Псалъэпкъ гъазэ

«Къуэ» псалъэм къытепщIыкIахэр

Къуэ - куууэ псым диха щIыналъэ, уэх;

КъуэтIыхь - быдапIэм и хъуреягъкIэ Iуащхьэ лъагэу зэтетхъуауэ къекIуэкI шытх, быдапIэр къызэратIыхь къуэ;

КъуэтIыгъэ - (жьы хъуа псалъэщ) - зыгуэрым и кIыхьагъкIэ ирикIуэу датIыкIа щIытI;

Къуэшыхь - куууэ дэкI къуэм и кIэух, и лъэныкъуитIымкIи джабэ къыIуту;

Къуае - къуэ дыхьэгъуей;

КъуакIэ, къуэкIий - къуэ дэха, дэуда;

Къуащхьэ - къуэ, къуэкIий дэкIыр ищхьэхэмкIэ щиух щIыпIэ;

Къуэдэгу - къуэ куу, къуэ Iэуэлъауэншэ;

Къуэдыдж - къуэ зэв куу, щыхупIэ куу;

КъуэкIий нэф (къуэнэф) - псым диха къуэладжэ зэв, даущыншэ;

КъуакIэ - Iузэу, чэнжу дэха уэх, къуэ;

КъуакIэбгыкIэ - тафэу щымыт, къуэ, бгы куэду здэщыIэ щIыпIэ.

«Дзэ» псалъэм къызэригъэдзэкIхэр

Дзэ - зауэ хуэIухуэщIэ къарухэр.

Дзэзешэ - дзэм и пашэ.

ДзакIуэ – дзашэ, дзэзешэ.

ДзакIуэ пашэ - дзэм ипэ ит пакIэ.

Дзапщэ, дзэ пашэ (дзакIуэ пашэ) - «Дзэ пашэу шу щхьэмыгъазэхэр биидзэм зэдобгъэрыкIуэ».

Дзэпщ - дзэм я Iэтащхьэ, я унафэщI.

Дзэгъасэ - дзэ пакIэм и унафэщI.

Дзэгъуэлъ - гъуэгу тет дзэ пакIэм я зыгъэпсэхугъуэ.

ДзэгъуэлъыпIэ - дзэм зыщигъэпсэху щIыпIэ.

ДзэкIэ - дзэм и кIэ дыдэр.

Дзэхъумэ - дзэ зызыгъэпсэхум е гъуэгу техьам зэрымыщIэкIэ къытемыуэн папщIэ, бийм кIэлъыплъ дзэ пакIэ; плъыр, къэрэгъул.

Дзэшу - зауэлI шу.

 «Жьы»-м дежьухэр

Жьыпэу, жьыугъуэджэ - жьы къыщемыпщэ щIыпIэ («унэ блыниплIри сэ зыкIи жьыпэу а махуэм схуэмыхъут»).

Жьыуейпсыуей - жьыи къепщэу, уэшхи къешхыу; уэтIпсытI.

Жьыху - 1. Жьы иризыщIрагъэхуу IэкIэ яIыгъ хьэпшып. 2. Псэуалъэхэр щIыIэтыIэ зэращI иджырей электроIэмэпсымэ.

Жьычу - «жьычу зэщIэщтыхьэн», «щIымахуэ жьычым», «дунейри жьычу зэщIэщтыхьауэ».

ЖьыщIэху - жьы мащIэ къыщепщэ (пщэдджыжь, пщыхьэщхьэ).

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: