Жьыубгъу (Джубгэ)![]() Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэр. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Джубгэ (Жьыубгъу) зыфIащари. ФIэщыгъэр къызытехъукIам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Адыгэ Республикэм щыпсэуа бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Мерэтыкъуэ Къасым и тхылъ купщIафIэу «Адыгейский топонимический словарь» зыфIищам къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, «жьыубгъу» псалъэм къикIыр езым къеIуэтэж: «жьым зыщиубгъу щIыпIэ» жыхуиIэщ. Лъахэхутэ гъуэзэджэ Ковешников Владимир «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъым зэритымкIэ, щIыпIэцIэр къытехъукIагъэнущ «губгъу» - «губгъуэ» псалъэми. Сыту жыпIэмэ, Джубгэ псы цIыкIур тенджызым щыхэхуэжым деж къыщыунэху ныджэр, губгъуафэ етплъыну, къызэрымыкIуэу бгъуфIэщ, абы къыхэкIыуи, хым къыхиху жьым хуиту зыщиубгъущ. Аращи, «жьы-губгъуэ»… Гу лъытапхъэщ, фIэщыгъэр «пшагъуэм зыщригуашэ» жыIэгъуэм хуэзыгъакIуэхэри зэрыщыIэм. Iэгъуэблагъэм пэмыжыжьэу щыс шапсыгъ къуажэхэм дэс нэхъыжьыфIхэм къызэраIуэтэжым тетщIыхьмэ, щIыпIэцIэм и лъабжьэр хуэбгъэкIуэфынущ «жьэгъуп» - «жьэгъум и пэ» псалъэ зэхэтми. Едвгъэгъапщэт Къэрэшей-Шэрджэсым дызыщрихьэлIэ щIыпIэу «Усть Жэгуэтэ» зыфIащам. Къыхэгъэщыпхъэщ, бзэщIэныгъэлI, профессор Лопатинский Лев лIэщIыгъуэ блэкIам икухэм мы щIыпIэцIэм и гугъу щищIым, «жьэгъуп» - «жегуп» псалъэхэр къигъэсэбэпу зэрыщытари. Мыдрейуэ дымыгъэщIэгъуэн тлъэкIыркъым фIэщыгъэр урысыбзэм хуэзышэну зыфIэкъабылхэри зэрыщыIэр, къикIыр «жэщ тхьэIухуд» е «дахагъэм и тIуащIэ» мыхьэнэхэм хуагъакIуэу. Апхуэдэ егупсысыкIэр къызыхахари нобэрей гъащIэрщ: жэщым кхъуафэкIэ хым утесу, зи гугъу тщIы ныджэм укъыщыхуэплъэкIэ, нэм къыIуидзэ теплъэм хуабжьу узэрызыIэпишэрщ, узэритхьэкъурщ. АрщхьэкIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм лъабжьэ гуэри имыIэу къалъытэ тхыдэджхэм я нэхъыбапIэм. Ар нэрылъагъущ адыгэхэм ди псэукIэу щытамрэ ди бзэм щыщу, зы мащIэ нэхъ мыхъуми, зыгуэр хэзыщIыкIхэм я дежкIи. ЗыгъэпсэхуакIуэхэм куэд щIауэ къагъэунэхуа Джубгэ къуажэ цIыкIур а цIэ дыдэр зезыхьэ псыр хы ФIыцIэм щыхэхуэжым деж Iусщ, ТIуапсы къалэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 70-кIэ пэжыжьэу. Джубгэ цIэр зезыхьэ псым километр 27-рэ и кIыхьагъщ, и Iуфэхэм мывэ джей абрагъуэхэмкIэ щызэтрагъэувауэ щыта испы унэжьхэр щыкуэдщ. Абыхэм ящыщ зыр Кавказым щынэхъ ин дыдэхэм хабжэ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 14:00 →
Iуэху цIыкIуфэкIукъым
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
16.03.2026 - 15:02 →
Псыежэххэр
14.03.2026 - 15:13 →
Ерокъуэ къуажэм и Iэхэлъахэм
| ||





