ЦIыхугъэ

Теплъэгъуэ

Вакъэ щащэ тыкуэным и бжэIупэм илъэсипщI ныбжьым ит щIалэ цIыкIур Iутщ, абы и гъэлъэгъуапIэм тет вакъэ щIэрыпсхэр зэпеплъыхьри. А тхьэмыщкIэ цIыкIур и нэр тедияуэ вакъэ хуабэхэм йоплъ, зэрехъуапсэри нэрылъагъущ. Абы, хуэбгъэфащэ зэрыхъунымкIэ, заулкIэ кIэлъыплъауэ къыщIэкIынти, зы бзылъхугъэ зэщыхуэпыкIа бгъэдыхьэри еупщIащ:

- Си щIалэ цIыкIу, сыт апхуэдизу узэплъыр, ухэзыгъаплъэри сыт?

- Вакъэ щIэрыпсхэм соплъ, сэ зэи вакъэщIэ сиIакъым. Соплъри, Тхьэм солъэIу апхуэдэ къызитыну.

Бзылъхугъэм щIалэ цIыкIум и Iэр иубыдри, тыкуэным щIишащ. Тыкуэнтесым жриIэри, лъэпэд зыбжанэ къригъэхьащ. ИтIанэ, псы хуабэ зэрыт тасрэ лъакъуэлъэщI щабэрэ къыхуахьыну лъэIуащ. Тыкуэнытесым илъагъур игъэщIагъуэми, зыри жимыIэу къыхуихьащ. Бзылъхугъэм тыкуэным и къуэгъэнапIэхэм язым щIалэ цIыкIур къуишэщ, и лъакъуэхэр хуитхьэщIщ, хуилъэщIыжри, лъэпэд хуабэ лъитIэгъащ. Тыкуэным нэхъ хуабэ дыдэу щащэ вакъэхэм щыщу мо цIыкIум хуэхъунур къыхухихри, къыхуищэхуащ. Адрей лъэпэдхэр зэкIуэцIилъхьэри сабийм хуишиящ.

Бзылъхугъэм нэщхъыфIэ къэхъужа сабийм Iэ дилъэри:

- Шэч хэмылъу, иджы уи гукъыдэжыр нэхъыфIщ, - жиIэри арэзыуэ IукIыжыну и щIыбагъ къыщигъазэм, сабийр абы и Iэщхьэм темыгушхуащэурэ къеIэщ, нэпс зыщIэз нэ пIащэ цIыкIуитIымкIэ къеплъри, къеупщIащ:

- Уэ Тхьэм урищхьэгъусэу ара?

Интернетым къитхащ. ЗэзыдзэкIар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: