Жанкъетрэ ЕщIэнокъуэ зэшхэмрэ я хъыбар

ЖанкъеткIэ еджэу зылI щыIэт. Хъыжьэт икIи шынэ жыхуаIэр ищIэртэкъым. Абы Талъостэхэ япхъу и щхьэгъусэт. Езыр зэман зыбжанэкIэ зекIуэ щыIауэ къыщысыжым, и унэм щIалэгъуалэ куэд щызэхэсу кърихьэлIэжащ. «Сыту пIэрэ мы щIалэгъуалэхэр зытепсэлъыхьыр?» – жиIэри занщIэу унэм къыщIэмыхьэжу тIэкIу зиIэжьащ, жаIэхэр зригъэщIэну.
 – Хэт нэхъ лIыгъэ иIэ Къэбэрдейм и кIуэцIкIэ? – жаIэри нысащIэм жиIэнум еплъыну къыхагъэзыхьауэ арат.
НысащIэми зытригъэхьэртэкъым:
 – Ана-а, ар сэ сыткIэ сщIэн, губгъуэм сихьэркъым, шу зэхыхьэм сащыщкъым, апхуэдэу фыкъызэмыупщI.
Дауэрэ ящIми, цIыхубзым къыжьэдашащ:
 – Мыпхуэдэм и къуэхэращ лIыгъэ зиIэр…
Жанкъет ар щызэхихым, унэм щIыхьэжакъым:
 – Сэ згъэунэхункъэ а лIыгъэ зиIэу жыхуаIэхэм я лIыгъэр здынэсыр, – жиIэри, еуэри дэшэсыкIри гъуэгу техьэжащ.
МащIэрэ кIуа, сытми нэсщ и гуащэм жыхуиIа а щIалэхэм я унэми еблэгъащ. ЩIалэхэр щыIэтэкъым, щIэсыр я анэ фызыжь закъуэрат.
Хъарзынэу къагъэхьэщIащ, ауэ, зы псалъэкIэ къемыупщIа пэтми, фызыжьым и псэм ищIащ щIалэм мураду иIэр зыхуэдэр.
 – Си щIалэхэр игъэунэхуну жиIэурэ IэщIэкIуадэмэ, си жьыщхьэ сунэхъури сытIысыжакъэ, – жиIэри гузэващ фызыжь цIыкIур, асыхьэтым и бгъэр Жанкъет ириубыдылIэри, и бгъэр щIалэм лъигъэIэсащ. Абы иужькIэ фызыжьыр нэхъ нэфIэгуфIэ къэхъури Жанкъет жриIащ:
 – Мис иджы къуэ усщIащ, си щIалэ къэтхэм уащыщщ.
Сыт ищIэжынт Жанкъет – анэ ищIащ фызыжь цIыкIур. Аргуэру тIэкIурэ щысыжа нэужь, щIалэр щIэупщIащ:
 – Ярэби, мы си къуэшхэр сыту къэмысыжрэ?
Къэдзыхащ Жанкъет, гумэщIу хуежьащ.
 – Ахэр, си щIалэ, къэкIуэжми, мыбы зэзэмызэ дыдэ фIэкIа къыдыхьэж я хабзэкъым. Iейуэ уахуэпIащIэмэ, Арыкъ шытхым ущхьэпрыкIмэ, Жагъыщэхэ я егъэзыпIэ жаIэри щыIэщи, абы щыIэу къыщIэкIынущ, абдеж щумыгъуэтмэ, зекIуэ ежьауэ къэтхэу аращ, иджыри къемыкIуэлIэжауэщ къызэрыбгурыIуэнур, – жиIащ икIэм-икIэжым фызыжь цIыкIум.
КъэмыкIуэжынкIэ зэрыхъунур фызыжь цIыкIум къыщыхигъэщым, Жанкъет щIалэхэр здэщыIэ щIыпIэм кIуэну триухуащ. Абы кIуэуэ ахэр къыщигъуэтыныр нэхъ Iуэху зэфIэкI хъууэ къилъытэри, еуэри, и шы-уанэ зэщIикъузэри, занщIэу Арыкъ шытхым щхьэпрыкIри кIуащ щIалэр зи гугъу ящIа егъэзыпIэм. ФIэхъусыр зэфIэкIа нэужь, я Iуэху зытетри зэжраIащ нэIуасэ зэхуэхъуа щIалэхэм.
 – АтIэ, дыщызэкъуэшкIэ, зекIуэ дызэдэкIуэу абы дыщызэрыцIыхун, хьэмэрэ унэм дыкIуэжу абы дыщызэбгъэдэсурэ дызэрыцIыхун? – жаIэри зэрыгъэчэнджэщащ. ЗекIуэ кIуэныр трагъакIуэри, еуэри псори зэгъусэу зэщIэшэсащ.
Хы тIуащIэм зэпрыкIри, шы гуартэ кърахуащ.
 – Шыпэм уитын, хьэмэрэ шыкIэр къэпхун? – жаIэу зэшхэр Жанкъет къыщеуепщIым:
 – Сэ шыпэм ситынщ, ауэ шы гуартэр зыхур хэт, жаIэрэ къыщIэупщIэIамэ, Жанкъет еху, жыфIэж, – жиIащ щIалэм.
ЗэрыжиIам хуэдэу, Жанкъетыр япэ ирагъэуващ, езыхэр шыкIэм къиувэжри къежьэжахэщ.
ГуэшыпIэм къэсри, шыр ягуэшын хуей хъуащ. Шы къахуам зыми емыщхьу зы пщIэгъуалэжь яхэтти, ар зы Iыхьэу, адрей шы псори зы Iыхьэу ягуэшащ. Апхуэдэу ящIа IыхьитIым япэ хэдэнри Жанкъетым къылъагъэсащ. Жанкъетыр гупсысэгъуэ ин хэхуащ.
 – ПщIэгъуалэжьыр къыхызохри, нэхъ шыфI закъуэр хихащ, жаIэмэ… Пэжу, шыфIыфи теткъым зы Iыхьэу ягъэува пщIэгъуалэжьым, ауэ хэт ищIэрэ ахэр абы зэреплъыр?! Адрей шы къомыр къыхэсхрэ, нэпсеифэ зрезгъэплъмэ, – гупсысэрт Жанкъет.
Къыхихынур имыщIэу зыкъомрэ зрилъэфыхьа нэужь, тегушхуэри пщIэгъуалэжьыр къыхихащ:
 – Дауэ щытми, нэпсеифэ къызаплъ нэхърэ, сыхэкIуадэрэ Iыхьэншэу сыкъанэми нэхъыфIщ, – жиIэри.
ЩIалэхэр щызэбгъэдэкIыжым, псалъэ быдэ Жанкъет зэкъуэшитIым къаIихащ зы илъэскIэ шы мышэсыну, а илъэсым и кIуэцIкIэ я анэжьым бгъэдэсыну.
Тэлай закъом дэкIауэ, Талъостэнхэ нысэ къашауэ нысашэ хьэгъуэлIыгъуэ къыдах. ХьэгъуэлIыгъуэм Жанкъетри кIуащ, гуэбэнэч щыгъыу. ЗдэкIуам зыкIи зыкъимыгъэнаIуэу ефэу Iэнэм щысхэр зыщIэс унэм щIыхьэри и бжэкъуагъым къуэуващ.
Ефэу щысхэм зы зэман зэ Жанкъет гу къылъатэри, зыгуэрым жиIащ:
 – Пщэдей Къарэкъуэлэн щыгъыу ныдэкIыр уи анэмэтщ.
КъыжраIам ауан хэлът. Ауэ, абы щхьэкIэ къэмынэу, и пащIэкIэр игъэджэгуу, Жанкъетым зы бжьэ къыхуишиящ. Ар зы бжьэти, ирифащ. ЕтIуанэуи, ещанэуи зэманыфI зэхуакуурэ бжьэ къыхуашиящ, ауан псалъэхэр къыщIагъуурэ.
Апхуэдэурэ щэ ефэгъуэ ирагъэфа нэужь, хуэмышэчыжыххэу зыкъыщIигъэбзэхыкIыжри, я бжэныхъуэр кърихьэжьэри къежьэжащ.
Пхъэру кIэлъежьахэм езыхэр псэууэ къигъанэурэ, зытес шыхэр якIэщIиукIыкIырт Жанкъет. Апхуэдэурэ пхъэрищым яш ящIиукIыкIа нэужь, Мэртазэхэ я зы щIалэ щIэпхъуащ. Ар зэрыпсэууэ иубыдри, Жанкъет здрихьэжьащ.
 – Абы фIэкIмэ, ди напэ токIыпэ, ЕщIэнокъуэ зэшитIыр фыпхъэратэмэ, – жаIэу хъыбар къыщратым, зэшхэм пхъэрын ядакъым. Абыхэм тхьэрыIуэ яIэт зы илъэскIэ шыбг итIысхьэу зыщIыпIи мыкIуэну.
Жанкъет къуэш хуэхъуари, шыбг имытIысхьэну псалъэ быдэ къызыIихари ахэрат – ЕщIэнокъуэ зэшхэрат. Зи псалъэ зыгъэпэжа зэшитIым Жанкъет псэуху яхуэпэжащ, зекIуэ ядэкIуэу, лIыгъэ ядигуэшу, къуэшыгъэ якIэлъызэрихьэу. ЗэраIуатэмкIэ, Жанкъет дежщ къыщежьэр ЕщIэнокъуэ зэшитIым я лIыгъэр зэры-Къэбэрдейуэ хэIуэн икIи зэрыадыгэу зэлъащIысын щIэхъуар.
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар

 

ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: