ диящ,
 ЦIыху гушыIэншэр сын иуэжащ.
 - 2 – 
 
 Ныбжьэгъу жагъуэгъу-
 КъыпщхьэщиIыгъэ хуэдэщ бжэгъу.

 * * *
 ХьэмцIыракIэри дахэщ-
 ФIыуэ плъагъум тетмэ.
 * * *
 Гугъуехьым щымышынэр
 Хофыж къигъэжа псынэм.
 * * *
 ЛэжьапIэншэр къэрал мыгъуагъэщи,
 IэщIагъэншэр щхьэм и мыгъуагъэщ,
 * * *
  Узижагъуэм уи Iейр къыпхеIущIыкI,
 УзифIым уи фIыр къыпхещыпыкI.
 * * *
 ФейдэкIэ зэхуэхъуахэр зэныбжьэгъу,
 Зэгуэр зэхуохъужхэр зэдэуэгъу.

 * * *
 Зи куэбжэпэ куэншыб,
 БлэкIми къыблэкIми яуб.
 * * *

 Зи мэкъу аргъынэ губгъуэм илъ,
 И гупсысэри губгъуэм илъщ.
 
  

 Уэсэпс ужьыр дыгъэм ебзеиж, ЛIы IэщIагъэр щIэблэм къахуонэж. 

 * * *

 Зи IэщIагъэр мащэм зыдэзыхь
 Тхьэрэ пэткIэ къыщыхъукъым гурыхь.

 * * *

 Дэмыхуэха щхьэхуитыныгъэ зыхищIэркъым,
 МымэжэлIа шхын уасэ ищIэркъым.

 * * *

БгъэдэкIуэтэкIэ зыщIэм,
ИкIуэтыжыкIи ещIэ.

 * * *
 ФIыуэ ямылъагъу Iэгу нэпцIкIэ къагъафэ,
 Ямыхьэдэ нэпс мышукIэ ягъей.

 * * *

 Зи щIы кIапэр мащIэми,
 Зи лъы хъуаскIэр гуащIэ.

 * * *

 ЩыIэкъым лIэныгъэм зыпызымышэ,
 Упасэт, жаIэури ягъэкъуаншэ.

 * * *
 - 4 –

 Ухуэзамэ зылъэгъуам,
 УемыупщI зэхэзыхам.

 * * * 

 Выжь къилэжьа унэ уасэщи
 Нэхъыжь акъыл жылэ уасэщ.

 * * *

 Гум хьэулей куэд ириубыдэху,
 Нэхъ узыхуейхэр пфIыIэпоху.

 * * * 

 Упсэунум утхъэжу, 
 Лажьэ угуфIэжу.

 * * *

 Бжыхь чэтхъэкIэм хуэIэзэр,
 Бжыхь дэпщыпIэми хуэIэзэщ.

 * * *

 Лъэпэрапэурэ шы мэхъури
 Джалэ тэджыурэ лIы мэхъу.

 * * *

 Псалъэ дахэр кIыхьщи,
 Псалъэ гуауэр кIэщIщ.

 * * * 

 Щэ зыщытхъу здэщыс ущыбзагуэщ,
 Щэм яуб здэщыIэ ущыжьакIуэщ.

 * * *

Шы къэмыжа и лъэгу щысхьыркъым,
ЛIы мымэжэлIа гъуэмылэ здищтэркъым.

 * * *

 Лъэ зыпытыр Iуащхьэм докI,
 Щхьэ зыпытыр уафэм пхокI.

 * * *

 

 Зым адрейм худимычыхынум,
 Фыпымыхьэ нэчыхъ тхыным.

 * * *

 Акъылым нэхъ ущыхуэныкъуэр
 Къыщыбдэмыбзырщ уи щIылъэныкъуэр.

 * * *

 
 Лэжьыгъэм бгъэдэкIуэтыр 
 ЦIыхугъэми бгъэдокIуэтыр.
 * * *

 ЯгъэхьэщIэнур жьантIэм дашэ,
 Ягъэунэхунур утыку ирашэ.

 * * *

 Унэпсейуэ Iэнэр умыухъуэнщI,
 Сохьыр жыпIэу, фадэр умышэщI.

 * * *

 Зы мывэ зэдытес
 Зы фалъи йошхыкI.

 * * *

 ФIыуэ умыцIыху сэламкIэ умыкудэ,
 ПцIыхуа псоми гухэлъ хуумыIуатэ.

Поделиться:

Читать также: