Гуапагъэм и къарур

А зэманым сыбалигъ ныкъуэхъут. Си адэмрэ сэрэ  циркым билет къэтщэхуну цIыху Iувым дыхэту дежьэрт. Сыхьэт бжыгъэкIэ дыщыта хъунщ ди чэзур къэмысу. Сытми, зы зэман, билет щапIэмрэ дэрэ дякум    зы унагъуэ фIэкIа къыдэмынэжауэ, дынэсыпащ. Абдеж дыщытыху  си нэр къатезмыгъэкIыу а унагъуэм сеплъащ.  Унагъуэ дахэт! ИкъукIэ сыдахьэхат абыхэм.

         Зэщхьэгъусэхэм быний яIэт, хуэбгъэфащэ зэрыхъунымкIэ,   илъэс 12-м нэхърэ нэхъыжь яхэмыту. Абыхэм ящыгъхэмкIэ къапщIэрт мылъкушхуэ зэракъуэмылъыр, ауэ щыхъукIи, ахэр къабзэу, екIуу хуэпат. Сабийхэр гъэса, Iэсэ защIэт. Ахэр я адэ-анэм яужь итт тIурытIу гуэшарэ я Iэпэр зэрыIыгъыу. Абыхэм къахуэгъэсыртэкъым циркым щеплъынур, ялъэгъунур я гурыфIыгъуэу  тепсэлъыхь зэпытт. Абыхэм я псалъэмакъымкIэ сэ къызгурыIуащ  ахэр  зэи циркым зэрыщымыIар.

         Зэщхьэгъусэхэм я щхьэр лъагэу  Iэтауэ абыхэм къахэплъэрт. ГурыIуэгъуэт мыхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу унагъуэ дахэу зэрыщытыр.

         Билет зыщэ бзылъхугъэр лIым къеупщIащ  цIыху дапщэ и гъусэми. ЦIыхухъум зэпIэзэрыту абы жэуап иритащ: «Сабийуэ 8, балигъыу 2 дохъу». Кассэм ис бзылъхугъэм  билетым хуэзэ ахъшэр  жиIа иужь, цIыхубзыр зэуэ нэщхъей къэхъуащ, лIыр къызэрыгузэвар и макъымкIэ зыхэпщIэу: «Дапщэ жыпIа?» - жиIэри, зэхихар и фIэщ мыхъуу аргуэру щIэупщIэжащ. ЕтIуанэу къыжраIа уасэми я гур фIы хуищIакъым абыхэм.

         КъызэрыщIэкIамкIэ, лIым и ахъшэр хурикъуртэкъым. Дауэт абы и быным дежкIэ зыкъигъазэу и ахъшэр  зэрыхуримыкъур къазэрыжриIэнур?..

         А псоми заул хъуауэ кIэлъыплъ си адэр и жыпым иIэбэщ, доллар 20 кърихри, зыIэпигъэхуащ (дэ бейуэ дыпсэуртэкъым, дыунагъуэ къызэрыгуэкI дыдэт). Си адэм зригъэзыхщ, ахъшэр  къищтэри, ди япэ ит лIым и плIэм теуIуэри жиIащ:

         «Ныбжьэгъу, къысхуэгъэгъу, ауэ мыр уи жыпым къихуащ».

         ЛIым, дауи, къыгурыIуащ Iуэхур зытетыр, абы си адэм и Iэр быдэу икъузри,  нэпсыр и нитIым щIэзми, и Iупэхэр зэтежу: «ФIыгъуэр Тхьэм къыпхуищIэ,   сыту Iуэхутхьэбзэшхуэ къытхуэпщIа», - жиIащ.

         Си адэмрэ сэрэ къэдгъазэри дыкъыщIэкIыжащ. А унагъуэ дахэм етта доллар 20-мкIэ дэ билет къэтщэхуну арат…

         А махуэм цирк деплъыну ди насып къимыхьами, дамэ къыттекIам хуэдэу тIури хуабжьу дынасыпыфIэт. А щытыкIэр куэдкIэ нэхъыфIщ циркым нэхърэ. А махуэм сэ къэсщIащ цIыхум зыгуэр хуэпщIэу бгъэгуфIэным и уасэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, зыхуащIэм нэхърэ хуэзыщIэр нэхъ насыпыфIэ щыхъу щыIэщ. ЦIыхухэм я нэхъыбэр щIэмынасыпыфIэр   езыхэм зыри ямыщIэу зыгуэрым щыгугъыу зэрыщысырщ.    Ар щыуагъэщ. КъыпхуащIэм и уасэр нэсу зыхэпщIэну ухуеймэ, уэри фIы щIэ.  Фи хъуреягъыр насыпыфIэ фщIыфу зевгъасэ.

Хепберн Одри.

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.

Поделиться: