Къуныжь Ролан и дыщэ медалырДзюдо Урысей Федерацэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэу иджыблагъэ Тулэ къалэм щекIуэкIар Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэ Къуныжь Ролан хуэугъурлащ. Зэпеуэр зэрекIуэкIам теухуа хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм. Адыгэ щIалэм кIэух зэхьэзэхуэм нэсын папщIэ зэIущIитху зэкIэлъхьэужьу къихьри, дыщэ медалым щхьэкIэ пэщIэуващ Мэзкуу областым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм щыбанэ Губиев Дамир. Къуныжьым абы зы Iэмал закъуи иритакъым къытекIуэну, уеблэмэ зэIущIэм хухаха зэманыр и кIэм нимыгъэсу ар къыфIихьащ. Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 69-м къикIауэ, Донецк Республикэри хэту, илъэс 18-20 зи ныбжь бэнакIуэ 620-рэ.
НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|