Дзюдо

Дзюдо

Саугъэт нэхъыщхьэр къахь

НыбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ  Налшык  и «Гладиатор» зыгъэсапIэм щекIуэкIащ. «ПАО Сбербанкым» игъэува «Сбербанк-Дзюдо-2023» саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэну абы хэтащ  2007 - 2009 гъэхэм  къалъхуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Абы кърихьэлIащ Ростов областым, Дагъыстэн, КъШР, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингуш, Адыгэ республикэхэм къикIа спортсмен 235-рэ.  КъБР-м щыщ ныбжьыщIэхэр 179-рэ хъурт.

Зэхьэзэхуэм, я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэр щаубыдащ Атэбий Тамерлан, Трамэ Эльдар, Шыкълъашэ Эльдар, Абдулаев Сэлим, Дзэгъэл Миланэ.

Дыжьыныр я Iэрылъхьэщ Уэщхъун Идар, Ахмадов Ибрэхьим, Бер Руслан, Дер Айдэмыр, ЖьэкIэмыхъу Ренат, ХьэхъупащIэ Марианнэ, Нэужьокъуэ ФатIимэ, Баккуевэ Дианэ сымэ.

Домбеякъыр къахьащ ТыIэщ Тамерлан, Тау Инал, Борэн Инал, Мизиев Хьэжмусэ, Щаих Имам, Молэ Мухьэмэд, БатI Мухьэмэд, ШэрэIужь Айдэмыр, Бэджыдэ Даниял, Табыхъу Аидэ сымэ.

Командэхэм я зэпеуэм КъБР-м япэ увыпIэр щиубыдащ. ЕтIуанэ хъуащ Ингушыр, ещанэщ Осетие Ищхъэрэ - Аланиер.

ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ягъэсащ Ким Руслан, Дзу Беслъэн, Дзу Залымджэрий, Куп Эдуард, Махуэ Олег, Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, Мырзей Казбек, Шаваев Хьэнэфи, ХьэхъупащIэ Беслъэн, Сэралъп Олег сымэ.

ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ фIыщIэ тхылъхэмкIэ, медалхэмкIэ, апхуэдэуи, саугъэт хэхахэмкIэ ягъэпэжащ.

 

 

 

Псы есыкIэ

Псы есынымкIэ мастер класс

Налшык щекIуэкIащ Урысейм псы есынымкIэ и спортсмен цIэрыIуэ, СССР-м, УФ-м плIэнейрэ я чемпион, 6-рэ дунейм и чемпион, Европэм 21-рэ и чемпион хъуа, Европэмрэ дуней псомрэ я рекордсмен, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Дунейпсо олимп комитетым щIыхь зиIэ и член Попов Александр и мастер-класс. Ар къыщызэрагъэпэщащ Налшык дэт Физкультурэ уардэ унэм.

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм къызэригъэпэща зэIущIэм хэтащ спорт школхэм я гъэсэнхэр.

Спортсмен цIэрыIуэр кърагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр  Къумахуэ Мухьэдин сымэ.

Попов Александр къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи спортым дихьэх ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэфIхэр яIэну.

Спортсмен цIэрыIуэм ныбжьыщIэхэр куэдкIэ еупщIащ икIи абы яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ. Апхуэдэуи абыхэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

АдэкIэ къызэхуэсахэр зэгъусэу бассейным кIуащ икIи мастер-классым хэтащ, дерс яхуэхъун куэди щызэхахащ.

Апхуэдэуи Попов Александр дзюдом зыхуэзыгъасэ ныбжьыщIэхэми яIущIащ, абыхэми спортым ехъулIэныгъэ щаIэн папщIэ къахуэщхьэпэну чэнджэщ куэд яритащ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

Читать также: