«Тыгъэ лъапIэ»

Хъыбар

Адыгэм ауэ сытми «Дзыбэ дзы усщ» жиIакъым, сэ сызытекIуадэр, хьэзаб мыухыжым сыхэзыгъэтыр си бзэ сызыхуимытыжырщ. Нэжэгужэу сызэрыщытым,  сэмэркъэуныр сызэримыжагъуэм къыхэкIкIэ сэ фэ щIагъуэ къызаплъыркъым, ауэ сэ сыкъызэрыгуэкIкъым, «щIы щIагъым мэкъумэш щызыщIэхэм» сащыщщ.

Зы тхьэмахуэ гуэр Iуэху сиIэу си къуажэжь Къуэгъулъкъуей сыкIуэжат. Си благъэхэри зэзгъэлъагъущ, сызытекIухьа Iуэхури зэфIэзгъэкIри, пщыхьэщхьэ хуегъэзэкIыу сыкъежьэжыну зыщызгъэхьэзыр дыдэм  ди гъунэгъу щIалэр къызолъэIу Налшык здэсшэну. Сызэризакъуэр ищIэрти, пцIы супсыныр  къысхуегъэзэгъакъым, маршынэм ар къызогъэтIысхьэри, зыдмыIэжьэу дыкъожьэж. Езыри къызбгъурыст, гъуэгури кIыхьти, дыуэршэрурэ дыкъыздэкIуэм,  дэ дызытемыпсэлъыхьар укIуэдыж. Ауэ зи гугъу тщIахэм зыкIи емыпхауэ, къыгуелъэфри къызоупщI: «Уа, уи унагъуэр  щыхьэрым зэрыIэпхъуэрэ куэд  щIакъым, ауэ, IуэрыIуэтэжу зэрызэхэсхамкIэ, унэ зэтетрэ мы маршынэ къекIу дызэрысымрэ къэпщэхуащ. Ахэм текIуэда ахъшэр дэнэ къыздипхар, улахуэ къуатым а псор  къыщIэкIынкIэ Iэмал иIэкъым?»  А  упщIэ мыхъумыщIэ къыскъуидзар занщIэу си щхьэм дэуеящ, япэщIыкIи сигу къыпылъэдат маршынэр къэзгъэувыIэу изгъэкIыну. АрщхьэкIэ, гъуэгукум сыкъыщридзри ежьэжащ жиIэу уэрамым зыдезгъэхьэнкъым жысIэри зызэтесIыгъащ.  «Мыр дауэ, апхуэдэ ахъшэ хэхыпIэ сиIэпэуи сощIри, ар  зэрыжезмыIэнур щхьэ къыгурымыIуэрэ? Сэ збгъэдэлъ мылъкуми и Iуэхуу хэлъыр сыт, ар зэхигъэкIыну и пщэ къыдалъхьа?» Къызбгъурысым къызита упщIэм жэуап естыжын хуейти, заулрэ сыгупсысащ, дыхьэшхыпцI зысщIри жысIащ: «Уэ пщIэуэ къыщIэкIынкъым, ауэ си маршынэ шэрхъхэм ахъшэ къыщIолъэлъ». Мыр губзыгъэ жиIэ хуэдэ, ней-нейуэ къызоплъри, къыскIэщIедзэ: «Ей, къуэш, делафэ къызумыплъ». «Щхьэ мыузым боз  ирашэкIыркъым»  зэрыжаIэу, а пцIы супсар  си ныбжьэгъум  фIэщ щыщIынри  къысхудокI. Iэ сэмэгумкIэ си жыпым соIэбэ, тумэн зытIущ къызох, псчэныр къысщыхьаифэ зытызогъауэ, дыздэкIуэм маршынэбжэр дамэдазэ сощIри, соубжьытхэ, ахъшэри маршынэ лъабжьэм щIызодзэ. СыкъоувыIэри си къуажэгъур къызош, маршынапхэмкIэ докIуэкIри, шэрхъыпIэ зытелъ ахъшэхэр къыдощыпыж. СщIэркъым си ныбжьэгъум нэщыпхъуэ щIыкIэу езгъэлъэгъуар и фIэщ схуэщIами, ауэ зэманыфI дэкIауэ IуэрыIуэтэжу зэхэсхыжыгъащ си маршынэм ахъшэ зэрытридзэм и хъыбар жылэм щызекIуэу.

Куэд дэкIами, нобэр къыздэсым сигу  къеуэр,  фIы дыдэу слъагъу си ныбжьэгъу пажэм еспэса цIыхугъэншагъэрщ. Илъэс зыкъом дэкIами, абы щыгъуэ сIэщIэщIа щIэщхъур нобэ къыздэсым, зикI, сигу схуигъэхуркъым, шыгъушыпсыпIэм сыхигъэлъщ. Къыщалъхуа и махуэр игъэлъапIэрт абы. Зыгуэр сIэщIэмылъу сыкIуэныр къысхуегъэзэгъыртэкъым, ахъшэ щIыхуэ къызэзытыну сыкъэзыгъэгугъами сыкъигъэпцIэжат. ЩIыIэ-щIыIэурэ сигу къокIыж си гъунэгъум магнитолэ дэгъуэ къызэрищэхуар (а зэманхэм ар гъуэтыгъуейт). ХэкIыпIэ  къызэрызгъуэтам сригуфIэжу, сокIуэ абы деж,  тхьэмахуитI хуэдизкIэ магнитолэр къызитыну селъэIуну. Псалъэмакъ къыхимыгъэкIыу ар къыщIехри къысIэщIегъэувэ. СыгуфIэщарэ дунейр схуримыкъуу къызохьри унэм сыкъокIуэж. ЕтIуанэ махуэм и пщыхьэщхьэм ар пхъуантэ дахэм дызолъхьэ, розэ IэплIэ щIызогъужри, хьэхэ-щIыхэу си ныбжьэгъум сыхуокIуэ. Тыгъэ лъапIэр  ягу  зэрырихьам  и щыхьэту, занщIэу саубыдри, къызэремызэгъыр жызамыгъэIэу, нэхъыжь гупым сыхагъэтIысхьэ.

            Мазэ дэкIауэ магнитолэр къызэIысхар къысхуокIуэ. ПIалъэкIэ хьэхуу къеIыпхар нэгъуэщIым ептыжыныр  къызэремызэгъыр сщIэжти, солъэIу къысхуигъэгъуну, зэстам нобэ-пщэдей  къызэрысхуихьыжынури гурызогъаIуэ. Ар емышу мазитI-щыкIэ къызэкIэлъыкIуащ, сэри си пцIыр  хьэзырыхэщи, абы щIызогъэдэIури, соутIыпщыж.

            ЗэрыжаIэу, къоджэм уигъэжейркъым. ХэкIыпIэ зэрызимыIэжыр къызгурыIуарэ си псэри  дуней сызытетри сфIэмыIэфIыжу, сокIуэри си ныбжьэгъум  Iуэхур зытетыр хузоIуатэ. Ар зэхэзыха си ныбжьэгъум и фэм хэпщIыкIыу зехъуэж, зэми хужь, зэми плъыжь мэхъу. Ар апхуэдизкIэ къэIэлати,   псалъэхэр къыхудэмышеижу  къэнат.  И губжьыр хуэм-хуэмурэ  тоуж, зыкъещIэжри, хъуанэ-цIанэкIэ сыщIегъанэ. ЗэрысцIыхурэ абы апхуэдэжьэ  зэщIихауэ, псалъэ фIей къыжьэдэкIауэ зэи зэхэсхатэкъым. Абы къыжьэдэкI дэтхэнэ зы псалъэри шэм хуэдэт, гущIэм ежалIэрт.             

Сыт сщIэжынт, пхуэмыгъэкъэбзэжын фIейм сыхикухьауэ, арыншами мыкъабзэ си напэжьри текIауэ, си щхьэр фIэлэлрэ делэ срихъуным сынэсауэ, сэлами езмыхыжу, магнитолэр къызощтэри и унэм сыкъыщIокIыж. СыгушыIэ  зысщIурэ  сIэщIэщIа напэтехым сэ куэд къызгуригъэIуэжащ, сэр-сэру пIалъэ-пIалъэкIэрэ сызыщIогупсысыж, си щхьэри  фIызоудыж, абы ещIапIэ зэримыIэми сегъэхыщIэ. КъысIэрыхьэжа закъуэ жызоIэри, щIэпIэщIэкIуадэр   къызыхуэкIуэн  магнитолэр зейм Iэрызогъэхьэж икIи табущхьэщкIэ солъэIу бэлыхь зэрыхэздзар къысхуигъэгъуну.

            И гуэныхь къэсхьыну сыхуейкъым, си ныбжьэгъур япэм къызэрысхущытам зыкIи  зихъуэжакъым, гужьгъэжь гуэрхэр къысхуиIэми, ибзыщIу, ди зэныбжьэгъуныгъэм  хуэпэжащ.

ПЭЖ Андемыркъан.

 

Поделиться: