ЩIымахуэм къыхэIукI усэхэр

Гугъуэт Заремэ

          * * *

Зэхелъхьэ уэсым щIымахуэ псысэ,

Укъыхишэжурэ си гупсысэм.

Укъыхашэжурэ си гупсысэм,

 ГукъэкIыж щимэхэм загъэгусэ.

 

Сынипшэжынущ аргуэру хадэм,

Жыг щIыIэрысхэм уэ сахэбгъадэу.

Жыг щIыIэрысхэм сыхэтми ядэу,

Гукъеуэ щIыIэхэр къысхуаIуатэу…

 

Уэс налъэр IэгукIэ къызоубыдыр,

Мы си гум уи цIэр изоубыдэ.

Мы си гум уи цIэр изоубыдэ,

ЩIымахуэ джанэ хадэкум щызду.

 

Игъэхуэбэнут жыгхэр уэс джанэм,

Уэ си цIэр жыпIэурэ укъэджамэ.

Уэ си цIэр жыпIэурэ укъэджамэ,

Жыг хадэм си гур щымыкIуэдамэ.

* * *

Уи нитIыр, уэсыр, си тхьэлъэIур,

ГъащIитI зи ныбжь щIымахуэ гъуэгур.

Уигу щIыIэрысым зыдезгъэкIуу,

Уэс налъэ йоткIухьыж си Iэгум.

 

Мы жэщым уэсыр къыпыщэщу,

Къуажэ жейбащхъуэм йодэхащIэ.

Мы жэщым уи цIэр къиIущэщу,

Мазэр хъыринэ ирегъащIэ.

 

Уэс налъэ къэс къытощ уи нитIыр,

Уэс налъэ къэс егъэпщкIу зы щэху.

ЩIымахуэ шылэм и кум ситу

Уэс жылэ зыIэпызогъэху…

 

Уи нитIыр, уэсыр, си тхьэлъэIур

ЩIымахуэ вагъуэхэм яхъумэ.

Жэщыр щыупщIыIукIэ, соплъэ уэгум,

Уэс налъэ къэс щхьэц налъэ тхъууэ.

 

***

ЩIымахуэр ищтыхьри и пIэм,

Уэс налъэр хьэуам щыщ хъуат.

Иджыри уIутт бжэIупэм,

(Уи щхьэцым тхъугъэ хипхъат).

 

Къехуэхри щэщат сыхьэтыр,

Зэманыр Iурихыпат.

Хьэлъэу си напIэр сIэтри,

Уи нэIур къэслъыхъуэжат...

 

ЩIымахуэр щыбзэхт си пэшым,

ЩыIэжыр сыхьэт къутат.

БжэIупэм къыIутт нэгъуэщIи,

ЩIымахуэу имыщIэхат.

 

Уэс налъэ щыткIужт си Iупэм,

Си нэкIум къытещт зэлъа.

ЩIымахуэкIэ си гур ипIэу,

Уи напIэм сыщIэбгъэпщкIуат.

 

***

ЩIымахуэм къыхоIукI уи псалъэ,

ЩIымахуэм къыхоIукI уи макъ.

Уафэр упщIыIуху Iэпыху уэс налъэм,

ЩызэIуещэ лъагъуэ ди зэхуаку.

 

Къыхэнат щIымахуэм ди Iубахъэ,

Къытенат лъэкъуапIэ… е щэху гуэр.

Си щхьэм щIымахуэкур щокIэрахъуэ,

Дызэхуишэжынущи зэгуэр.

 

Зэгуэр уэсу уэри къыптесэнущ

Гухэлъ щIыIэрысым и щIэщэщ.

Сэ щIымахуэ пщIыпщIыр си гъусэнущ,

Сэ щIымахуэм уи цIэр изогъэщхь…

 

Мы уэс гъущэр IэгукIэ къыщIэгъалъэ,

КъыщIэгъалъи, жэщ хьэуам хэпхъэж.

ЩIымахуэкум уи тэмакъ щIэгъуалъхьэу

Бгъэвыжа гукъанэр сыту чэнжт!

 

Ди зэхуаку гъуэгуанэ мыл къыщочэ,

Жьым ди макъхэр зэпрехулыкI.

Сэ итIани щIымахуэку къызоджэ,

Уэ итIани уэсыр уигу пымыкI.

 

***

ЩIымахуэм зэрегъэшхыр и дзэр,

Илъэс блэкIахэр зэхелъхьэжри.

Си Iупэм щодиижыр уи цIэр,

Шыцуэсым хьэуам зыщеIэжьэ.

 

Дуней зеиншэм и фэр пыкIмэ,

Зэрыджэм плъыжьу къреIэж.

Иджыри уи цIэр сопIыр IукIэ,

КъэсщIауэ укъалъхун япэж.

 

ЩIымахуэ уэрамыр

Уэсым игъафIэрт къалэ уэрамыр,

Мазэ хъурейм тхуигъэтIыгъуэрт насып.

Зэджэр уэрауэ, зэджэр сэрауэ,

Жьым дыкъифыхьурэ уэсыр ищыпт.

 

Жэщым хэкIуасэрт щIымахуэ уэсыр,

Къалэм зэхилъхьэрт гухэлъ уэрэд.

ЛIыгъэу си пащхьэм щызэхуэпхьэсыр

Си нэм щIэкIуадэурэ, уэсым дыхэтт.

 

Къалэ уэрамым щIипщытыкI си гур

Мазэ гуфIакIэм къыщыхуэбэжт.

Уэсыр чэсейуэ исэрт уи Iэгум,

ЩIымахуэ дахэт, щIымахуэ пэжт.

 

Уафэм гухэлъыр щыунэзауэ,

Жэщым и щIыфэм уэскIэ къеIусэрт.

ЩIымахуэ шылэу дызэхуэзауэ,

Уэсыр ди гъусэт, уэсыр ди гъусэт!

***

Мы си гу щIыIэм ущысфIопIыщIэ,

Мы си гу щIыIэм ущыIурех.

Жэщ щIыхуу, уафэм нэкIэ сыIущIэм,

Вагъуэ дияхэр абы Iэпоху.

Жэщыр си нэгум щIызоубыдэ,

Сэ си нэбжьыцым сытхъу къыпощэщ.

Мы си гу щIыIэм и гъадэщIыдэм

Уэ укъыщожьэри, сэ сыщокIуэщI.

 

***

А щIымахуэм и макъ дыжьынычым

Гухэлъ щэхуу укъыхэщат.

Си гум налъэу укъыхэзбжыкIыурэ,

Сщыщу зыри къэмынэжат.

ЛъапцIэу уэсым сынырикIуэжмэ,

Уи Iубахъэ хьэуам щхьэщытщ.

ГъащIэр пцIыщи, уи нитIырщ пэжыр,

ЩIымахуэкури зэрыщытщ.

 

* * *

Уи Iубахъэр есшэкIат уэс налъэм,

ЩIымахуэкум жиIэрт таурыхъ хужь.

ГъащIэ псо ихьынут гухэлъ пIалъэм,

Къиувэжмэ жьыбгъэр ди лъэужь.

 

Си нэбжьыцым щыткIужат уэс налъэ,

НапIэм щIигъэпщкIуэжри гукъэкIыж.

Мы дунейр гукъанэм къигъэпсалъэу,

Уэсыр къыптещащэу уIукIыжт…

 

ЩIымахуэкум щхьэхьу сыздихьауэ,

Си псэр хужьу уэсым къыIукIэжт.

Уэ щIымахуэм ухэзэрыхьауэ,

Уэсу уи нэбжьыцым сыщыткIужт.

 

* * *

СыкъыIэпохур мы щIымахуэ жэщым,

Уигу щабэм сыкIэзызу сыхохуэж.

Жэщ щIыхум и бэуэкIэм сыпэлъэщкъым,

Нэху щымэ, зэхэсхынухэр мыпэж.

 

Нэху щымэ, сисыжынущи сэ пшэплъым,

Мы къалэм ипхъуэтэнури нэгъуэщIщ.

Аргуэру жэщым… жэщым сыщыхэплъэм,

Си нэгум щIэкIыжынущ илъэс щэщI.

 

ИтIани… вагъуэ пщтырхэр къыстелъалъэу,

Уи лъахэм жэщ къэсыхукIэ согъэзэж.

Мы си гум къыхэIэбэу налъэ-налъэу,

Схъумэнущ щэхуу жэщкIэрэ зы пэж.

 

* * *

Уи нитIым сыщIокIуадэри собзэх,

Усэпкъыу фIэкI, нэгъуэщIу сыщыIэжкъым.

ЩIымахуэ шылэм уи нэхэр псэхэх,

Жэнэтым лъапэпцIийуэ срашэжу?!

 

НэгъуэщIу сыпсэунути, сощхьэх,

Си джийм хьэуа Iубыгъуи схуемыгъэхыу.

Уи напIэр Iэти, уи гум сегъэхуэх,

Жэщ къэскIэ хуабэу сыщыIуребгъэхыу.

 

Уи напIэр Iэти, уи гум сегъэхуэх,

Гукъуэпсхэм саубыдрэ сахэкIэжу.

Сэ уи щымыкIэр, пщIэрэ, си фIэщ мэхъу,

Сэ уи щымыкIэм псэкIэ сыщопэжыр.

 

Уэ уи щымыкIэм сэри сыхохьэж,

Уигу пцIанэм си тхьэлъэIур есшэкIауэ.

Уи нитIым мы си гъащIэм сыщоплъыж,

Нэ кугъуэм си псэр IэфIу щыхэкIауэ.

 

* * *

Мы илъэс къэзбжыжым ешэкIат гухэлъ,

Псалъэ ныкъуэжыIэм си гур езудэкIт.

Мы щIымахуэ шылэм си гупсысэр хэлът,

Уэсым и къесыкIэм си гум укъигъэкIт.

 

Зэ укъыдэплъейри, сеIубат уи нитI,

Мы дуней кIэрахъуэм и кууупIэм ситт.

Зэман сIэпыщэщым сыт ищIэнуи хуитт,

Си гур сIэщIэкIауэ, къиIущэщт гъащIитI.

 

Сэ дзапэ уэрэду уи цIэр сукъуэдийрт,

Си екIуэлIэжыгъуэм уи нэ кугъуэм ситт.

Си екIуэлIэжыгъуэм мы сигу Iэлыр кIийрт,

Дуней имыцIыхур ищIу зэхуэдитI…

 

Сызэрыт бжэ лъэмбым семыбэкъуэжыф,

Илъэс сызыхэтым сыкъыхэмыкIыф.

Уи гум щысщIа лъагъуэм сыкъырикIуэжыху,

Сигу лъэмыж-хъыринэм нэпкъым средзых.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: