Дзыгъуэ цIыкIухэмрэ адакъэмрэ

Сабийхэм папщIэ

Еуэри дзыгъуэ цIыкIуитIрэ зы адакъэжьрэ зэгъунэгъуу псэурт. Дзыгъуэ цIыкIуитIыр махуэ псом  Iуэхуншэти, уэрэд кърашу  жыхафэгум ист. Адакъэжьым нэхутхьэху къызэрищIу   псори къигъэушырти   и Iуэху  пэрыхьэжырт.

         Махуэ гуэрым  адакъэм пщIантIэр  зэщIипхъанкIэу  гуэдз щхьэмыж    къигъуэтащ.

         -Феплъыт къэзгъуэтам, - жиIэри  дзыгъуэхэм захуигъэщIэгъуэну  яхуихьати:

         - Ар гъэлъэлъэн   хуейщ, - жаIащ тIуми зыжьэу.

         -Хэт зыгъэлъэлъэнур? – щIоупщIэ адакъэр.

         -Сэракъым! - жи зым.

         -ИкIи сэракъым, - къопсалъэ адрейр.

         -Ерэхъу, сэ згъэлъэлэнщ,- жиIэри адакъэр  абы яужь ихьащ.

         -Ей дзыгъуэ зэшхэ, феплъыт  щхьэмыжым хьэдзэу къытезгъэлъэлъам, - захуегъэщIагъуэ абы дзыгъуэхэм.

         Дзыгъуэхэр къэсри, аргуэру  жаIащ:

         -Иджы ар щхьэлым хьауэ, хьэжын хуейщ!

         -Хэт зыхьынур? –щIоупщIэ адакъэр.

         -Сэракъым.

         -ИкIи сэракъым, - жаIэ аргуэру дзыгъуэ хьилэшыхэм.

         -Хъунщ, сэ схьынщ  гуэдзыр щхьэлым, - жиIэри адакъэм къэп хьэлъэр  ирихьэжьащ. Дзыгъуэхэр а зэрыIуэхуншэщи, удэфауэ зыр –зым щхьэпрылъу мэджэгу, мэтхъэж.

          Хьэжыгъэ  иIыгъыу къэкIуэжа адакъэр и ныбжьэгъухэм йоджэ.

         Мохэри къэсащи, адакъэм  къыщытхъу нэпцI  защI:

         -Уэт щIалэфI, уэт адакъэ! Иджы хупцIынэ  пщын хуейщ,- жаIэ.

Аргуэру ар  дзыгъуэхэм япщын ямыдэу,  адакъэм  къылъос.

ХупцIынэ ипщщ, пхъэ къихьри хьэкум мафIэ  ирищIащ, дэлэн ищIахэр чэзууэ иригъэувэурэ  игъэжьащ.

         Дэлэн  пщтырхэр адакъэм Iэнэм къытригъэува къудейуэ дзыгъуитIыр  къэсащ.

-ДомэжалIэ, - жаIэри Iэнэм пэрытIысхьати, адакъэм губжьауэ  жиIащ:

         -Зэт, догуэт, хэт щхьэмыжыр къэзыгъуэтар?

         -Уэращ!

         Щхьэмыжыр хэт  зыгъэлъэлъар?

         -Ари  уэращ!

         -Хэт щхьэлым зыхьар?

         -Уэ!

         -ХупцIынэ зыпщар хэт?

         -Псори уэращ зыщIар?

-Фэ фщIар сыт ? Абы  падзыжын яIэтэкъыми дзыгъуэхэр къэтэджри   мэжалIэу Iэнэм къыпэрыкIыжащ. Адакъэми ахэр иубыдакъым.

Мис апхуэдэ гуэрщ «Мылажьэм  лажьэ егъуэт», жыIэгъуэр къызытекIар.

Украин  таурыхъхэм щыщщ.

 

 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: