Iууэйси и усыгъэр

 Нобэ фэдгъэцIыхуну усакIуэ бзылъхугъэр и лъэпкъкIэ узбекщ, и цIэ дыдэр: Iууэйси Джэхан-Атынщ (I78I-I845). Дунейпсо усыгъэм зэрыхэIуар «Iууэйси» цIэ леймкIэщ. Зэрытхэу щытар узбекыбзэм и чагатай къудамэрщ. И IэзагъкIэ, бзэр зэригъэIурыщIэ хъэтIкIэ Iууэйси хуагъадэ и лъэпкъэгъу цIыхубз усакIуэхэу Надирэ, Махзунэ сымэ. Щыри Коканд щэнхабзэкIэ зэджэ лъэхъэнэм хеубыдэ. 
 Маргилан къалэм, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ унагъуэм къыхэкIащ Iууэйси. Усыгъэ хабзэхэм хуезыгъэджар и адэрщ. ЩIалэу фызабэ хъуа цIыхубзыр и сабиитIыр и гъусэу Коканд Iэпхъуэжри, ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа, Умархъан тепщэм и щхьэгъусэ Надирэ нэIуасэ хуэхъуауэ щытащ. Нобэ абы и усэхэр узбек литературэм и хъугъуэфIыгъуэу къалъытэ, суфийхэм я классикэм хабжэ. Я нэхъыбэр «газель» жыхуаIэ, сатыр тIурытIу зэкIэлъыхьахэм хуэдэщ. 
  *   *   *
Уи лъагъуныгъэм узу хузепхьахэм уахоплъэ кIыхьу,
Уэ узылъыхъуэ пэжыр гупсэхугъуэ щыхъужыр усэрщ.
 
Гур умыгъэгъут, си Iэпкълъэпкъ, - уи лъапсэм и тепщэ закъуэр,
Хахуэм и дежкIэ зыри щIэхъумакъым, хуэхьынущ сытри.
 
Псалъэм гъуэгу пхэнжкIэ щиунэтIкIэ, захуэрщ ямыгъэпэжыр,
Бэлыхьым IэщIэкIам еупщIи, къащIэ бзэм къимыIуатэр. 
 
НысащIэм хуэдэу щтэIэщтаблэщ гуауэр – зызгъэпсэхужкъым,
Налмэсу си бзэ IэфIым и аркъэну, сошэщI щIагъыбзэр. 
 
Зигу иудам и фIэщ сыт пхуэщIыжынур - си хамэщ цIыхухэр,
Iэпхлъэпхыу гъуэгу техьам сыт и бэкъуэкIэ - солъэпэрапэ. 
 
Тхыгъэр соух, нэсащи едзыгъуиблыр, си ныбжьэгъу лъапIэ, 
ГугъапIэу къысхуэнэжыр уи сатырхэу гу къабзэм къипхырщ. 
 
Хьисэ къэпсалъэ, гущэмэ, Iууэйси къэтэджыжынут:
Уи усэхэм фIэкIа ар гъащIэкIэ зыщыгугъыжIакъым.
 
   * * *
Ихъуреягъыр итхьэкъуныр а зи гур мывэм и кIэнджэгущ, 
ЗыхищIэм делэ ихъукIыныр сигу мызэгъэжым и кIэнджэгущ.
 
Дэтхэнэ зыри еIубынущ кIэух зимыIэжыну гъащIэм,
Абдеж уи псапэр пхуримыкъуу, утыку къинэныр мыкIэнджэгу. 
 
ГъащIэм и уасэр зыхэзыщIэм налкъутналмэсу ихъумэнти,
Налкъутналмэсым ещхьу, нэпсхэр егъэжэхыныр си кIэнджэгущ. 
 
МымелыIычу пIэр згъафIэр, е цIыху, хьэмэ нэщыпхъуэзехьэ?
ПщылI пэжхэм ягухэр яIуэныр сыт щыгъуи хъанхэм я кIэнджэгущ. 
 
Уа Iууэйси! Уи гум и щэхухэр уэ хуумыIуатэ фIыуэ плъагъум,
УхьэщIэм – хьэщIэу щыт, ар гугъукъым, зэшыр пщхьэщызыхын кIэнджэгущ.
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: