УФ-м и чемпионатым зыхуагъэхьэзырКъэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ спортсмени 130-рэ. ГуащIэу икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медалиплI къыхахащ. Килограмм 87-рэ хъухэм я деж щыбанэ Къып Амир дыщэ медаль къихьащ. ЕтIуанэ увыпIэм дэкIуеящ Чыл Казбекрэ (кг 82-рэ), Темырчы Темырланрэ (кг 63-рэ). Ещанэ хъуащ Хъуп Астемыр (кг 60). КIэух зэхьэзэхуэм хэта спортсменхэм Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионатым я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуэну. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|