Нэпсейхэм я Iэмал

Таурыхъ

Дзыгъуэ цIыкIур унащхьэм тесурэ езэшат, жьы къабзэм хэтыну, дуней хуитым тетыну хъуапсэрти, и ныбжьэгъу бзу цIыкIум деж кIуэри, жриIащ.
- СыщIэзэшыхьащ мы унащхьэ кIыфIым, моуэ IуэхущIэ гуэрым зеспщытынт.
- Дегъауи, щIыр дыгъавэ, - жи бзум.
- Дыгъавэ, - жи мыдрейми гуфIэу.
Зэгъусэу щIыр явэри хьэ хащIащи, щыIуахыжынум йожьэ.
Хьэр бэв хъуат, лъагэ хъужрэ щхьэмыжым хьэдзэр изу илъу. Дзыгъуэм хьэр Iуихыжащ, бзум игужащ. Зы Iуащхьэ псо къытрахат. Къэнэжыр – зыми и жагъуэ ямыщIу зэхуагуэшыжынрат. 
Хьэдзэ зырызу ягуэшащ. Дзыгъуэм ахэр самитIу зэтрилъхьэрт, бзур абы кIэлъыплъу и бгъум деж щыст. ТIуми я Iыхьэр куэд дыдэ хъуати, тIуми гуэн ямыщIмэ, щагъэтIылъын яIэтэкъым. Зы хьэдзэ закъуэ лей къэхъуати, зыхалъхьэну самэр къагурымыIуэу тIури Iэнкунщ. Дзыгъуэм жиIащ:
- Апхуэдэу щыхъуакIэ, сэ къэсщтэнщ ар.
- Дауэ къызэрыпщтэнур? - губжьащ бзур.
- Дауэ къызэрызмыщтэнур? Ар хьэр зэрыIусхыжам покIуэ!
- Уэ къэпхыжамэ, сэ згуащ. Сэ си къалэныр нэхъ тыншу щыта уфIэщIрэ? Гуэбэн сыхъуауэ ноби си къупщхьэхэр мэуз.
- Iейуэ Iуэху хъуат, - жи дзыгъуэм. – Сэ къэсхам и закъуэкъым, атIэ икIи згуэшыжащ. Аращи, мыр сэращ зейр.
- Хьэуэ, сэращ, - икIуэткъым бзури. -Уэ бгуэшамэ, сэ сыпкIэлъыплъащ, ари Iуэху цIыкIукъым.
Жэщибл махуиблкIэ зэдэуащ ахэр. ТIуми къарууэ яIэр яухауэ, сытми, мыщэжьым ечэнджэщыну мурад ящIащ.
Мыщэжьыр хьэкIэкхъуэкIэ щабэт, зэныбжьэгъуитIым я хъыбар щызэхихым, и гуимэм итIысхьэри я деж къэкIуащ. ЯпэщIыкIэ ар гупсэхуу едэIуащ мобыхэм я Iуэху зытетым. ИIтанэ абы жиIащ унафэ къихьын папщIэ, гупсысэну зэман зэрыхуейр. Жыг щIыIэтыIэм и щIагъым щIэгъуалъхьэри, апхуэдизкIэ «куууэ гупсысати», Iурихри, махуэ псокIэ пырхъыжу жеящ.
Лъэбыцэжьыр пщыхьэщхьэхуэкIуэу къэушри, унафэ къихьащ.
- Псори захуагъэм тету щытын хуейщ, аращи, мо хьэдзэ закъуэ къэнар ныкъуэ ныкъуэу вгуэш. Адрейуэ къытефхыжар псори мо си гуимэм ифкIутэ. Ар фи зэдауэр зэрызэблэсшам хуэзэ пщIэщ.
Дзыгъуэмрэ бзумрэ абы пэрыуэнт? Пэрыуакъым! Хьэ самитIри мыщэм хуракIутэри, хьэдзэ закъуэ къэнар ныкъуэ-ныкъуэу ягуэшащ.
Абыхэм афIэкIа щIы явэжакъым, гъави хащIэжакъым. Ауэ зэхуэзэхукIэ бзур дапщэщи щIоупщIэ:
- ПщIэжрэ гъавэ бэв къызэрытетхауэ щытар?
- Дауэ сымыщIэжынрэт! – жи мыдрейми. – Уэ пщIэжрэ мыщэм ди Iуэху дахэу зэрызэхигъэкIар? - жеIэри дыщIегъуж.
- Ауэкъым, апхуэдэ ящыгъупщэрэ?! - жи бзум арэзыуэ.
Интернетым къитхащ.
 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: