Зауэ нэужьым

Гъуэгуанэ тхыгъэхэр

Лъэхъэнэ бзаджэт. Зауэ нэужьт. Гъаблэт, цIыхухэм яшхын яIэтэкъым.
Зи щхьэгъусэр зауэм хэкIуэда цIыхубзым сабииплI къыхуэнат, абы и мызакъуэу, и шыпхъу бынхэри езым зришэлIэжауэ ипIырт. Жэщыр хэкIуэтауэ къадыгъуауэ нартыху пут къыхуIуашэри къищэхуат Марзидан. Ар пкIэм дрихьейри щигъэпщкIуащ, мащIэ-мащIэурэ сабийхэм хьэнтхъупс яхуищIурэ яригъэшхыну.
Абы щыгъуэ нчвыдым и унафэщIыр лIы бзаджэ дыдэу Менлыкъуэ Хъызырт. Къэгъазэ, щысхь жыхуаIэр зыми хуэзымыщIт. Гъавэ IэмыщIэ щхьэкIэ цIыхум илъэс бжыгъэшхуэ тралъхьэурэ щагъэтIыс зэмант.
ЦIыхубзым къыхуашар зылъэгъуа, абы кIэлъыплъа гуэрым бзэгу ихьащ тхьэмадэм деж. Пщэдджыжьым цIыхубзыр яшащ къуажэ унафэщIапIэм.
- Уэ, Марзидан, нартыху къэдыгъуа къыпхуашэу къэпщэхуа? - къоупщI.
- Тхьэуэ дыкъэзыгъэщIа къэсщэхуам. Мыр Менлыкъуэ Хъызыр къыпхузигъэшащ къызжиIат гум дэс щIалэми, сэри сыгуфIэри къэсщтат, - жэуап ирет цIыхубзым.
Ар зэхэзыха къуажэ тхьэмадэм и жьэр Iурыхуащ, итхауэ хъуар псынщIэу зэIитхъыжри, цIыхубзыр къиутIыпщыжащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ цIыхубз губзыгъэр утыкум къикIыжат. А хъыбарыр нобэр къыздэсым къуажэм щыжаIэж.

ФатIимэт и шэщIэху

Ди хьэблэм шэщIэху зиIэр ФатIимэтт. Жьы дыдэу къызэIуихырт и унэбжэр, фызхэри зыр зым иужь иту къызэхуэсырт. Си анэр сымаджэт а лъэхъэнэми, шэр зезыхьэр сэрат.
ПщIантIэм узэрыдыхьэу гъэжьэрымэ IэфIымэр къыпIурыIуэрт.
Зы пщэдджыжь къанэртэкъым а цIыху дахэм и Iэнэ хъурей цIыкIум е лэкъум, е дэлэн пщтыру темыту. Шыбжииплъыр зытекIа къалмыкъ шейри къэкъуалъэу и хьэку цIыкIум къытрихыжырти, фыз гупым я Iуэхур зэфIэкIыху игъатхъэрт. Сысабийми, сахэст сэри, шэ пэгунитI схьар зыхуей хуэзэху сежьэу…
Тхьэм псапэу къритыж а нанэ дахэ цIыкIум ерыскъы IэфIу дигъэшхар.
Абыхэм я дуней тетыкIам, шэщIэхум щаIуэта хъыбархэм я нэпкъыжьэ си гъащIэм къытринащ, сагъэсащ, сыт хуэдэ гугъуехьми шыIэныгъэ сиIэу сыпхрыкIыфу.

Гъэмахуэ жьэгу

Жыг хадэм и кум хэдгъэува гъэмахуэ пщэфIапIэ зэIухам сыщIэсщ жэщ хъуху. И лъэгур ятIэ лъэгущ. Пасэрей уэздыгъэ нэфхэр щIэзгъэуващ, иныкъуэхэри фIэздзащ. Махуэ хуабэхэм деж лъэгум псы изоутхэ, тхыпхъэщIыпхъэхэр трезгъадзэу. Къабзэу къызопхъэнкI. Хьэку цIыкIум къущхьэхъу шейр щызогъавэ, пщэдджыжьым кхъуей цIынэмрэ нартыху хьэтыкъымрэ и гъусэу си унагъуэм яфIэфIщ. ХупцIынэ згъэхьэзырар тебэм изодзэри, дапхъэм тызогъэувэ. Пхъэгулъ, мыIэрысэ къыпыщэщахэр, мэрзей хъун хуэдэу, согъэкъабзэри дыгъэм хызогъэувэ.
Ауэрэ дыгъэри уафэгум къоувэ. Сырэм и щхьэм деж тет радио цIыкIум къит хъыбархэм седаIуэурэ шэджагъуашхэр согъэхьэзыр. Лы гъэгъуамрэ кIэртIофыщIэмрэ хуэму мажьэ. Пхъэгулъ фалъи къыпысчри згъэвэну тезгъэуващ. Дапхъэм тет тебэм издза хупцIынэми зыкъиIэтащи, щIакхъуэр хуэмурэ жьэн папщIэ, хьэкущхьэм тызогъэувэ.
ДжэдууитIри фIыуэ шхэри загъэзыжу тахътэм игъуэлъхьэжащи, IэфIу мэжей…
Дыгъэри, гъэмахуэр зэрынихусар къыуигъащIэу, и фэр нэхъ нэхуу пихуауэ, къеплъэкIыурэ уафэ джабэмкIэ йокIуэкIыж…

Хьэнифэ нанэ

Зэшыпхъуитхури зэщхьт. СыткIи. ТеплъэкIи хьэлкIи.
Зэбгъэдэсу плъагъумэ, зытепсэлъыхьыр КъурIэн лъапIэм иту зэджахэрат. Зым къыгурымыIуэмэ, адрейм ар хузэпкърихыу. ЦIыхубз хьэлу, зыгуэрхэми тепсэлъыхьынутэкъым. ГъэщIэгъуэныщэхэт. Езыхэр нанэ дахэ дыдэхэт. Я нэгум нурыр кърихыу.
Абыхэм ящыщу нэхъ гъунэгъуу сцIыхуа Хьэнифэ нанэ куэдрэ сигу къокIыж. Хьэнифэ нанэ нэхъ жьы хъуами, и лъэм фIыуэ къримыхьэкIыжми, зэи щылъу слъэгъуакъым. Хужьыбзэ цIыкIуу хуэпауэ пIэкум исрэ, КъурIэн лъапIэр и куэщIым илъу. И щхьэфIэпхыкIыр, натIэр щIихъумэу къелъэфэхарэ, IэлъэщI кIапэхэр гупэмкIэ дамащхьэм телъу. Щабэ дыдэу псалъэу, КъурIэным макъ лъахъшэкIэ къеджэу. Хьэнифэ зыщIэс пэшыр псом нэхърэ нэхъ нэхуу блэуэ къысщыхъурт.
И къуэхэр къыщIыхьамэ, занщIэу пIэм деж лъэгуажьэ зрагъауэрти, бгъэдэтIысхьэрт. Щабэу епсалъэрт, IэплIэ гуапэу ирашэкIырт. Зы заулкIэ бгъэдэсти, къэтэджыжырт, щащыхур хузэрагъэзэхуэжырт, и щхьэм Iэ далъэрти щIэкIыжырт.
Хьэнифэ и нысэгъур къыщашам, езым иджыри бын иIэтэкъым. ЦIыху щабэ дахэм, унагъуэм къихьа нэрыбгэ цIыкIур зэуэ есащ, и гум дыхьащ, и дзыхь иригъэзащ. ГъащIэри макIуэ. Нысэгъу къашам бынищи къилъхуащ, щIалэ дыгъитIрэ зы пщащэ цIыкIурэ. Ещанэ сабийр къыщалъхум, нысащIэр дунейм ехыжащ. Гуауэр хуэмышэчу и щхьэгъусэри кIэлъыкIуэжащ. Сабиищыр зеиншэу къэнат. И бгыр щIикъузэри нанухэр Хьэнифэ къищтащ. Езым щIэблэ къыщIэмыхъуами, цIыху имыгъэпсалъэу, и бын дыдэм хуэдэу, а цIыкIухэр зэщIипIащ. Сабийхэм ар я анэу фIэкIа ялъытакъым, къащыгурыIуами, нэхъыфIыжу ялъэгъуащ.
Жьы дыдэ хъуху яхуэпсэуащ, къуэрылъху-пхъурылъхухэр къепщIэкIауэ.
Дунейм щехыжми, фIыщэу илъагъу и къуэхэм я Iэхэр и Iэгу гъур цIыкIумкIэ иIыгът…
Зи псэр лъагъуныгъэкIэ гъэнщIауэ псэуа нанэр зыщIэса унэ цIыкIум сыщIыхьэхукIэ, и блынхэр иджыри нурыбэу блэуэ солъагъу.
Ярэби, апхуэдиз шыIэныгъи лъагъуныгъи абыхэм дэнэ кърахрэт?! Иджы псори диIэщ, лъагъуныгъэм къищынэмыщIа. Ар хуабжьу жэщIащ.
 

 

Багъ Марьям.
Поделиться:

Читать также: