Зэхьэзэхуэм щыпашэхэр

Дзюдо

«Налшык» спорткомплексым щекIуэкIащ СССР-м дзюдомкIэ спортым и мастер Газаев Руслан и фэеплъу, 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуахэр хэту къызэрагъэпэща дзюдомкIэ япэ республикэпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмени 114-рэ къызэщIэзыубыда гупибгъу.

Япэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ «Налшык» спорткомплексым и гъэсэнхэу Лъэпщ Дамир, Биттиров Алихъан, Иттиев Самат, Теммоев Алан, Бышэн Аслъэнбэч, Дэхъу Хьэмид, Хуцинэ Рустам, Гъут Андемыр, Мусуков Алим, Ульясов Александр сымэ. Зэхьэзэхуэм спортсменхэр хуагъэхьэзыращ Дзухэ Беслъэнрэ Залымджэрийрэ.

ЕтIуанэ увыпIэр яубыдащ "ДЛФК"-м и гъэсэнхэм: Егужьокъуэ Тимур, Уэтэр СулътIан, Карпенкэ Артем, Мэремыкъуэ Тимур, Эндреев Ибрэхьим, Бичиев Исмэхьил, Зокаев Омар, Дадуев Суфьян, Къуэжакъ Саид, Процевский Назар. Тренерхэр Иванов Дмитрийрэ Апхудэ Анзоррэщ.

Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ  "Дзюдо КБР"-мрэ Бахъсэн къикIахэмрэ. "Дзюдо КБР"-м щыщхэт Быков Къантемыр, ПщыхьэщIэ Аслъэн, Ефэнды Астемыр, Беслъэней Алихъан, Гъуэтыж Инал, Къардэн Джамбулэт, Щоджэн Мухьэмэд, Ерчэн Тимур, Мэсей Атмир, Баллаев Ибрэхьим сымэ. ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Тау Азэмэтрэ ГъуэплъащIэ Астемыррэ.

Бахъсэн щыщ гупым хэтахэщ  Быгуэхэ Тимуррэ ТIэхьиррэ,  ПхытIыкI Мухьэмэд, Тау Ислъам, Цей Къантемыр, Щоджэн Къантемыр, Къэбардэ Данил, Ут Аслъэн сымэ. Тренерыр Хъупсырджэн Резуанщ.

ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ кубокхэмрэ медалхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ ягъэпэжащ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: