«Кавказым и Кубок-2022» зэпеуэм

Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэ Владикавказ щекIуэкIащ мас-рестлингымкIэ «Кавказым и Кубок-2022» зыфIаща зэпеуэр.

А зэхьэзэхуэм хэтащ Москва къалэм, Москва областым, Сахалин, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыщ спортсмени I00-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэ 12 зыхэта зэхьэзэхуэм я хьэлъагъ елъытауэ щытекIуахэщ ГъукIэ Самирэ, Валиев Рауль сымэ. Блий Амир, Афэсыж Ричард, Вэрокъуэ Къантемыр сымэ дыжьын, Ало Аделинэрэ КъуэщIысокъуэ Нинэрэ жэз медалхэр къахьащ.
НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ тренерхэу Хьэгъэжей Алим, Джэрыджэ Астемыр, Бэджыдэ Рустам.
 

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: