СпортТхэквондо ТхэквондомкIэ 6-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Тайландым щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ къэрал 21-м къикIа спортсмен лъэрызехьэу 2000-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу илъэс 12 – 14 хъухэм я гупым хэтащ Тхьэмокъуэ Элинэрэ (килограмм 33-рэ) Къэзанш Къасболэтрэ (килограмм 57-рэ) - тIуми япэ увыпIэр яубыдащ. Абы къегъэлъагъуэ ди спортсмен ныбжьыщIэхэр Урысейм и командэ къыхэхам лъабжьэ хуэхъуахэм зэращыщыр. Иджы ахэр кIуэнущ дызыхуэкIуэ мазэм Боснием щызэхэтыну дунейпсо чемпионатми, дащыгугъынщ я текIуэныгъэхэмкIэ дагъэгуфIэну. Атлетикэ псынщIэ ТIуми домбеякъ медаль къахь Белоруссием и Брест къалэм спортсмен 400-м нэблагъэ зыхэта зэпеуэ щекIуэкIащ мы къэралыгъуэм и Кубокыр къэхьыным щIэбэну. Урысейм икIа спортсменхэр 22-рэ хъурт. Абыхэм яхэта, ди республикэм щыщ Добренький Александр дискыр нэхъ жыжьэу дзынымкIэ ещанэ увыпIэр къихьри, домбеякъ медалыр къратащ. Мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ илъэс 18 нэхърэ мынэхъыжьхэм я Урысейпсо зэпеуэ Москва щекIуэкIати, ди щIыпIэм щыщ Уэзрокъуэ Роман ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Дзюдо МедалищкIэ къыхожаныкI Урысейпсо зэхьэзэхуэу Армавир щекIуэкIам Къэбэрдей- Балъкъэрым икIа спортсменхэм медалищ къыщахьащ. Мыбы хэтащ илъэс 21-рэ нэхърэ мынэхъыжь щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ - щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 25-м щыщу ц1ыху 300-м щIигъу. Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэр зыхэта гупым япэ увыпIэр щиубыдри, дыщэ медаль къихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Шад Алымбэч. Иджы ар хэтынущ бжьыхьэм Тулэ щекIуэкIыну Урысейпсо чемпионатым. Адрейхэу ди командэм къыхэжаныкIар ещанэ увыпIэр къэзыхьу домбеякъ медаль къызрата Жэмыхъуэ Маратрэ (килограмм 66-рэ) Мэкъуауэ Рустамрэщ (килограмм 81-рэ).
Самбэ Пэнагуэ Казбек и фэеплъу СССР-м спортымкIэ и мастер Пэнагуэ Казбек и фэеплъу 26-нэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ Тэрч къалэм. Мыбы хэтащ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ 25-м къикIа спортсмени 130-рэ. Я хьэлъагъ елъытакIэ гупийуэ ягуэшауэ щытащ зэпеуэм кърихьэлIахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медалих къахьащ. Зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Къыз Айдамыр (килограмм 53-рэ), ЗэкIурей Къаплъэн (килограмм 64-рэ), Къущхьэ Жамболэт (килограмм 88-рэ). ЕтIуанэ увыпIэр Бабыгуей Олег (килограмм 79-рэ), ещанэр КъуэщIысокъуэ Идаррэ ХъутIэ Тамерланрэ (килограмм 64-рэ) къахьащ. ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
|