Командэхэм я япэ зэхьэзэхуэ

Спортсмени 114-рэ, командибгъу хъууэ, зыхэта республикэ зэхьэзэхуэ Налшык щрагъэкIуэкIащ. Ар СССР-м дзюдомкIэ и мастер Газаев Руслан и фэеплъу къызэрагъэпэщащ. Хэтахэр 2010 – 2011 гъэхэм къалъхуа щIалэ цIыкIухэщ.
Япэ увыпIэр зыубыдар «Налшык» спорт клубырщ. Абы хэтащ Лъэпщ Дамир, Биттиров Алихъан, Иттиев Сэмат, Теммоев Алан, Бышэн Аслъэнбэч, Дэхъу Хьэмид, Хъуцинэ Рустам, Гъут Андемыр, Мусуков Алим, Ульясов Александр. Спортсмен ныбжьыщIэхэм ехъу я гъэсакIуэхэр Дзухэ Беслъэнрэ Залымджэрийрэщ.
ЕтIуанэ увыпIэр «ДЛФК» командэм къихьащ. Абы хэтахэр Могушков Тимур, Уэтэр СулътIан, Карпенкэ Артем, Мэремыкъуэ Тимур, Эндреев Ибрэхьим, Бичиев Исмэхьил, Зокаев Омар, Дадуев Суфян, Къуэжакъ Саид, Процевский Назар. Я гъэсакIуэхэр Иванов Дмитрийрэ Апхуд Андзоррэщ.
Ещанэ увыпIэр командитIым зэдагуэшащ. Ар «Дзюдо КБР»-мрэ (Быкъуэ Къантемыр, ПщыхьэщIэ Аслъэн, Ефэнды Астемыр, Беслъэней Алихъан, Гъуэтыж Инал, Къардэн Жамболэт, Щоджэн Мухьэмэд, Ерчэн Тимур, Мэсей Атмир, Бэлай Ибрэхьим сымэщ. Я гъэсакIуэхэр Тау Азэмэтрэ ГъуэплъащIэ Астемыррэщ) Бахъсэн къалэ и командэмрэщ (Быгуэхэ Тимурэ ТIахьиррэ, ПхытIыкI Мухьэмэд, Тау Ислъам, Цей Къантемыр, Щоджэн Къантемыр, Къэбардэ Данил, Ут Аслъэн. Я гъэсакIуэр Хъупсырджэн Резуанщ).
КъыхэжаныкIа спортсменхэм кубокхэр, медалхэр, щытхъу тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ.
 
 Нэхъ лъэщхэр къыхах
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Налшык щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмени 100 хуэдиз.
Мыбы хэтахэр жыжьэу лъэнкIэ, ныбжьыщIэхэм метр 60-м, балигъхэм метр 300-м къыщызэдэжэнымкIэ, хьэфэ топ дзынымкIэ, атлетикэ псынщIэм хыхьэ нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэпеуащ. ПсомкIи къагъэлъэгъуа зэфIэкIыр зэхалъхьэжурэ увыпIэхэр ягъэбелджылащ.
2008 - 2009 гъэхэм къалъхуа хъыджэбз цIыкIухэм я гупым Арчибасовэ Викторие щытекIуащ. Абы кIэлъокIуэ Гурциевэ Златэ. Ещанэ увыпIэр иубыдащ Ульбашевэ Таирэ.
2010 - 2011 гъэхэм къалъхуахэм я деж Узденовэ Софие бжьыпэр щиубыдащ. ЕтIуанэ увыпIэр Чыржын Самирэ, ещанэр Атэбий Малика сымэ къахьащ.
2012 - 2013 гъэхэм къалъхуахэм я деж Султиговэ Хьэнифэ щытекIуащ. ЕтIуанэ хъуар Хьэмыз Алимэщ. Ещанэ увыпIэр зыубыдар Газаевэ Амелиещ.
Илъэсий, илъэсибгъу зи ныбжь цIыкIухэм къахэжаныкIар Магамадовэ Элинэщ. ЕтIуанэ увыпIэр Тарасовэ Элинэ, ещанэр Настаевэ Камилэ къахьащ.
2008 - 2009 гъэхэм къалъхуа щIалэ цIыкIухэм я деж щытекIуар Табулов Георгийщ. Абы кIэлъокIуэ Скляр Дмитрий. Ещанэ увыпIэр ЛIуп Даниил ихьащ.
2010 - 2011 гъэм къалъхуахэм ящыщу бжьыпэр зыубыдар Къэшэж Ренатщ. ЕтIуанэ Бекъул Тимур, ещанэ Рудь Тимур хъуахэщ.
ИлъэсипщI, пщыкIуз зи ныбжьхэр зыхэта япэ увыпIэр Мамбэт Самир, етIуанэр Тхьэзэплъыж Тембот, ещанэр Сулейман Аймар хуагъэфэщащ.
2014 - 2015 гъэхэм къалъхуахэм я деж щытекIуащ Тхьэзэплъыж Мансур, етIуанэ увыпIэр Жанхъуэт ДжэбрэIил, ещанэр Исмэхьил сымэ къахьащ.
КъыхэжаныкIауэ зи цIэ къитIуа щIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ хэтынущ мэкъуауэгъуэ мазэм и кум атлетикэ псынщIэмкIэ екIуэкIыну республикэпсо зэхьэзэхуэм.
ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться: