ГъащIэ гупсысэхэр

Къелъэлъэхыжу зиIэм къыпхуищIар, ущимыIэми, щIы фIыцIэм къыщIэпхыу хуэпщIэжын хуей мэхъу.
Имыкъалэн зыщIэм Аллыхьыр къеплъри, имыкъалэнхэри къалэн щищIащ. 
КъыпхуащIэм уи щхьэр егъэлъахъшэ, ар егъэлеямэ. Уэ яхуэпщIэныр куэдкIэ нэхъ гуапэщ къыпхуащIэным нэхърэ. 
Iэпкълъэпкъым гугъуехьыр хуэшэчынущ, укъызэмылыр псэ гугъуехьращ.
ДжэдыкIипщIым щыгуфIыкIыну цIыхум бдзэжьей хугу килограмм хуихьат жи зыгуэрым.
ЦIыхум хуэпщIар щепхъуэныжа дакъикъэм псори кIуэдыжащ. Аращи, абы и щIыхуэ птелъыжкъым. 
Ущепсалъэм къомыпсэлъам, ущышхэм къыбдэмышхам, уи гур щыхузэIупхам езым ибзыщIын зыгъуэтам узэрыхущыт хъуар къыгурыIуэркъым… 
ЦIыху Iущ гуэрым зэрыжиIащи, зыри зэрыжумыIэмкIэ уи гум илъыр къызыгурымыIуам псалъэкIэ жепIэри зыхищIыкIынукъым. 
Зи мыIуэху зезыхуэ цIыхум и ныбжьыр хэкIуэтами, а ищIэр къызэремызэгъыжым хуэдэу зэрызищIри илъэс I8 хъум хуэдэущ. 
УзыфIэмылIыкI цIыхум пщIэи хуэпщIыфынукъым. 
Алыхьым ищIэр ищIэу ещIэ щыжысIэн щытыкIэ куэд сохуэ. 
Гузэрыдзэ псалъэм и мыхьэнэм сегупсысыху сысейр зэрылъэдащ. 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: