Сэ сынырокIуэжыр уэшх лъэужьым, Уафэм зэпырыздзу лэгъупыкъу.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ

***

Уи псэм сытехутэ псалъэ гугъэфIэжкIэ,

ГъащIэм ику сыносри… сыкъоувыIэж.

Си гум щхьэлмывэжьурэ мы дунейр щихьэжкIэ,

КъыхищыпыкIыжыр уэ къызэпта пэжщ.

Жэщ мыжейр къощIытэ, пщIыхь емыдэIуэжу,

Нытызогъэзэжри, укъызолъыхъуэж.

Жэщыр мэукIытэ, пщIыхьым тхьэ хуиIуэжурэ,

ГъащIэм ику сыносри… Къэхъуа псор мыпэж.

Уи псэм сытехутэ, гъуэгу сытемыхуэжми,

Мы сигу уэгурытыр уигу къыщегъэуэж.

Вагъуэ-щIыIу къищэщхэр уафэм изыдэжу

Си жэщ пыхьэ-пыкIыр къэгъэувыIэж.

3.06.2020.

Уэшх лъэужь

Сэ сынырокIуэжыр уэшх лъэужьым,

Уафэм зэпырыздзу лэгъупыкъу.

ЩIылъэр гъэмахуэпэм къыщоушыр,

Удзыр щыуфафэу и гущIыIу.

Сэ сыныIуотIысхьэ гъэмахуэпэм,

Къыпхуизгъахъуэу псынэпс щIыIэмыл.

Къытеуви къаплъэ гухэлъ бжьэпэм,

Псынэпс щIыфэр дыгъэм егъэкIыл.

Уэ си гъэмахуэпэм упэжыжьэщ,

Пхуэзубгъуами удз гъэгъа щыкI гъуэгу.

Уэ укъытоувэ уэшх лъэужьми,

Лэгъупыкъур къыболъхьэж си Iэгу.

5.06.2020.

***

Чыщбалъкъ къыдоIукIыж си сабиигъуэр,

Бгы нэпкъым къыщычэжу дыхьэшх макъ.

Бзий пщтырым ириджэгут гъэмахуэ дыгъэр,

Псыр щыпIейтейт IуфитIым я зэхуаку.

 

Зэдэжэу дыдэкIуейрти бгым и щыгум,

Ди IэплIэ идгъэхутэрт къуажэ псор.

Щынэхурт Къармэхьэблэ махуэм и кум,

Гъэмахуэм щыгуфIыкIырт, джэгурт, псэут.

 

Аргуэру IузощIэж ди зыгъэпскIыпIэр,

Псыпыхухэр си Iэпкълъэпкъым къоIусэж.

Бгым ущхьэдэхмэ, зыщеубгъури хъупIэм,

Iэщ хъушэри аргуэру къоуэсэж.

 

Бгы лъапэм щыбэгъуауэ щIымэракIуэр,

Тхьэмпабгъуэм къыщIагъэплъырт я нэ плъыжь.

Бгы нэпкъ дыщырихьэлIэмэ бжэн лъакъуэ,

Диувэрти дрикIуэрт и лъэужь.

 

Жьы мащIэр хьэуа хуабэм зэм ирижэрт,

Абы телъэтыкIыжт хьэндрабгъуэ хужь.

Гъэмахуэм и уэрэдыр бзум къыджиIэрт,

Бзум и бзэм сабий макъкIэ зыпытщIыжт.

10.06.2020.

* * *

Сэ щIылъэм къуэпс пщыкIутIкIэ сыхокIэж,

Сыджалэурэ, щIыгулъым сесэжауэ.

Си псалъэхэр си пащхьэм къыщочэж,

Си макъым зырызыххэу епцIыжауэ.

Уи гъуэгум дуней гуэрым сыщоплъыж,

Куэд щIауэ нэщIрэ, пэжым щыужауэ.

Сэ тыншу уи IэмыщIэм сощэщыж,

Уи деж къутахуэ защIэ сыщыхъуауэ.

Сощэщри, щIылъэм хуиту сытохуэж,

Аргуэру гъащIэ гуэр къыщысIущэщу.

Сэ щIылъэм къуэпс пщыкIутIкIэ сыхокIэж,

Иджы укъызогъанэри IэнэщIу.

7.06.2020.

Сурэт

Зэгуэр къэзгъуэтыжауэ уи сурэтыр,

Сигу мафIэм жэщ къэсыху пэрызодзэж.

ЩIэщыгъуэ къызжимыIэ блын сыхьэтым,

Къылъысыр екIу, аргуэру къыщIедзэж.

 

Жьы мащIэр си щхьэцыгъуэм къопэщэщыр,

Жэщ ныкъуэм ныпхуихьыну си хъыбар.

Илъэсу пызбжыкIар си Iэгу йощэщыр,

Къеуэжу си гум жыдмыIауэ хъуар.

 

Жэщ куэщIым хьэуа щIыIэ сыщоIубыр,

Вагъуэбэм си гупсысэр изогъэщI.

ЩIалэгъуэр ежьэжауэ сехь зыщIыпIэ,

Гухэлъыр щыпсэуауэ зы пэш нэщI.

1.08.2020.

ПцIыщ

ПцIыщ. ГъащIэ ныкъуэр пцIыщ.

Къыщежьар мо си гъуэгур сщIэжкъым.

Сыпсэуауи сылIэнуи щIы,

КIэкхъур щIэпчри – сыщыIэжкъым.

СыщыIэжкъым уи дежи, щIы гъуни,

Укъызэплъурэ, сохъу нэкъыфIэщI.

Си кIэ гуэрым къихуа щIыIу нэгъунэ

ЗэщIэскъуэжу сыпIэщIощэщ.

Уэ уосэж, уэ уосэж нэкъыфIэщIым,

Махуэ къэскIэ хущIэпчу зы кIэкхъу.

Пщэдджыжь къэс ухохуэж махуэ нэщIым,

Зэхэпх хуэдэурэ си псалъэмакъ.

6.08.2020.

***

Щыуагъэ щащIэр хокIэзызэ жэщым,

КъызиудэкIыу бжезмыIауэ хъуар.

Щхьэхынэу жеIэ си цIэри нэгъуэщIым,

КъыхигъэщтыкIыу сигу бэлэрыгъар.

Сэ сыкъытонэ гъуэгуу сызытехьэм,

Си ныкъуэжыIэу псалъэхэм сопхъуэж.

Мы гъэмахуэкIэм бжьыхьэ къыщысщохьэ,

Мы гъэмахуэкIэм сэ езыр сехъуэж.

Къыхэсчыжыну си гум уи цIэр, соIэ,

Илъэсу кIуам тхьэ нэпцI ятызоIуэж.

ИтIани си гур нысIэщIокIри нокIуэ,

Илъэсу зэздзэкIахэм сахохуэж.

Гухэлъым гукъанэщIу соупщIыжыр,

ХэсIыгъэу уи цIэр IукIэ пщэдджыжь пшэплъ.

ГукъэкIыж гъэрхэр сигу изопIыкIыжыр,

Си гъащIэр къытенауэ гъуэгущхьибл.

13.08.2020.

* * *

Си гупсысэр щыкIэзызт уи пащхьэм,

Уащхъуэм вагъуэ щIыIэхэр икъузт.

Жэщыр дамэм щIэзыгъапщкIуэ бгъащхъуэм

И абджынэм си гукъеуэр изт.

 

Жэщыр кIэншэт, жэщыр щIыIэмылт,

ЩIылъэм гъуэгущхьиблыр щызэхэкIырт.

Бгъащхъуэм и нэ щIыIэхэр мыджылт,

Си псэм и удыгъэр щришэкIым.

 

Налъэ-налъэу сыхэщэщт дунейм,

Сысей яхэмытт мо гъуэгущхьиблым.

Сэ абджынэм сиплъэм, сыгужьейрт,

 Си гум щIыIэ-щIыIэут узэрилъыр.

6.08.2022.

* * *

Зы гупсысэ гуэрым жэщ къэсыху солIыкIри,

Зы гупсысэ гуэрым щIэуэ сыкъелъхуж.

Гухэлъ нэкъыфIэщIым сыкъыхокIиикIри,

Нэпсу ущыслъэщIкIэ, сэ соупщIыIуж.

 

Жэщым ишэчахэр пшэплъу къызэщIонэ,

Си гухэлъыр къонэ дунейм и адрыщI.

КъызыщIэспхъуэтыжри ди пщыхьэщхьэ къомыр…

Ныбжьи къэдгъэнакъым, мазэ плъыр нэмыщI.

 

Къуажэр жейм хыхьэхукIэ, къокIуэр зы гупсысэ,

Зы гупсысэ лIапIэ, зы гупсысэ щхъухь…

Мы сигу щIыIэмылым иджы уемыIусэ,

Уи нэм щыдияуэ, жьыбгъэм къыщекIухь.

 

Жьыбгъэм сыкъыхокIыр, жьыбгъэм сыкъелъхуж,

КъэзмыцIыхуж нэщхъыр лъэщу къызоIунщI.

Нэщхъым зыщехъуэжри, си гур мэхъу иныжь,

МафIэ къыщIэнауэ, есыр илъэсипщI.

7.09.2022.

* * *

Сигу уфIыцIым къыщIегъалъэ бжьыхьэ,

УхищIыхьу уафэ блын къэчам.

Си гум зэшэзэпIэу уизукIыхьри,

ЗгъэсыжакIэщ къуэпсу хэгъукIар.

 

Гухэлъ чэнжым сыщыхитхьэлыхьым,

Щхъухь схуэхъуати Iубыгъуэ утхъуар,

Мы дунейуэ сызищхьэузыхьым

Хуэгъэвакъым си гукъеуэу хъуар.

 

Сэри пхуэзгъэгъуакъым бжьыхьэ псэншэр,

Къуаргъ нэпсейхэм ебгъэуIужар.

ЩIыIэм систи, щэхуу си Iэм сепщэрт,

Ауэ си гур пщыкIри диижат.

31.10.2022.

* * *

Си гур щIопхъуэри, хохьэжыр гъадэщIыдэм,

Гухэлъ щIыIэрысым егупсысу.

Уафэм еIубыну зрепщытыр,

Вагъуэхэм зырызурэ еIусэу.

 

Вагъуэ щокIэзыз псэзэпылъыпIэм,

Си гур хъуаскIэ щIыIэхэм щоуз.

Си гукъеуэр иувауэ лIыпIэ,

Уи цIэмкIэ ещIыжыр псалъэм из.

 

ЩIыр хъурейкъым. ЩIыр ди зэхуэдитIу

Псалъэ Iуфэм щызэпытхукIащ.

СыщIэкIуэдэжынути уи нитIым,

Уигу зэшам сыщыхури, сиукIащ.

23.II.2022.

* * *

Сигу уэлбанэм езудэкIыж пэжым

Щхьэж и гукъэкIыж къыкIэлъедзыж.

Ущизубыдар мы си гум сщIэжкъым,

СщIэжыр уафэрщ, сщIэжыр тхьэмпэ плъыжьщ.

 

Сэ сылъапцIэт, дунейр уэшх нэужьт,

Схьыжырт си гур зыуIа жыг хадэм.

Тхьэмпэр жьым ипхъуатэрти, гъущыжт,

Хъужырт гъадэщIыдэ сигу сымаджэр…

 

ЩIыр зэгуохур, тхьэмпэр ещэщэхыу,

 Щхьэхьу сокIуэ щIым и гъунэм нэс.

Нэпкъи къэзгъуэтауэ сыщехуэхым,

Мэхыу къыскIэлъосыр зы илъэс.

 

Сыкъытоувэжыр илъэс кIапэм,

Лъапэм къыкIэрихыу ажалымэ.

Бжьыхьэ гукъэкIыжхэм я IэпапIэу,

НапIэм щIызогъапщкIуэ тхьэмпэу схъумэр.

 

Сигу уэлбанэм къыхэсчыжкъым банэ,

Бланэу къотэджыкIыр гукъэкIыж.

КъокIэрэхъуэкIыж гухэлъ архъуанэр,

КъызыкIэридзыжу тхьэмпэ плъыжь.

10.12.2022.

Поделиться:

Читать также: