Къузгъун

Таурыхъ

Къуажэ гуэрым лIы быдэ, къузгъун дэст. Унагъуэр Iэнэм зэрыпэрытIысхьэу лIым щIакхъуэр иупщIатэрти, и нысэхэм еплъу тIысыжырт, зэ зым, зэм адрейм еплъырт, езыри шхэртэкъым. Ар зылъагъу нысэхэри мышхэу, мэжалIэу къэтэджыжырт. ЛIыр зыхуейххэр арати, псори лэжьапIэ зэбгрыкIыжа иужь, щэху цIыкIуу ирикъуху шхэрт, ефэрти, хьэку дапхъэм зыщигъэпсэхуу телът.
Зэгуэрым, лIым и нысэ нэхъыщIэр и дыщым щыхьэщIэну зригъэшэжащ. Ар и адэ-анэм яхуэтхьэусыхащ, и тхьэмадэм кърищIэр къанэ щымыIэу яхуиIуэтэжащ. 
- ЦIыху теплъэ хъуркъым, тыншу дигъэпсэуркъым, тщIэр фIэмащIэщи, тшхыр фIэкуэдщ, - жеIэ.
- Си хъыджэбз, зы щхьэкIи укъыхэмыщт, сэ фи деж сынэкIуэнщи, абы къыщекIуэкIыр зэзгъэщIэнщ, - къыжреIэ и адэм.
И пхъур игъэкIуэжри, махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу, адэр абы кIэлъыкIуащ.
- ХьэщIэу сыкъыфхуеблэгъащ, - жреIэ абы унагъуэм я тхьэмадэм.
- Дэ иджыпсту хьэщIэ дыхуейтэкъым, ауэ, укъыщыкIуакIэ, къеблагъэ, сыт тщIэн? - къретыж бысымым жэуап.
- Си хъыджэбз закъуэр дауэрэ псэуми, сыт ишхми зэзгъэщIэну сыкъэкIуащ.
- Мэпсэу, машхэ!
- Девгъэплъыт тIэ фызэрышхэм, сэри гъуэгу сытетащи, сомэжалIэ,- жи хьэщIэм, икIуэтын мурад имыIэу.
Iэнэм пэрытIысхьэри, лIым щIакхъуэ иубзытащ. Зэрыхабзэу, езыри еIэбыркъым и нысэхэми и нэр къатримыгъэкIыу йоплъ.
- Ди дежкIэ мыпхуэдэущ зэращIыр, - жиIэри, хьэщIэм сэмрэ щIакхъуэмрэ къищтэри, къыпиупщIым ишхым, къыпиупщIым Iэнэм пэрысхэм яхуишийуэрэ псори игъэшхащ. -Зи щIалэгъуэхэр фIыуэ фышхэ, фэ къару фыхуейщ, - яжриIэуурэ абыхэм нэхъыбэ яритырт.
Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым гъуэлъыжыну загъэхьэзырти, бысымым хабзэм зригъэхьу, хьэщIэм еупщIащ:
- Дэнэ деж угъуэлъмэ нэхъ къапщтэрэ? - жиIэри.
- Сэ мо уи гъуэлъыпIэм сыгъуэлъамэ нэхъ зызгъэпсэхунут.
- Сэри аращ зыщызгъэпсэхур, - гузавэу къетыж лIы нэпсейм жэуап. Дауэ мыгузэвэнрэт абы и пIэ лъабжьэм щIигъэпщкIуауэ зэрихьэрт джэдыкIэ гъэва, шэ, щIакхъуэ сыт хуэдэхэр. Жэщым псори зэрыжейуэ, ар къэтэджыжырти зиудыгъуауэ шхэуэ щыст.
 ХьэщIэм ар ищIэрти, арат щIыхигъэзыхьыр. Сытми, хьэщIэр а пIэм ягъэгъуэлъри, жейжащ. Ауэ, мэжалIэу гъуэлъыжа лIыр мыжейфу къотэджыжри, лъапэпцIийуэ къокIуэ гъэтIылъыгъэ щищIам. Пхъэ лъэгум макъ зэрищIу хьэщIэм ар зэхихри, и пIэщхьагъым щIилъхьа бгырыпхымкIэ «Бысмылэхьи, бысмылэхьи», - жиIэу къауэурэ бысымыр иубэрэжьащ. Сыт ищIэнт, бысымым и гурыIупсыр къажэу нэху щащ. Жэщищ-махуищкIэ лIы нэпсейр апхуэдэу игъэпсэуащ я нысэм и адэм. Мис итIанэ абы къыгурыIуащ, цIыху мэжалIэр гугъу зэрехьыр. ЗэрыжаIэмкIэ, абы яужь абы и нысэхэм яшхыр ибжын щигъэтри, тхъэрэ псэууэ къэнэжащ.
Интернетым дыкъыщоджэ.
 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: