Дыдейхэр хуэмыхуакъымИлъэс 17 нэхърэ мынэхъыжьхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я урысейпсо кадет зэхьэзэхуэ Смоленск къалэ щекIуэкIащ. Ахэр щхьэхуэ-щхьэхуэу лIэужьыгъуитIкIэ, щыкIэ, плIыкIэ зэпеуахэщ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 17-м къикIауэ спортсмен 300-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Смоленск ныбжьыщIэ 15 щыIащ. Зыхэта гупым, лIэужьыгъуищкIэ зэпеуахэм, ещанэ щыхъуащ Кубаев Сабир. Иджы ар Урысейм и командэ нэхъыщхьэм хэту кIуэнущ мэкъуауэгъуэ мазэм къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я гупхэм я зэхьэзэхуэ Белоруссием щекIуэкIынум.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 12:26 →
Дызэрыпагэ гъуащхьэтет
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
|