Орёл къалэр яхуэфIащ

Орёл къалэм каратэм и лIэужьыгъуищкIэ зэ­хьэзэхуэ ще­кIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 14-м щыщIэдзауэ 20-м нэсхэм Урысейм пашэныгъэ къы­щы­хьыным теухуауэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ абы щыIащ спортсмен 33-рэ. И хьэлъагъ теухуауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьащ Бетрожь Дамир (килограмм 65-рэ), Жамбей Астемыр (килограмм 80), Новиков Дмитрий (килограмм 55-рэ), Мэрзей Данял (килограмм 50), Темукуев Ахъмэт (килог­рамм 75-рэ), Бахъсэн Темырлан (килограмм 70), Федоренкэ Владислав (килограмм 65-рэ), Лазаренкэ Ангелинэ (килограмм 68-рэ).
ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Мамаев Рэмэзан (килограмм 55-рэ), Звоновэ Софие (килограмм ­55-рэ), Къэзан Алим (килограмм 65-рэ), Байрамуков Рашид (килограмм 60).
Ещанэ увыпIэр - Бабыгуей Елдар (килограмм 80), Асановэ Беллэ (килограмм 60), Переясловэ Валерие (килограмм 72-рэ), Тхьэгъэпсэу Дамир (килограмм 51-рэ).

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: