Мырзэкъаным Джейкоби Дастин зэрыIущIэнум зыхуегъэхьэзыр

ММА
Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Мамхэгъ Хьэчим зыгъэсэныгъэ дригъэкIуэкIащ ММА-м и зэуакIуэ, дуней псом и абсолютнэ чемпион Мырзэкъан Азэмэт.
Дунейм а зэуэкIэ лэужьыгъуэмкIэ щынэхъ лъэрызехьэу ябжхэм я деж I5-нэ увыпIэр щызыIыгъ Мырзэкъаныр Мамхэгъым и гъэсэнщ. UFC-м и лигэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу а зы щIалэрщ хэтыр. Ар зэкIэ къыхагъэнакъым - I2:0-м и рекордыр иIыгъщ.
КъыкIэлъыкIуэ зауэр Мырзэкъаным иригъэкIуэкIынущ мэлыжьыхьым и I5-м. А махуэм абы и хьэрхуэрэгъуу щытынущ США-м щыщ Джейкоби Дастин.
Мамхэгъымрэ Мырзэкъанымрэ я зэхуэзэм щызэпкърахащ Дастин сыт нэхъыфIу къехъулIэми, сыт хуэдэ тIасхъапIэхэр иIэми. Ахэр Азэмэт къызэрыхуэсэбэпынум шэч хэлъкъым.
«Дэ дыщогугъ а зэпэщIэувэныгъэр Мырзэкъан Азэмэт и текIуэныгъэкIэ иухыну, ди щIалэм хэлъ псынщIагъымрэ техникэмрэ а зэIущIэм къыщыхуэщхьэпэну», - къыхигъэщащ Мамхэгъ Хьэчим.

Тхэквондо
ЕхъулIэныгъэ къыщагъэлъагъуэ

ЩIышылэм и 31-м къыщыщIэдзауэ мазаем и 2 пщIондэ Ростов къалэм щекIуэкIащ гъэ къэс къызэрагъэпэщ, «Тэн и Кубокыр» тхэквондомкIэ къэхьыным хуэгъэза урысейпсо олимп зэхьэзэхуэр.
Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнащ ди къэралым и щIыналъэ 33-м икIа хъыджэбзу, щIалэу 1000-м нэблагъэ. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ди щIалэхэри хэтащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам а зэхьэзэхуэм къыщихьащ медаль 12.
Япэ увыпIэр къахьащ Бекъул Миланэ (кг 46-рэ), Гусейнов Къамбулэт (кг 41-рэ), Гусейнов Дамир (кг 48-рэ), Бицу Къантемыр (кг 5-рэ I), Къэзанш Къасболэт (кг 57-рэ) сымэ.
Дыжьынхэр къахьащ Созаев Артуррэ (кг 45-рэ) Щокъуий Ислъамрэ (кг 68-рэ).
Домбеякъхэр зыIэрагъэхьащ ПщыхьэщIэ Эстеллэ (кг 4I-рэ), Иуан Дианэ (кг 42-рэ), Къумахуэ Рианнэ (кг 44-рэ), Багъэтыр Алим (кг 54-рэ), Ахъмэт Борис (кг 87-рэ) сымэ.
А зэхьэзэхуэм хэту ирагъэкIуэкIащ «Тэн и сабийхэр» фIэщыгъэм щIэт фестивалыр. Абы КъБР-м щыщ ныбжьыщIэхэм медалитху къыщахьащ.
НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ тренерхэу Ахъмэт Амир, Унэжокъуэхэ Абдельджабар, Къантемыр, Бозий Муслъим сымэ.

Дзюдо
Медалих къыщахьащ

Мазаем и 5-м Кисловодск къалэм щекIуэкIащ «Кубок КМВ»-р дзюдомкIэ къэхьыным хуэгъэза щIыналъэ зэхьэзэхуэ.
Абы хэтащ 2012 - 2013 и 2014 - 2015 гъэхэм къалъхуахэр.
А зэIущIэм КъБР-м и гъэсэнхэр къыхэжаныкIащ - медалих къыщахьащ.
Дыщэ медалхэр хуагъэфэщащ Бэджыдэ Джалилрэ Бечелов Алихъанрэ.
Домбеякъхэр зыIэрагъэхьащ Бжьахъуэ Искандер, Атабиев Шамил, Ксанаев Муслим, Мулаев Алий сымэ.
НыбжьыщIэхэр я гъэсэнщ Тау Азэмэтрэ ГъуэплъащIэ Астемыррэ.

Мини-футбол

«Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ мини-футболымкIэ республикэпсо сабий зэхьэзэхуэ. Урысейпсо проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща а зэпеуэм хэтащ муниципальнэ еджапIэхэм я зэхьэзэхуэхэм щытекIуа еджакIуэ цIыкIухэр.
Зэхьэзэхуэм хэтахэр, я ныбжь елъытауэ, гупиплIу гуэшауэ щытащ.
ЩIалэхэм ящыщу текIуахэр:
2011 - 2012 гъэхэм къалъхуахэм я деж – Къэщкъэтау къуажэм дэт курыт еджапIэр;
2009 - 2010 гъэхэм къалъхуахэм я деж – Налшык дэт курыт еджапIэ №33-р;
2007 - 2008 гъэхэм къалъхуахэм я деж – Налшык дэт курыт еджапIэ №5-р;
2005 - 2006 гъэхэм къалъхуахэм я деж – Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт еджапIэ №3-р.
Хъыджэбзхэм ящыщу:
2007 - 2008 гъэхэм къалъхуахэм я деж – Налшык дэт курыт еджапIэ №33-р;
2011 - 2012 гъэхэм къалъхуахэм я деж – Прохладнэ дэт курыт еджапIэ №4-р;
Республикэпсо зэпеуэм щытекIуа гупхэр щIыналъэхэм я зэпеуэу Ставрополь къалэм щекIуэкIынум хэтынущ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: