Гулъытэ зыхуэщIыпхъэ

Мэлыжьыхьым и 7-р Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ

1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэлъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр я узыншагъэм гулъытэшхуэ хуащIын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.

Махуэшхуэм и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ООН-м къудамэ щхьэхуэу къызэригъэпэща Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (ВОЗ) лэжьэн зэрыщIидзам. Абы и къалэн нэхъыщхьэр узыншагъэр хъумэн и лъэныкъуэкIэ цIыхухэр зыIууэ гугъуехьхэр зэфIэхынырщ. Зэгухьэныгъэм хэтщ къэрали 194-рэ. ВОЗ-м и IуэхущIапIэхэр къэрали 150-м щыIэщ, абыхэм яхэтщ Урысейри.

Мы гъэм мэлыжьыхьым и 7-м зэгъусэу ягъэлъапIэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэмрэ ВОЗ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 75-рэ зэрырикъумрэ.

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ а махуэр цIыхухэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэшхуэхэм траухуэ хабзэщ икIи къыхуеджэныгъэ щхьэхуэхэм щIэту йокIуэкI. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Лъы зытхэр сымаджэ куэдым ядоIэпыкъу», «Жыджэрагъыр гъащIэ кIыхьым и лъабжьэщ», «ЩIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мыщхьэпэхэм узыншагъэр щыхъумэн», «Лъыдэуейм узэрыпэщIэтынур», «Гъудэ-бадзэ лIэужьыгъуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэр», «Ерыскъыпхъэхэм я шынагъуэншагъэр», «Фошыгъу узым дытекIуэнущ!», «Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм щыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм цIыху псори къызэщIегъэубыдэн», нэгъуэщIхэри. Нэгъабэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр «Ди планетэ, ди узыншагъэ» къыхуеджэныгъэм щIэту екIуэкIащ. Дунейм щыщыIэ экологие щытыкIэ гугъумрэ пандемиемрэ къыхэкIащ лышх, астмэ, гу-лъынтхуэ узыфэхэр зиIэ сымаджэхэр нэхъыбэ зэрыхъур. Абы къыхэкIыу ВОЗ-м къыхилъхьауэ щытащ цIыхум и узыншагъэмрэ планетэмрэ хъумэным хуэунэтIауэ хэкIыпIэхэр къэлъыхъуэным икIи а Iуэхур адэкIэ егъэфIэкIуэным телажьэ зэгухьэныгъэ икIэщIыпIэкIэ къызэгъэпэщын хуейуэ. Мы илъэсыр «Узыншагъэр псом щхьэкIи» къыхуеджэныгъэм щIэту ирагъэкIуэкI.

ЦIыхум и узыншагъэр зыхуэдэнур, псом япэрауэ, зэлъытыжар езыращ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдым абы хуэфащэ гулъытэ хуащIыркъым. Я узыншагъэм зэран хуэхъу хьэлхэм зыщадзеиным дохутырхэм сыт хуэдизрэ къыхурамыджэми, абыхэм я чэнджэщхэм тетыр мащIэщ, зыкъыщащIэжыр узым къыхигъэщIа нэужьщ. Узыншагъэ быдэр ар гъащIэ насыпыфIэм, зэIузэпэщым и лъабжьэщ. Я къару илъу, нэхъыбэрэ псэун папщIэ ВОЗ-м цIыхухэр къыхуреджэ хьэуа къабзэм хэту нэхъыбэрэ къакIухьыну; щыс зэпыту лажьэхэм тхьэмахуэм тIэу-щэ къару зыхалъхьэ лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэну; тэмэму шхэну - дагъэ зыщIэлъ ерыскъыхэр, фошыгъур, шыгъур ягъэмэщIэну, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ нэхъыбэ ящIыну; Iэпкълъэпкъым тэмэму зигъэпсэхун папщIэ сыхьэти 7 - 8-кIэ жеину; тутынымрэ фадэмрэ пэIэщIэ защIыну.

Къэралым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ сабий узыншэ къэгъэхъунымрэ и цIыхухэм къагъащIэ илъэс бжыгъэм хэгъэхъуэнымрэ. Нобэ а Iуэхум гулъытэшхуэ хуащI, абы и щыхьэтщ «Демография», «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: