СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

Мас-рестлингымкIэ турнир зэIуха

«Кавказ мамыр» ХII Урысейпсо щэнхабзэ-спорт фестивалым хыхьэу иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIащ мас-рестлингымкIэ зэпеуэ. Абы кърихьэлIащ ди къэралым и щIыналъэхэм я спортсмени 100-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль 13 абы къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр щаубыдащ Тхьэгъэпсо Вадим, Бекъан Ратмир, Джэрыджэ Айдэмыр, ЛъэнкIэпIашэ Расим, Ало Андемыр, Къармокъуэ Даянэ сымэ. Дыжьын медалхэр къахьащ Къардэн Дамирэ, Мамхэгъ Асирэ, Сатушы Тамерлан сымэ. Ещанэхэр Къардэн Тамирлан, Атабаев Инал, Мэршэнкъул Лианэ, Урчуковэ Заринэ сымэщ.

 

«Бжьыхьэ дыщафэм» зэхуешэс

Жэпуэгъуэм и 13 - 14-хэм Налшык щекIуэкIащ щIыналъэхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я зэхьэзэхуэр, «Бжьыхьэ дыщафэ» фIэщыгъэр зезыхьэр. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Ставрополь крайм я спортсмен ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту цIыху 300-м щIигъу.

Ди республикэм и щIыхьыр яхъумэу зэпеуэм хэтащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и олимп джэгухэм хэтыфынухэр абыхэм щыхуагъэхьэзыр спорт еджапIэм, Олимп джэгухэм я чемпионкэ Ласицкене Марие и цIэр зэрихьэу Прохладнэ къалэ дэт апхуэдэ зыгъэсапIэм, Май къалэм и щIэныгъэ гуэдзэ щрагъэгъуэту и еджапIэм и гъэсэнхэр. Псори зэхэту абыхэм къахьащ дыщэ медалу 22-рэ, дыжьыну 22-рэ, домбеякъыу - 19.

Сабийхэр зохьэзэхуэ

Зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Къэщкъэтау щекIуэкIащ. Ар траухуауэ щытащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13 - 14-хэм ди республикэм къыщыхъуа гуауэм.

Мы гъэм ар 15-нэу ирагъэкIуэкIащ икIи ар къызэрыхах зэпеуэу щытащ. Абы бжьыпэр щызыубыдахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынущ.

Зэпеуэм кърихьэлIат сабийуэ, ныбжьыщIэу 200-м щIигъу, гупищу гуэшауэ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ.

 

Мамбэт Албэч дыжьын медаль къехь

Санкт-Петербург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ студентхэм я 3-нэ урысейпсо джэгухэр. Абы щызэпеуащ Олимп джэгухэм хэмыхьэ лъэпкъ спорт лIэужьыгъуэу 12-кIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу сумомкIэ абы зыкъыщигъэлъэгъуащ КъБКъУ-м и студент Мамхэгъ Албэч икIи и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Ди щIалэр щыбанэр килограмм 77-рэ хъухэм я дежщ. Зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм Албэч пэлъэщакъым Санкт-Петербург щыщ студент Алтыев Руслан.

Мамхэгъ Албэч зыгъасэр Бэджыдэ Рустамщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: