ЩIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ

Налшык дэт универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2008-20I0 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр. ЩIыналъэ зэхьэзэхуэр СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Лобжанидзе Владимир и фэеплъу къызэрагъэпэщат. А зэпеуэм хэтащ спортсмени I50-м нэблагъэ.
Я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэр яубыдащ Бекъул Тамерлан, Дзу Аслъэн, Уэртэн Расим, АфIэунэ Руслан, Уэлджыр Аслъэн, Тет Данил, Къудей Аслъэн, Чыл Алихъан, Емуз Тамерлан, Щадз Алихъан сымэ.
ЕтIуанэ хъуахэщ Кетенчиев Шамиль, ПхытIыкI Марат, ХъуэкIуэн Ильхам, Урчуков Къурмэн, Мэзокъуэ Азэмэт, Алэкъей Резиуан, Атэлыкъ Тамерлан, Хъуран Астемыр, Мусоялян Артем, Бекаров Iэюб сымэ.
Жинжаков Мухьэмэд, Тыгъуэн Тамерлан, Шорэ Мухьэдин, Щхьэгъэпсэу Идар, Бэрбэч Тамерлан, ГъущIакъуэ Казбек, Кумыщ Тамерлан, Хъубий Къантемыр, Хутуев Алидар, Дзагоев Марат, ЩауэцIыкIу Залым, Лыджыдэ Имран, Магомедов Камиль, Щомахуэ Сэлим, Атабаев Къасболэт, Вындыгъу Ислъам сымэ ещанэ увыпIэр ялъысащ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ кубокхэмкIэ, медалхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэткIэ ягъэпэжащ.

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: