Бунин Иванрэ ЛIыкIуэ лъапIэмрэ ЛIыкIуэ лъапIэм и щхьэгъусэ Сафия и лъэпкъкIэ журту щытащ. Журтхэмрэ муслъымэнхэмрэ щызэзэуа Хъэйбар зэпэщIэтыныгъэм гъэру щаубыда цIыхубзхэм яхэту, ЛIыкIуэ лъапIэм и пащхьэ ирашат ар.
Хъыджэбз лъагъугъуафIэу щыта Сафия и нэкIум дыркъуэ телът. «Дэнэ мыр къыздикIар?» - еупщIащ хъыджэбзым ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхар. КъызэрыщIэкIымкIэ, и лIыр къеуауэ арат. И куэщIым мазэр къихуауэ пщIыхьэпIэ илъэгъуат Сафия. Зыхуихьынур имыщIэу, ар и щхьэгъусэм щыжриIэжым, модрейр зыкъишэщIри къеуащ: «Уэ муслъымэнхэм я ЛIыкIуэ Мухьэмэдым удэкIуэну уехъуапсэу аращ!» - жиIэри. Зэрыхъуари аращ. Сафия муслъымэн диным къихьэри, ЛIыкIуэ лъапIэм щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ. И щхьэгъусэу щытар Хъэйбар зауэм хэкIуэдат.
Хамэ лъэпкъым зэрыщыщым ищIыIужкIэ, муслъымэнхэм къеныкъуэкъу журтхэм зэращыщымкIэ адрей цIыхубзхэм ираудых щыхъум, хъыджэбзыр Мухьэмэд Бегъымбарым хуэтхьэусыхащ. ЛIыкIуэ лъапIэми, зэрихабзэу, жэуапым я нэхъ дахэр къигъуэтащ, зыри къыпамыдзыжыфын хуэдэу. А хъыбарырщ зытеухар урыс усакIуэ Бунин Иван «Мухьэмэдрэ Сафиярэ» зыфIища усэр. «Ибрэхьим – си адэщ», - жиIэм къригъэкIыр хьэрыпхэри журтхэри Ибрэхьим-бегъымбарым къызэрытепщIыкIарщ. Мусэ лъапIэр - журтхэм я бегъымбарщ. Нэхъыщхьэращи, хъыджэбзыр Мухьэмэд Бегъымбарым щхьэгъусэ зэрыхуэхъуам ар нэхъ лъапIэж зэрищIарщ. Апхуэдэу дахэу цIыхубз зэныкъуэкъум кIэ иритауэ щытащ Алыхьталэм и нэфIыр зыщыхуам.
БУНИН Иван
Мухьэмэдрэ Сафиярэ
Сафия къоушри, и щхьэц фIыцIэ кIыхьым
Нэпсыр хеухуанэ:
«Журтыжь цIыкIу» къызжаIэ, Мухьэмэд, сыт сщIэнур?» -
И лIым хуогъынанэ.
Щабэу пыгуфIыкIыу къопсэлъэж и псэгъур:
«ЯжепIэн уи куэдщ:
Ибрэхьим – си адэщ,
си адэ къуэшыр – Мусэщ,
си лIыр - Мухьэмэдщ».
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
08.05.2024 - 13:05 →
ЩIэныгъэлI усакIуэхэр
|