Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ

                                ЛIиплI зэхыхьэри, я бжьэр губгъуэм дашащ, бжьахъуэ пщыIэ хасэри, бжьэр ягъэхъуурэ мэз лъапэм бжьэ къэпщIыгъуэ пщIондэ тесащ. Зы чыцI здыдашати, чыцIым и лъакъуиплIыр зэхуагуэшащ: «Лъакъуэхэр ди зырызщ», - жари. ЧыцI къуейщIейм, дэлъей-къелъыхыурэ, и зы лъакъуэр икъутэжащ. Лъакъуэм пхъэщIэпхэ хуащIащ. ЧыцIыр мафIэм пэрысыурэ, и лъакъуэ къутар зэрыпха хъыданым мафIэ хидзащ. ЧыцIыр гужьейри бжьаIуэм илъэдащ, мафIэ щIидзэри, бжьэ матэхэр зэтрисхьащ. Лъакъуэ къутар зейр ягъэпшынэн мурад ящIащ модрей щым, УэрарэкIэ зэджэ хеящIэм деж кIуэри хуэтхьэусыхащ.

         - Фызахуэщ, - къажриIащ Уэрарэ. – Пшынэн хуейр лъакъуэ къутар зейращ: абы мафIэ щIэмынатэмэ, чыцIыр бжьаIуэм илъэдэнутэкъым.

         Ар щызэхихым Жэбагъы жиIащ:

         -Уэрарэ мысэр еухейри хейр егъэмысэ, - жери. – Уэрарэ и унафэр захуэкъым.

         ХеящIэ лIыжьым Жэбагъы ириджащ:

         - Сыт сыщIэмызахуэр? – жери.

         -УщIэмызахуэращ, - жиIащ Жэбагъы. – Лажьэ зимыIэ лъакъуищым ирамыхьэжьатэмэ, чыцIыр бжьаIуэм илъэдэнутэкъым. Бжьэматэхэр къэзыпшыныжын хуейр а лъакъуищыр зейхэращ.

         Егупсысыжри, Уэрарэ Жэбагъы акъылэгъу дэхъуащ.

 

                           

Жэбагъы захуэщ

         Къэбэрдейм я хеящIэр, Уэрий дадэ, жьы дыдэ хъуат – илъэсищэм щIигъуат. Жьы хъуами, хеящIэм текIыртэкъым Уэрий дадэ. «ЗгъэукIытэнщи, згъэтIысыжынщ», - жери Жэбагъы Уэрий деж кIуащ.

         - Уэрий, - жиIащ Жэбагъы, - зыгуэркIэ сыноупщIынущи, къикIыр къызжеIэ.

         - Хъунщ, къызэупщI, - жиIащ Уэрий.

         - ПщIыр бзу, пщыкIутхур чыцI, тIощIыр дыгъужь, плIыщIыр аслъэн, хыщIыр вы, пщIейр пэщащэ, щэр джэдыкIэ. Сыт къипхрэ?

         Егупсыса щхьэкIэ, Жэбагъы и псалъэр хузэхэхуакъым Уэрий.

         - Абы къикIращ, - жиIащ Жэбагъы. – ИлъэсипщI ныбжьым щитым деж цIыхур бзум хуэдэщи, золъатэ. Илъэс пщыкIутхум нэсамэ, чыцI къуейщIейм ещхьщ. Илъэс тIощI ирикъуамэ, дыгъужь хуэдэ мэгушхуэ. Илъэс плIыщIым итыр аслъэн хуэдэ хахуэщ. Илъэс хыщI ирикъуар вы хуэдэ гуащIафIэщ, и акъылри ирикъуащ. Илъэс пщIейм нэсмэ, пэщащэ фIэкIа, ищIэжышхуэ щыIэкъым. Илъэсищэ ирикъуа цIыхур джэдыкIэ шкIумпIым хуэдэщ.

         Уэриий дадэ илъэсищэм щIигъуати, хеящIэм текIащ:

         - Жэбагъы захуэщ, - жери.

 

                            Акъылыншэри лIари зэхуэдэщ

         ХьэтIохъущокъуэ Мысострэ Къейтыкъуэ Аслъэнбэчрэ зэщыIеящ. Къейтыкъуэ Аслъэнбэч лей къытехьауэ илъытэрти, шу игъэшэсащ, ХьэтIохъущокъуэ Мысост теуэн мурад ищIри. ЩIызэщыIеяр мыхьэнэншэ гуэрт: пщитIым я мэлыхъуэ зэхуилъауэ арат, лъы щIэбгъэжэн хэлътэкъым.

         Къейтыкъуэ Аслъэнбэч шу игъэшэсауэ щызэхихым, Жэбагъы пщым и деж кIуащ, лIы гуп зыщIигъури. Пщым и пщIантIэм дыхьэри, Жэбагъы щIыгъу лIы гупым дыуэ ящIащ. Къейтыкъуэ Аслъэнбэч унэм къыщIэкIащ:

         - Дыуэ щхьэ фщIырэ? – жери.

         - УлIауэ зэхэтхати, дыкъэкIуауэ дыуэ дощI, - жиIащ Жэбагъы.

         - СылIарэ сымылIарэ флъагъуркъэ? – игъэщIэгъуащ пщым.

         - Акъыл зимыIэж лIыр лIа пэлъытэщ, - жиIащ Жэбагъы. – Мыхьэнэншэ щхьэкIэ лъы щыбгъэжэфынукIэ акъыл уиIэжкъым.

         Пщыр укIытэжри, Iэщэр игъэтIылъыжащ.

 

                            Къэрмокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэхэм щыщщ

Поделиться: