Насыпыр дахагъэкIэ ягуэшкъым

Iуэтэж

Иринэ илъэсих щыхъум зэрымыдахэр къищIащ. Абы щыгъуэ а цIыкIужьейм сытыт дахагъэм  хищIыкIыр, теплъэращ жыхуэсIэр. Абы псом нэхърэ нэхъ дахэу  къыщыхъур ар зыщIэс сабий унэр къэзылъэсу, зэщIэзыкъуэу щылажьэ Поля бзылъхугъэ угъурлырт. Хъыджэбз цIыкIухэм загъэщIагъуэу щхьэж иIэ цIуугъэнэхэр къыщызэкъуахкIэ, Иринэ ахэр зэримыпэсу жиIэрт:

         -Сыт мыбы Iэпщэхъути тхьэгъути жыхуаIэхэр зиIысыр си Поля и дахагъым елъытауэ.  Абы сэ дапщэщи IэплIэ гуапэу къысхуещI, къысхуогуфIэ, Iэф1ыкIэкIэ сегъэтхъэж, ар щIэдахэ дыддэр зэрыцIыхуфIращ.

         - Ар уэракъым зызейр, - къыхуэгубжьырт Иринэ  сабий унэм къыдыщIэсхэр. – Ар уэ уи хамэщ, абы езым и бын, унагъуэ иIэжщ, уэ  ухамэщ, уэ ухыфIадзащ, - къызэрыжраIэу, Иринэ къарууэ иIэр зэхилъхьэрти,   и жагъуэ къэзыщIхэм езауэрт. ЗэуэкIи ищIэрэт абы сытми? Ауэ  игъэузу дзакъэрт, мис иджы, зымахуэ зэрызауэрэ и зы дзэр хосэсыхь. А къехъурджауэ хъыджэбз цIыкIухэм зэрахьэ хьэпшыпхэм щыщу зыми ехъуапсэртэкъым ар, ауэ Нусэ цIыкIу и щхьэцыгъуэм екIуу хиухуанэ   дарий щэкI плъыжьым  хуэдэ иIэну  хуейт. Сытми, жэщ гуэрым, ар  щэхуу кIуэри,  Нусэ и щхьэцхэлъхьэр къидыгъуащ. Нэху  зэрыщу зыхилъхьэри къыщIэувати, Нусэ абы зыри къыжриIэфакъым, гъащ армыхъу.  Апхуэдэу щыхъум, Иринэ  а  цIыкIур фIэгуэныхь  хъури и  щхьэцхэлъхьэр иритыжат, ауэ Нусэ адэ-анэ къигъуэта иужь и щхьэцхэлъхьэр езым и IэкIэ Иринэ тыгъэ къыхуищIауэ щытащ.  Иринэ быдэу и фIэщ хъурт  Нусэ адэ-анэ къызэригъуэтар а щхьэцхэлъхьэм  и фIыгъэу, абы мэгъу къару хэлъу. Арати, езыми щхьэцхэлъхьэр махуэ къэмынэу и щхьэцым хиухуанэрт.

         Хъыджэбз цIыкIур адэ-анэм, унагъуэм зэрыщIэхъуэпсым и хъыбар щIэх-щIэхыурэ Поля жриIэрт, апхуэдэу  и щхьэцхэлъхьэм и хъыбар  къытригъэзэжурэ хуиIуатэрти, абы зэрыщыгугъыр дыщIигъужырт…

         Иринэ зэмыдахэр къыщищIа  махуэм ар насыпыфIэ зэрыхъуауэ щытар зэи и гум  ихужынкъым. Хъыджэбз цIыкIум Поля   жыжьэу къилъагъури, абы IэплIэ хуищIыну кIэлъыщIэпхъуати, лъэщIэмыхьэурэ Поля сабий унэм и унафэщIыр зыщIэс пэшым щIыхьащ. Арати, Иринэ мурад ищIащ абы пэплъэну.  Пэшыбжэр  дамэдазэти, жаIэр  зэхэпхырт.

         -Хьэуэ, здэркъым, Полинэ Яковлевнэ, уэри укъытемыхьэ, сабийри къомыгъэбырсей, - жиIэрт унафэщIым. – Ар хъунукъым, хъу-ну-къым-къыбгурыIуэрэ?

         -Татьянэ Арнольдовнэ, уэ пщIащэрэт ар унагъуэм, адэ-анэм зэрыщIэхъуэпсыр. Си гур щIоуз тхьэмыщкIэ цIыкIум…

         - Сэ ар зыми залымыгъэкIэ къысхуегъэщтэнукъым, уэри зэрыпщIэщи, адэ-анэм езым зыхуей сабийращ къыхахыр. Къыхах хабзэр - нэхъ дахэ цIыкIухэмрэ узыншэхэмрэщ. Апхуэдэхэри къыщытхуашэж щыIэщ.  Иринэ цIыкIу, уэри зэрыплъагъущи, сабий дахэхэм ящыщкъым, абы къыхэкIыу  ар зыгуэрым къащтэнуи фIэщ щIыгъуейщ.

         Ар зэрызэхихыу, Иринэ  къэщтащ. Езырат зытепсэлъыхьыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар дахэкъым… Сытым хуэдэу  ар зэгугъужрэт адэ-анэхэр къахэплъэну къащыхуэкIуэкIэ, зигъэщIэращIэрти, зэрифIэщкIэ гуфIэрт, жаIэр пэжмэ,  сабий нэщхъейхэр зыми фIыуэ ялъагъуркъым. А цIыкIум и нэпсхэр щхьэхуимыту къыфIежэхащ, зэрыхъумкIэ, абы зэи адэ-анэ иIэнукъым, ар дахэкъым - мыдахэхэр къащтэркъым…

         -Иринэ сабий узыншэщ, губзыгъэ цIыкIущ, укъыздэIэпыкъумэ, къэсщтэнут, - трегъэчыныхь Поля.

         -Еплъ абы жиIэм. Сыт сэ иджы сщIэнур? - жиIэри дакъикъэкIэ щыму щысри, щIигъужащ. - ЗыкIи укъысхуэгъэгугъэнукъым, ауэ схузэфIэкI пхуэсщIэнщ, зэкIэ Иринэ къапщтэурэ унэм щыбгъэIэну хуитыныгъэ къыпхудэсхынщ.

         -Татьянэ Арнольдовнэ, сыту себгъэхъулIа. Иринэ – сысейм хуэдэу  фIыуэ слъэгъуащ, езыми сыкъызэрилъагъур сощIэ. Сыхуейкъым ар нэгъуэщIым къищтэну. Ар сэращ зи пхъур…

         Иринэ хуэмышэчу бжэр Iуиудщ, пэшым щIэлъадэри:

         -Мамэ, мамэ – сэ сщIэрт уэ узэрызианэр, уэ сыкъомыцIыху щIыкIэ къэсщIат   ар, - жиIэурэ  Иринэ Поля IэплIэ хуещI. – Щхьэцхэлъхьэ плъыжьыр сэбэп хъуащ, - зэрыжиIэу, зыхуэмыIыгъыу магъ. - Мамэ, умышынэ, сэ сыгъринэкъым, иджыпсту тIэкIу  сыгъынурэ сыбэяужынущ.

         -Умыгузавэ, си хъыджэбз цIыкIу, сэ езыр, зэрыплъагъущи, сыгъринэщ, - жиIэурэ Поля и нэпсхэри ирелъэщIэкI.

***

Иджы Иринэ анэм и закъуэтэкъым иIэ хъуар, атIэ илъэсищ фIэкIа мыхъуу шыпхъу нэхъыщIэ ЛидэкIэ еджэу   къыдэхъурт.  ЗэшыпхъуитIым я псэр зы чысэм илът, зэи зэкIэрыкIыртэкъым. Ауэ кIуэ пэтми, Лидэ хъыджэбз дахэ дыдэ къищIыкIырт.  Иринэ класс нэхъыжьхэм  щIэсу и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIухэм щIалэхэм гулъытэ къыхуащIын щIадза иужьщ зэрымыдахэр къыщыгурыIуар. ЩIалэ цIыкIухэм я гулъытэ хуэныкъуэу аратэкъым ар, ауэ  и ныбжьэгъу Сашэ щIалэхэм тыгъэ къыхуащIу, усэхэр хуатхыу иужь къызэритым щехъуапсэ, уеблэмэ щыхузэгуэп  щыIэт.

         Иринэ фIы дыдэу еджэрти, дыщэ медалкIэ  къиухыну зигъэхьэзырырт. Сашэ  модельхэр щагъэхьэзырым щIэтIысхьэну и мурадти, зымахуэ  сурэт зытригъэхри, агенствэ цIэрыIуэ гуэрым яхуигъэхьащ  и насып къихьмэ, еплъыну. Жэуапыр куэдрэ къэкIуэжакъым, сытми, махуэ гуэрым абыхэм къаIэрыхьа  тхыгъэм итыр мырат. Сашэ  агенствэм ягу ирихьатэкъым, ауэ сурэтхэм язым зэрымыщIэкIэ къища Иринэ  я деж щеджэну ирагъэблагъэрт.  Ар дауэ? Иринэ дахэкъым…

Насыпым и къарум еплъыну, Иринэ  тегушхуэри езыгъэблэгъахэм я деж  кIуащ. Мис абы щагъэщIэрэщIа, и щхьэцхэр дахэу хуащIа иужьщ хъыджэбзым и гуакIуагъэр къыщыщIэщар.   Куэд дыдэ итхьэкъуат хъыджэбз мыцIыхум и теплъэ къызэрымыкIуэм. Зэманышхуэ дэмыкIыу Иринэ модель цIэрыIуэ хъури  и анэмрэ и шыпхъумрэ   щIым щыт унэ зэпэщ къахуищэхуащ, унагъуэ ихьэри бынищ игъуэтауэ  мэпсэу. ИтIанэ, ар мылъкукIэ  ядэIэпыкъу зэпытщ езым анэ къыщигъуэта сабий унэм. Мис аращ насыпыр дахагъэкIэ ягуэшкъым щIыжаIар!

 Майдоровская Верэ.

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.

Поделиться:

Читать также: