ГъащIэм и дамыгъэ ятелъщ

Поэмэ тхыным зрипщытын ипэкIэ Къагъырмэсыр зыкъомрэ жыджэру икIи хъарзынэу щылэжьащ ди лъэпкъ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ сабийхэми балигъхэми яхуэгъэза усэхэр, рассказхэр, басняхэр, жыIэгъуэхэр, гушыIэхэр, балладэхэр, сонетхэр, нэгъуэщI тхыгъэ лIэужьыгъуэхэри.

Дэтхэнэ зы усакIуэ нэсми хуэдэу, Къагъырмэс Бориси къелъытэ дунейм щекIуэкIхэм къанэ щымыIэу езым и Iуэху хэлъу. Дунейм и дэтхэнэ  щIыпIэми къыщыхъу гуауэр абы и гум джэрпэджэжу къыподжэж, гуфIэгъуэ хъыбар зэхихами, ар абы и псэ къабзэм щоушэ, и гур егъэпIейтей. А гурыщIэ зэхуэмыдэхэр цIыхубэм я деж нихьэсынырщ, абыхэми ар зыхегъэщIэнырщ усакIуэм и акъылыр зытеухуар, и къалэмыр шэрыуэу зыхуигъабзэр.

УсакIуэ псэ хьэлэлым и гур хуэпцIанэщ сабиигъуэ хьэлъэр зи нэгу щIэкIа и ныбжьэгъум, гупым къыкIэрыхуа къру лъэрымыхьым, гуузу яукIа хьэ хейм, дунейм къытемыхьэ щIыкIэ шэ зытехуа сабийм, ди нэхъыжьыфIхэм я фэеплъу къытхуагъэна губгъуэ хуитым, къурш щхьэ хужь лъагэхэм, мэзылъэ Iувхэм, ди къуршыпс уэрхэм. Къагъырмэсыр и адэ щIыналъэм хуэгумащIэщ, ар и псэм пищIу фIыуэ елъагъу, и пшыналъэри абы шэрыуэу хуегъабзэ. УсакIуэр лъэ быдэкIэ тетщ къыщалъхуа щIыналъэм, цIыхубэм яхэтщ, я гуфIэгъуэр ядигуэшрэ я гуауэр ядигъэву. Абы и усыгъэм къару къезытыр, ди нобэрей зэманырщ. УсакIуэм и лирическэ лIыхъужьхэр ди лъэхъэнэгъухэрщ. Къагъырмэсым и поэмэхэм яхэткъым нобэрей  цIыхухэм я гугъу щимыщI, ди гъащIэм и дамыгъэ зытемылъ. Езым ещхьу, усакIуэм и лирическэ лIыхъужьхэм я щIыналъэр фIыуэ ялъагъу, абы хуэпэжщ, я IуэхущIафэр хэкур зэрагъэдэхэным теухуащ. Апхуэдэ цIыху щыпкъэхэщ «Гъавэ», «Гуапагъэ», «Къалэн», «Къуэмыхьэж нур», «Мазэ фIыцIэ», «Гуауэмрэ губжьымрэ» поэмэхэм, нэгъуэщIхэми усакIуэм хэгъэрей дызыщыхуищI цIыху гуащIафIэхэр.

«Гъавэ» поэмэр зытеухуар абы и псалъащхьэм егъэбелджылы. ЦIыху гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ ар зытепсэлъыхьыр. Поэмэм  къыщыгъэлъэгъуащ гъавэ  бэвым цIыхухэм я зэIузэпэщ псэукIэр зэрыригъэфIакIуэр, ар къэлэжьыным текIуадэ къарур, абы хуэщIын хуей пщIэр. УсакIуэм поэмэр мыпхуэдэ псалъэ гуапэхэмкIэ щIегъэбыдэж: «Сэ сыхуейщ сыт щыгъуи гъавэм и пщIэр лъагэу щызгъэтын, ИIэхункIэ цIыхум гъащIэ, Ар и Iэнэм щигъуэтын». АбыкIэ арэзы умыхъункIэ Iэмал иIэкъым, ар гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ар псоми зыхащIэу щытыпхъэщ.

«Гуапагъэ» поэмэм къытхуеIуэтэж Хэку зауэшхуэ нэужьым Мэзхэс къуажэм щыIа псэукIэр, абы дэлъа хабзэ-нэмысыр, цIыхугъэ лъагэр, зэныбжьэгъугъэр. Поэмэм и кIыхьагъкIэ кIуэцIрокI дэтхэнэ зы цIыхуми зэрыхузэфIэкIкIэ IуэхуфI илэжьын зэрыхуейр, цIыхугъэмрэ гуапагъэмрэ я къарур зэрыиныр. Абы щыхьэт тохъуэ «Инщ гуапагъэм и зэфIэкIыр, Мэхъур щIэгъэкъуэн. ЦIыхум хуищIэм цIыхум лъэкIыр – Сытыр нэхъ пщхьэпэн» е «Щызгъуэтащ фи деж гуапагъэ, ПщIэ, цIыхугъэ ин...» жыхуиIэ сатырхэр.

«Къуэмыхьэж нур» поэмэр теухуащ лъэпкъым и гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм, цIыхухэм я псэукIэми, я дуней тетыкIэми, я зэхэщIыкIми зэрызихъуэжым, зэрызиужьым. Поэмэм дэгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ щIэмрэ жьымрэ зэрызэныкъуэкъур, щIэр жьым зэрытекIуэр. Тхыгъэм наIуэ тщещI нэхъыжьхэм ирахьэжьа Iуэху щхьэпэр нэхъыщIэхэм адэкIэ зэрагъэкIуэтэнур, зэрахъумэнур. А гурыщIэ къабзэр къэгъэлъэгъуа хъуащ Лалэ, Мыхъутар сымэ я гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ, я дуней тетыкIэхэмкIэ.

Поэмэм и гупсысэ нэхъыщхьэр - ар дэтхэнэ зы цIыхуми хузэфIэкIыр и лъэпкъым хуилэжьу зэрыпсэупхъэрщ, цIыхугъэ лъагэмрэ захуагъэмрэ дунейм щытепщэ щIын зэрыхуейрщ.

Хьэлэмэтщ икIи хуабжьу гурыхьщ «Къалэн» поэмэм и ухуэкIэр. Ар ещхьщ усакIуэр жьэгу пащхьэм дэсу хъыбар гъэщIэгъуэн къиIуэтэжым. Поэмэм и сюжетыр езы гъащIэрщ, махуэ къэс цIыхур зрихьэлIэ Iуэхугъуэхэр гъэщIэрэщIауэ къигъэлъэгъуэжу аращ. Тхыгъэм IэкIуэлъакIуэу щызэпкърыхащ цIыху гъащIэм дызыщрихьэлIэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр.

КЪУЭШЫ Аслъэн.

Поделиться: