КъБР-м щыщхэр пашэщ

Минеральные Воды къалэм щекIуэкIащ щIыналъэхэм каратэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2008 - 20I8 гъэхэм къалъхуахэр. Зэпеуэм кърихьэлIат КИФЩI-м, Ростов щыщ клубипщIым я спортсмен 200-м нэблагъэ.
Зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Чемпион» клубым и гъэсэнхэм япэ увыпIэр яубыдащ. ЕтIуанэ хъуащ Минеральные Воды къалэм каратэмкIэ и академием, Попов Всеволод и цIэр зезыхьэм, и спортсменхэр. Ещанэ увыпIэр къахьащ КъБР-м и «Тэрч» клубым и ныбжьыщIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм къахьащ дыщэ медалу 9, дыжьыну 5, жэзу 5.
ТекIуэныгъэр къэзыхьа спортсменхэр я гъэсэнщ Гуэбэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт, Щомахуэ Владимир, Губиров Беслъэн сымэ.

Медаль 55-рэ къахьащ

Налшык щекIуэкIащ КИФЩI-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Дагъыстэным, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием къикIа, зи хьэлъагъыр килограмм 42-рэ хъу спортсмен 217-рэ.
Зэхьэзэхуэм КъБР-м и спортсменхэм щызыIэрагъэхьащ дыщэ медалу 24-рэ, дыжьыну 17, жэзу 14.
Финалым кIуахэм Iэмал ягъуэтащ Урысейм и чемпионатым 2023 гъэм хэтыну.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: