Псыдзэ

Джылахъстэнейм уэгъур къыщхьэщытт. ЩIыр апхуэдизкIэ псыIагъэ щыщIати - зэгуэтхъат. Хьэжкурийм кърихьэкI сабэр нэм къыщIозэрыхь. Гъэмахуэми, удзхэр гъуэжь хъуащ, псыкъуийхэр игъущыкIащ. Жыг тхьэмпэхэм зашыхьыжащи, къыпоху. Дунейм и хъуреягъкIэ зуплъыхьмэ, ди гуэн щIыбагъым щыкI кIарц закъуэрщ щхъуантIэу къызэтенар.

Жылэдэсхэм шыгукIэ, выгукIэ, уеблэмэ къуажэм яIэ махъшэ закъуэмрэ шыдхэр зыщIэщIа гухэмкIэ псы хуабэ утхъуар гъунэгъу жылэхэм къраш. Къаншыуей къуажэ псом зы псынэ закъуэт щимыгъущыкIар. Псыгъуэ дыдэу къиж псым деж махуи жэщи цIыхур чэзууэ щызэхэтт. «Водокачкэт» абы жылэдэсыр зэреджэр. Абдеж къыщIэж псы къабзэ щIыIэмылым хуэдэ сэ си гъащIэм нэгъуэщI зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым.

ЦIыкIухэм зыри, дауи, къытфIэIуэхуртэкъым. ЛъапцIэу щIы къэплъам, сабэр къэдгъэхъейуэ, къыщыджыхьырт, ди лъэгур щIисыкIыу хуежьэхункIэ. ИужькIэ къуажэм кърашалIэ псы утхъуахэмкIэ «псы текIэ» дыджэгужырт. Хьэнцигуащэр хьэблэм къыщетшэкIырт, «Ялыхь, уэшх къытхуегъэщэщэх!» жытIэурэ дыщIэлъэIуу. Куэбжэ къэс псыр къыщыттракIэрт, лIыжь-фызыжьхэм даущийрт нэхъ иныжу Тхьэшхуэм делъэIуну. ТлъэкI къэдмыгъанэми, дызэхих хуэдэтэкъым. МазитI-щы хъуат уэшх зэрыдмылъагъурэ.

Зы махуэ гуэрым зэуэ псоми зихъуэжащ: апхуэдизкIэ уэм хъуати, хьэуам урибэуэфыртэкъым, псэ зыIуту дунейм тету хъуам жьауапIэм зыщIадзат. Уафэм зыкъызэщIиуфIыцIащ. ЗымащIэ дэкIыжри, аддэ жыжьэу щыблэр къыщыхъуэпскIри, абы гъунэгъу зыкъытхуищIу хуежьащ. Уафэгъуагъуэ макъыр дакъикъэ къэсыху нэхъ шынагъуэжу къэIурт. ПщIантIэм зэкъуэш цIыкIуитIымрэ ди хьэжь цIыкIу Цомэрэ фIэкIа дэстэкъым. Цоми шынати, унэм зыкъытфIыщIидзауэ, гъуэлъыпIэ щIагъым зыщIиудыгъуауэ щIэст.

Ди анэр къыдэлъэдэжри, къэкIиящ: «ЦIыкIухэ, унэм фыкъыщIэмыкI! Борэн къоблагъэ». Ар жиIэри, езыр джэдэщыбжэхэр хуищIыну жащ. Асыхьэту щыблэр къауэри, унэ гупэм Iут тутей жыгышхуэр тIууэ зэгуипщIыкIри, мафIэ щIэнауэ псыкъуийр зэхуищIу техуащ. Уэшхышхуэ кърикIутэхыу хуежьащ, пIалъэ кIэщIым пщIантIэ кIуэцIыр зэрыщыту псыежэх хъуащ. Псы уэрым джэдэщри гуэнри здихьырт.       Ди унэр къуажэкум хуэзэрт, ауэ щIы тафэм теттэкъым, уэхыу щытт. Абы къыхэкIыу пщIантIэм псыр лъэныкъуищкIэ къыщIэуэу щIидзащ: къуажапщэмрэ гуохьэблэмрэ къеххэмрэ метр 300 - 400 хуэдизынкIэ зиIэту къытщхьэщыт IуащхьэмкIэ къикIымрэ. Медан бжыгъэм пщIантIэ псом къибыргъукIыу псыр дэз хъуащ. Псори абы зэрихьэрт: куэбжэр, гуэныр, джэдкъазыр. Уеблэмэ ди къазхэр пщIантIэм дихыпат, ауэ ди насыпу ахэр, махуэ зыбжанэ дэкIа иужь, езыр-езыру къекIуэлIэжат. ЦIыхухэм я кIий макъ къэIурт, хьэхэр банэрт, Iэщыр зэщIэгъуахъуэрт. Пхъэ дакъэжьхэр, гъавэ зэрылъ къэпхэр, унэлъащIэхэр пщIантIэм фIыуэ къыщрихьэкIт - къыщрихьэкIырти, иужьым хадэм ирихьэжырт, адэкIэ губгъуэ нэщIым кIуэрт.

… Ди анэр жыгым тесу къокIиех: ЦIыкIухэ! ЦIыкIухэ! ФыкъыщIэмыкI! АрщхьэкIэ а псалъэхэр ди деж къызэрысыр: «ЦIыкIухэ! ЦIыкIухэ! Къэвубыд!» Аращи, дэ делэ цIыкIухэр унэм «дыкъыщIолъэтри», псы утхъуам кърихьэкI кхъуафэхэмрэ нэгъуэщI хьэпшыпхэмрэ къэдубыдыжыну дыхуожьэ. АрщхьэкIэ куэдрэт – псы уэрым дэ езыр дыIуех, хадэм адрыщIкIэ щыIэ къуэкIий нэфымкIэ дрихьэхыу хуожьэ. Абы метри10 хуэдиз и кууагът, псыр из хъуауэ абы къыфIэкIыр хадэм къилъадэу арат. Си къуэш цIыкIумрэ сэрэ гузэвэгъуэр ттелъу псым доныкъуэкъу зредмыгъэхьэхыну. Зызэман зэ, пщIантIэм къутауэ дэта гум и зы гъущI кIапэ къыдоубыдри, абы дыкъегъэувыIэ.

Ди анэр мэгъуэг: «Алыхь, алыхь! Си щIалэ цIыкIуитIыр къегъэл», - жиIэурэ. Абы дыхэту, ди гъунэгъу щIалэр къыдэлъэдащ. Iухъу Мысост нэхъ щIалэ лъагэ дэстэкъым къуажэм, метритI и инагът. Псыдзэр абы зыуи къыщыхъутэкъым, дэрат армыхъумэ. ЗэкъуэшитIыр зэ еIэбыхыгъуэкIэ Мысостым дыкъипхъуатэри, унэм дыщIихьэжащ. ИтIанэ ди анэр кIарц жыгым къехыжыну дэIэпыкъури, ари унэм нэс къишэжащ.

Зы сыхьэтитI хуэдэкIэ уэшхыр увыIэжащ. Псы ежэхри хуэмурэ етIысэхыжащ. Дыгъэр къыкъуэкIыжащ. Дунейм дыкъытехьэжмэ, унэ лъапсэхэм я чий, пхъэ куэбжэхэр уэшхым зэтрикъутат. ДыгуфIэрт къуажэдэсхэм щыщ зыри зэрыхэмыкIуэдам щхьэкIэ. Губгъуэм щагъэхъу Iэщхэми зыри къащыщIатэкъым, пщыхьэщхьэм зыдыхьэжын хуей куэбжэхэр ямыгъуэтыжу зыкъомрэ щхьэрыуауэ къызэракIухьар къыумылъытэмэ. А махуэм зэуэ балигъ дыхъуами ярейт. Ди къегъэлакIуэ щIалэр зэи зыщыдгъэгъупщакъым иужькIи. Абы илъэсиплIкIэ флотым къулыкъу щищIати, и адэ-анэм къахуитхыху, дэри абыхэм я деж дежэкIырти, жэуапыр щатхыжкIэ дэри къыдбгъэдэкIыу сэлам тхурахыжыну делъэIурт.

Апхуэдэу къетшэкIа хьэнцигуащэм дуней къэхъукъащIэшхуэ кърикIуат.

КIЭРАШЭ Михаил.
Поделиться: