Сабийхэм папщIэ

Сабий  цIыкIу  къытхэхъуар

Тхурехъу лъэпкъым цIыху щыпкъэ.

Дуней нэху къызытехьам

Трырет сыткIи ар хъуэпсэгъуэу.

Япэу и нэр къызэрыплъэу,

КъыщIэукI Iуплъау цIыхуфI,

Хьэуа къабзэу жьыдишар

Iэпкълъэпкъ псом хурырехъу къару.

И унагъуэу здахьыжыным

Хурырехь насып, берчэт.

И Iыхьлы къыхуэгуфIэнхэм

Щхьэщихыну Iейр къыщIыкI.

Езы цIыкIур кърехъу уардэу,

Узи лажъи IурекIуэт.

КъарууфIэрэ гуащIафIэу

Хрегъахъуэ махуэ къэс.

 ***

Фи бын дыдэм ефIэкIыжу

ЩIэблэ цIыкIу фэ къыфхэхъуащ.

Тхьэшхуэм жиIэ ар къэхъуну,

КъыхэкIыну  щIалэ (е хъыджэбз) нэс.

Дадэ, нанэ жиIэу гуфIэу

Ар фи IэплIэм ирырес,

Гуауи  жагъуи фщхьэщихыфу,

Фи жьэгу пащхъэм дырырес

НасыпыфIэу фи унагъуэм

ГъащIэу иIэр щрырехь

Узыншагъи IуэхуфI куэди

КъыдэкIуэну къыщIыукI.

 ***

Зи нэ  цIыкIуитIыр пыжьынэ

Зи нэгу угъурлыр къигуфIыкI

Зигу зэIухауэ хэткIи гуапэ,

Iуэху ищIэн хуеймэ,  мыщхьэх.

ИкъукIэ зэпэщщ уи еджэныр,

Ныбжъэгъу фIэрафIэхэр уи куэдщ.

ПщIэ яхубощIыр нэхъыжьхэм,

Я псалъэр  тIу зэи умыщI.

Мэлэчыпхъу хуэдэу губзыгъэ,

Лашын ещхьыфэу мыщхьэх,

Уи теплъэр ещхьщ Дахэнагъуэ,

Iэдииху хуэдэу Iэдэбщ.

Ди хъыджэбз дахэ, ефIакIуэ,

Адыгэ пщащэу зыгъэIу,

Уи адэ-анэр бгъэлъапIэу,

Дэнэ утыкуи къикIыж.

 ***

ЩIылъэм  уи  лъэр  теуващи,

Алихъан (сабийм и цIэр) уэ дынохъуэхъу,

Гъуэгу ин пкIуну къыппэщылъщи,

Ухъу ар захуэ, джафэ, нэху.

Уагъэсэнущ дади нани,

Ар уи дежкIэ насып инщ,

УапIыжыну мами папи

Мы ди Тхьэшхуэм дыпхуолъэIу.

Къэхъу уэ  фIыхэм урафIыжу,

Къыбдалъхуахэр гъэгуфIэф,

«ЩIалэфIщ» жаIэу узыхыхьэм

АдыгэлIу къахэкIыж.

Щрет къаплъэр уэ къохъуапсэу,

Зым и Iей къыплъыремыс

Уи псэм фIэфIыр уэ къохъулIэу,

ГъащIэ кIыхь бгъэщIэну сфIэфIщ.

 

 

Фи сабийхэр я анэшхуэ-адэшхуэхэм евгъэхъуэхъу

 Дадэ (нанэ) зиIэм нэхъ къулей

СщIэркъым тету мы дунейм.

Дадэ уиIэм уиIэщ  хабзэ,

УиIэщ щапхъэ, уиIэщ мылъку.

Збгъэдэлъщ сэ а фIыгъуэ иныр,

Дадэ фIыщIэ уэ пхузощI.

Тхуэпсэу куэдрэ дыбгъэгуфIэу,

Тхуэбгъэнэхуу ди дунейр.

* **

Си нанэ(е дадэ) дахэу зым хуэзмыгъадэ,

Зи куэщIым сисурэ сэ сыкъэхъуа,

Уи нэгур гуапэу, уи псалъэр Iущу

ХьэлыфI къэсщтэнкIэ зэи емыша,

Сыт пхуэмыфащэу щыIэр, къызжеIэт,

Уи къару къихьу сыт къэбгъэна?

Псоми зыгуэркIэ сатебгъэкIуэну,

Сыту уэ куэдрэ гугъу  уезгъэхьа!

А псом пэкIуэну, си нанэ (е дадэ) дыщэ,

Сэ пхуэсщIэн хуейуэ куэд си пщэм дэлъщ.

Ауэ мы зэкIэ сэ уэ бжызоIэ,

СлъэкIыхукIэ  уи пщIэр лъагэу сIэтынщ.

* **

Си нанэ лъапIэ!

ХэтхъукIынум уи щхьэц  налъэ,

Щрет жъыгъэм и Iэужьу,

КъекIуэн хъумэ нэпс ткIуэпс уи нэм,

Щхьэусыгъуэ ухъу гуфIэгъуэ,

Гузэвэн хуей хъумэ уи гур,

КъыщIрекI ар фIы хъужыну.

КъопIэстхъыну хуежьэм узыр

КъыщIыкI щыIэу и хущхъуэгъуэ,

Бгъэвын хуей хъум нэщхъеягъуэ ,

Нремыс Iей дыдэу узым.

 ***

 «Дадэ (е нанэ ) нэхъыфI дыдэм», - жиIэу тетхауэ

Орден гъуэзэджэ щыIатэм

Зы цIыкIукIэ сымычэнджащэу,

Ар уэ, си дадэ, (е нанэ) уэстынт.

Уэ пхуэдэ псоми яIатэм,

Сабийхэр жыIэдэIуэнт,

Хабзэ, цIыхугъэ яхэлъу,

Дэ псори дыкъыздэхъунт.

Тхьэм утхуигъэпсэу куэдрэ, куэдрэ.

Поделиться: