Бхартрихари

       Бхартрихари (570-651) къызэрежьар пащтыхьущ. Индием нэхъ лъагэ дыдэу къыщалъытэ брахман лIакъуэм щыщ и адэр дунейм ехыжа нэужь, тепщэгъуэр къыIэрыхьэри, унафэр илъэс зыбжанэкIэ IэщIэлъауэ, Бхартрихари и лъагъуныгъэ насыпыншэр щхьэусыгъуэ хуэхъури, инд щихъхэм зэращIым ещхьу, мэзым щIыхьэжащ, уни жьэгуи къигъанэри. Зи пычыгъуэ къэтхь «Шатакатрая» усэ тхылъыр дунейм къыщытехьар а зэманырщ, зэрытхар санкскрит пасэрей бзэрщ.

1

Сыт тэмакъкIыхьхэм Iэщэ зэращIынур? Сыт тэмакъкIэщIхэм бий къыщIалъыхъуэр? Благъэ зиIэр блэм щремышынэ. ЩIэныгъэ лъагэм теIэбар мылъку хуэныкъуэж? ЩэныфIэм сыт дыщэхэкIкIэ зыщIигъэщIэращIэр? Зыгуэрым ухуэIэзэмэ, сыт къулыкъу зэрыпщIынур?

2

ЩэныфIэм акъылыншэу теIукIащ, цIыху зэтетым – къызыфIэщIыжауэ. ЦIыху пэжыр яфIэнэпсейщ, хахуэр яфIэгущIэгъуншэщ, хьэрэмыгъэншэм жыжьэ нэмысу хужаIэ, нэмысыфIэу псалъэр лIыгъэншэщ, жьакIуэр яфIэпсэлъэрейщ.    

КIэрымылъ гуэр зыкIэрамылъхьа цIыху нэгъэса щыIэу пIэрэ, мыхьэнэншэхэм ямыгъэпудауэ?

3

Зэм щIым ущыукIурийуэ ущыжеинкIи хъунщ, зэм – пIэ щабэм. Зэм бгъуэтIамэ къэбулъэпхъэщынщи, къэкIыгъэхэкIкIэ зыбгъэнщIынщ, зэми – ерыскъы хэплъыхьа къыпIухуэнщ. Дыгъуасэ щыгъын ныкъуэлажьэ пщыгъащ, нобэ зыкъыбохыпэ. ЩылIи щытхъи, гу зыкIуэцIылъыр къимыкIуэту и плъапIэм хуокIуэ.

4

ЩIэныгъэншэр арэзы пщIыну тыншщ жыпIэмэ, цIыху Iущыр арэзы пщIыну нэхъ тыншыжщ. Ауэ езы Тхьэшхуэми арэзы хуэхъунукъым хэт нэхъри нэхъыбэ ищIэу зыкъызыщыхъуж акъылыншэр.

5

Мыхьэнэншэр зыбгъэдэхун хуейщ, щIэныгъэкIэ гъэщIэрэщIами. ДыщэхэкI кIэрыщIа щхьэкIэ, блэм ущышынэн къанэрэ?

6

Щымыр бзагуэ къафIэщIынущ, жьакIуэр  зи жьэ зэщIэмыхьэ псэлъэрейуэ, гъунэгъуу щытыр  нэмысыншэу, IукIуэтар - гу зыкIуэцIымылъу, тэмакъкIыхьыр – шынэкъэрабгъэу, тэмакъкIэщIыр – къызыхэкIар мыщIагъуэу.  ЩэныфIагъым и щэхур бзыщIащ, псори зыщIэ цIыхушхуэхэми ящIэркъым ар.

     ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.   

 

Поделиться:

Читать также: