Тренер цIэрыIуэр ящымыгъупщэуНалшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэ, Лобжанидзе Владимир и фэеплъу къызэрагъэпэщауэ. Абы щызэпеуащ илъэс 12 - 14 зи ныбжь бэнакIуэ цIыкIухэр. Зэхьэзэхуэм хэтащ «Арена» спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Уэртэн Расимрэ (кг 52-рэ) ХъуэкIуэн Ильхамрэ (кг 57-рэ) дыщэ медалхэр къахьащ. Кумыщ Ислъам етIуанэ хъуащ (кг 57-рэ). ТIэхъу Идаррэ (кг 32-рэ) Бекъул Тамерланрэ (кг 41-рэ) – ещанэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр игъэпажащ медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|