МЭРЕМ ПШЫХЬ

Тхыгъэ кIэщIхэр
Шыд-унафэщI

Шыдыр гъуэгубгъум ягъэуват, блэкIхэр ибжыну къалэн щащIри. Зыкъомрэ ибжащ, нэгъуэщI Iуэху зэримыхуэу. ИтIанэ блэкIхэм ятекIиеу, унафэ яхуищIу щIидзащ. «Нэхъ псынщIэу фыкIуэ! ИжьырабгъумкIэ вгъазэ! СэмэгурабгъумкIэ дэвдзых!»
Апхуэдэурэ шыдыр унафэщI хъуащ. Ауэ аратэкъым гъэщIэгъуэныр, атIэ псори абы зэредаIуэрат. Зыри пэувыртэкъым, ар уэ уи Iуэхукъым, жиIэу. Псори есат нэхъ ину кIийм едаIуэу.

Къелащ

- УкъыздэмыкIуэмэ - сылIэнщ! - жиIат щIалэм. АрщхьэкIэ хъыджэбзым идакъым абы дэкIуэн.
ЗэрыжиIауэ, модрейр лIащ… и ныбжьыр илъэс пщIейм щIигъуауэ, быну, къуэрылъху-пхъурылъхуу тIощIым щIигъу иIэу.

Езым цIэ зыфIищыжащ

ЩIалэр и ныбжьэгъум деж кIуат, арщхьэкIэ игъуэтакъым. Щимыгъуэтым, «КъэкIухьлъакъуэ» жиIэу и бжэм тритхэри къыIукIыжащ.
ЕтIуанэ махуэм а тIур зэхуозэ.
- Дыгъуасэ уи деж сынэкIуати, узгъуэтакъым.
- СощIэ, - жеIэ модрейм, - си бжэм уи цIэр тету слъэгъуащ.

«Зэрыджэгу уэзгъэлъагъунт!..»

Лэжьэгъуэ махуэр иухауэ унафэщIымрэ абы и къуэдзэмрэ шахмат зэдэджэгури, унафэщIыр текIуат. «ДжэгукIэ зэгъащIэ, щIалэ!» - жиIэри щIэкIыжат ар, и щхьэр Iэтауэ.
Абы кIэлъыплъурэ, мыдрейм жиIащ: «Бетэмал, укъэгубжьу уи пхъур къызумытынкIэ сошынэ, армыхъуамэ, сэ уэзгъэлъагъунт зэрыджэгу, си щыкъу адэ хъун джаурыжь!»

Тэрэзэр зейр

- Уи тэрэзэр мытэмэму зэтеухуауэ фейдэ щхьэ къебгъэщIрэ, щIалэ?
- АтIэ фейдэр уи дежкIэ кIуэуэ зэтезухуэну арат узыхуейр?! Абы щыгъуэм ар си тэрэзэтэкъым - ууейт, - жиIэри ину дыхьэшхащ щIалэжьыр.

Къагъырмэс Борис.

ГушыIэ
Псым ухэхуэнщ, си тIасэ

Зы дыгъужь гуэр псым икIыну лъэмыжым телъэдащ. АрщхьэкIэ лъэмыжым и адрей лъэныкъуэр псы къиуам пихауэ къыщIэкIащ.
Ар щилъагъум, мывэ Iэгурыхъу къищтэри Хъуэжэ кIэлъытелъэдащ, дыгъужьыр игъащтэу псым хигъапкIэу иригъэтхьэлэн и гугъэу. АрщхьэкIэ дыгъужьыр лъэмыж кIапэм щынэсым, псым щышынэри, и дзэхэр зэригъэшхыу, гурыму Хъуэжэ дежкIэ къигъэзэжащ. Хъуэжэ дыгъужьыр къыщыжьэхэлъадэм, шынэжщ «псым ухэхуэнщ, си тIасэ, къэгъэзэж, лъэмыжыр къутащ», - жиIэурэ лъэныкъуэ зригъэзри, дыгъужьыр блигъэжащ.

Хьэтыхъу и дыгъужьищэ

- Дыгъуасэ мэз сыщыкIуам дыгъужьищэ слъэгъуащ, - жиIащ Хьэтыхъу, гупым яхыхьэри.
- Щыгъэт, дыгъужьищэ зэгъусэу дунейм теткъым, - жаIэри гупыр зэщIэдыхьэшхащ.
- Тхьэ сIуэнщ, щэ мыхъуми, щэ ныкъуэ хъунтэм! - жиIащ Хьэтыхъу.
- ЖиIэр сыт делагъэ, дыгъужь щэ ныкъуэ щIэскъым ди мэзым, - къыхуидакъым зыгуэрым.
Гупыр аргуэру зэщIэдыхьэшхащ.
- Сыт фыщIэдыхьэшхыр? Тхьэ фхуэсIуэнщ, щэ ныкъуэ мыхъуми, тIощIрэ пщIырэ хъунтэм!
- КIэрыгъэху, Хьэтыхъу, кIэрыгъэху. Апхуэдиз дыгъужь зэгъусэу хэт илъэгъуа?
- Уэлэхьи, зы мыхъуам, дыгъужьипщI хъунтэм.
- Тхьэ дыгъэIэ, пцIыкIэ, Хьэтыхъу, кIэрыгъэху.
- АтIэ сыт пабжьэр къэзыгъэсысар?! - жиIащ Хьэтыхъу.

КъардэнгъущI Зырамыку.

Ар хабзэт!
Адыгэм я зэдэлэжьэкIэу щытар

Пасэрей адыгэм зэдэщIыгъуу, зыр зым дэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр фIыуэ ялъагъуу щытащ.
Зы адыгэ щыIэу щытакъым езым и закъуэ къарукIэ унэ е псэуалъэ гуэр игъэуву. Унэу щрет, гуэщу, шэщу, къинэмыщI псэуалъэу ирехъуи, зыгуэр ищIыну мурад зэрищIу, ирихьэлIэну пхъэкIэбжьэкIэхэр къызэригъэпэщырти, цIыху зыбжанэм хъыбар яригъащIэрт:
- Пщэдей щIыхьэху сиIэщ, мыпхуэдэ псэуалъэ тIэкIу согъэуври, къомыхьэлъэкIыу укъысхуэкIуатэмэ, си гуапэ хъунт, - жиIэрти.
- Алыхь-алыхь, ар пхуэзмыщIэмэ, сыт пхуэсщIэн! - жиIэрти къигъэгугъэрт.
Пщэдджыжьым къызэхуэсырт хъыбар зригъэщIа псори, хэт джыдэ, хэт пхъэх, хэти Iэдэ-уадэ яIыгъыу. Щхьэж зыхуэкъулейм еувалIэрти, зэрахузэфIэкIкIэ, хьэрычэт хащIыхьу, жэщ хъуху елэжьхэрт. Дауэ ямыщIми, а махуэм хуаухырт и псэуалъэ гъэувыныр.
Апхуэдэ щIыхьэхум, зэрыхабзэти, хэт хъыбар ирагъащIэми мыкIуэну Iэмал иIэтэкъым.
Езыми махъсымэ иIэт, ныш иукIати, игъатхъэрт, фIыщIэ яхуищIырти, иутIыпщыжырт.
Адыгэ щIыхьэхур псэуалъэ щаухуэм и закъуэтэкъым щащIыр. ЩIыхьэхур лъэныкъуэ зыбжанэкIэ ирагъэкIуэкIыу щытащ адыгэхэм: нысашэ иIэу щытмэ, хьэблэр къызэхуэсырти пхъэгулъэ зырыз къыхуашэрт, курыбэ ирагъэжьэну, нысашэр зыфIэкIыху ягъэсыну. Благъэхэри къыдэIэпыкъурт.
И мэкъу, и мэш къыхуемышэлIэжу фIэкIуэдамэ, гукIэ къызэхуэсырти къыхурашэлIэжырт.
Мэкъуауэгъуэ хъуамэ, зэрымыгъэзэшу лэжьэн щхьэкIэ унагъуитIу зэгухьэрти, мэкъу зэдыпаупщIырт.
ЗэгъунэгъуитI лажьэу зым япэ иухамэ, и гъунэгъур къигъанэу IукIыжыртэкъым, кIуэрти, а къыкIэрыхуам дэIэпыкъурт. Абы дэмыIэпыкъуу IукIыжыныр цIыхугъэншагъэт, адыгагъэ хэмылъу къалъытэрт.
ЩIакIуэ ящIынуми, цей яхъуэнуми цIыхубз гуп къызэхуашэсырти, зэдэIэпыкъуурэ ящIырт.
И мэшыр къыхуемыхьэлIэжу фIэкIуэдыжмэ, и нартыхур къыхудэмычыжу уэсым фIыщIиубыдэмэ е гузавэрэ нэхъ щIэхыу зэфIэкIын щхьэкIэ нартыхур мытхъыу къыдифыщIыкIрэ къишэжамэ, щIыхьэху ищIырти иригъэтхъырт.
Цы япхынумэ, «цыпх щIыхьэху» жаIэрти, пщыхьэщхьэм хъыджэбз куэду къызэхуашэсырти, нэху щыху цы япхырт. Ар Iэ закъуэкIэ илъэскIи зэфIэкIынутэкъым.
Бжыхь къудей яхунумэ, гъунэгъухэр къыдэIэпыкъурт, емылъэIуми. Ар хабзэт.

Щоджэн Хьэзешэ.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
Емызэш мэшыбэ ещIэ

Вы пэтрэ мэтэдж. Хабзэр зымыIыгъ, зымыгъэзащIэ цIыхум хуэгъэза хъуэрыбзэщ.
Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ. ЦIыху нэс къызыхэкIынур цIыкIу щIыкIэ къыбощIэ: и зыщIыкIэ, и псэлъэкIэ, и дуней тетыкIэ, и IуэхущIафэ сытхэм къыбжаIэ.
Вым лъэмыIэсыр гуфэм йоуэ. Щхьэж и зэчий, и зэфIэкI къызыпекIуэкIыр елэжь.
Гугъэмрэ жеймрэ адэ щIэиныфIщ. Гугъэр цIыхум зэи фIэмыкIуэд къулеягъэщ. Абы цIыхум кърет къару лъэщ. А къарур цIыхум сыт щыгъуи къыщхьэщож. Насыпыншагъэ, мыгъуагъэ, лъэпощхьэпо Iэджэхэм япэувкIэрэ, цIыхур гъащIэм къыхешэж абы. Псэлъафэр цIыхум жезыгъэIэри аращ.
Гупсыси - псалъэ, зыплъыхьи - тIыс. УзыхущIегъуэжын жумыIэ, зыхуэфащэр къэбгъанэу тIысыпIэр умыубыд.
Гур зэрыгъум дыгъур кърокIуэ. Гум къэхъунур ещIэ, жыхуаIэращ.
Емызэш мэшыбэ ещIэ. Куэд зылэжьыф цIыху гуащIафIэм ехьэлIауэ къапсэлъ хабзэщ.
Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж. Гузэвэгъуэшхуэм, псэзэпылъхьэпIэм къелар мыхьэнэншэ гуэрым щихьыжым, щикIуэдыкIыжым деж къапсэлъ хабзэщ.
Ерэхъурэ хъунрэ щыIэу уи ней къысщыхуэ. ЦIыхур пцIыкIэ къешэкIыныр, гъэщхьэрыуэныр хьэл зыхуэхъуахэм ятеухуащ.
Ерыщыр щыту малIэ. «ЗигъэлIэнщ, ауэ и хьэлым, нэрыгъыу иубыдам пхутекIынкъым» жыхуиIэщ.
Жэм лъакъуэ шкIэ иукIрэ. «Ууейм дэнэ уихьыжын - ууейм уи жагъуэ къищIыфынукъым» жыхуиIэщ.

Щауэ Къэлидар.

Дыгъужь бын

(Дадэ и хъыбархэм ящыщщ)

Мэрем пщыхьэщхьэм Дадэ и гурыфI къикIри дигъэтхъэжащ: IэфIыкIэ куэду къытхуищэхури, хьэблэ щIалэ цIыкIум къытхуигуэшащ. ИужькIэ дызэхигъэтIысхьэри, таурыхърэ хъыбаркIэ зыдигъэтIыжащ. Мы хъыбарыр а пщыхьэщхьэм Дадэ къыджиIахэм ящыщ зыщи, фыкъеджэ, фигу ирихьмэ, фымыбзыщI.
…ТIэ, си адэшхуэм сригъусэу, гъэмахуэ гуэрым уэтэрым сытест Iэпыдзлъэпыдзу. Мэлыхъуэхэм зэпымычу дыгъужь бын я гугъу ящIырт. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр ди пщыIэм и гъунэгъу дыдэу къэтIысат.
- КъэукIын хуейщ, армыхъумэ псэупIэ къыдатынкъым, - жиIащ мэлыхъуэхэм ящыщ зым. АрщхьэкIэ лэгъупэжьым идакъым.
- Хьэуэ, дыгъужьхэри, хьэхэм хуэдэу, губзыгъэщ, уеблэмэ хьэхэм нэхърэ нэхъ губзыгъэщ, ахэр щыпсэум и гъунэгъуу зэи щыщакIуэркъым. ЩыщэкIуэн дэнэ къэна, Iэмал ягъуэту нэгъуэщI дыгъужьи щагъэщэкIуэнукъым. Сэ абы фIыуэ сыщыгъуазэщ!
Лэгъупэжьым и псалъэм зыри падзыжакъым.
Махуэ гуэрым си адэшхуэм сэрэ ди закъуэу пщыIэм дыкъытенат. Ди пщэдджыжь Iуэхухэри зэфIэдгъэкIати, хуабжьу сызэшырт. Абы гу лъитэри, Дадэ жиIащ:
- НакIуэ, ПIытIыкъ, ди гъунэгъу дыгъужь шыр цIыкIухэр зэрыджэгур уэзгъэлъагъунщ!
Сэ дуней гуфIэгъуэр сиIэу Дадэ и ужьым ситу дежьащ.
- Мо Iуащхьэ папцIэшхуэр плъагъурэ? - зыкъригъэзэкIащ абы си дежкIэ. - Мис абы и лъабжьэм щIэсщ ди дыгъужьхэр.
- Ди гъунэгъубзэщ, - жысIащ сэ.
- Ди гъунэгъубзэщ, - арэзы хъуащ Дадэ. - Ухуеймэ, гъунэгъу Iыхьэ яхуэхь!
Дэ гъуэгум дэддзыхри, Iуащхьэшхуэм жыжьэу къыпэткIухьу щIэддзащ. Апхуэдэу щIэтщIым сегупсысу дыздэкIуэм, Дадэ къэпсэлъащ:
- Зыщумыгъэгъупщэ, ПIытIыкъ, дыгъужьхэр мэкIэ бзаджэщ. ЗанщIэу дыкIуамэ, жьыр ди щIыбагъымкIэ къоуэри дыкъащIэнурэ загъэпщкIунут, иджы дыкъамыщIэу гъунэгъу дыдэу декIуэлIэфынущ.
Куэдыщэ дымыкIуу мывэшхуэ гуэрым и къуагъым дыкъуэтIысхьащ.
- Дежьэнщ, ахэр мыгувэу къикIынущ гъуэм, зыри жумыIэу щыс, - унафэ къысхуищIащ си адэшхуэм, дыгъэм еплъурэ.
Пэж дыдэу, куэдрэ дызыпагъэплъакъым дыгъужь шырхэм. Ахэр я анэм и гъусэу тафэм къытехутащ. Шырхэр тху хъурт, гъэщIэгъуэн гуэрури джэгурт. Я джэгукIэр зыкъомкIи ди пщыIэм тес хьэпшырхэм я джэгукIэм ещхьт, ауэ къызгурымыIуэ гуэрхэри хэлът. Дыгъужь анэжьыр и лъакъуэхэр щIиукъуэдиикIауэ щыст, и шырхэр зэрыджэгум кIэлъыплъу, зэзэмызи и дзэлыфэр яхуитIу.
- ЗэрыщэкIуэнум хуегъасэ, - къызэIущэщащ Дадэ, и закъуэрыуэ фочыр мывэм ириупсейуэрэ.
- КхъыIэ, Дадэ, уемыуэ, - селъэIуащ сэ си адэшхухэм.
- Iэу, ПIытыкъ, дауэ сеуэн! Гуэныхькъэ, тхьэмыщкIэхэр, я дыгъужь папэр яукIауэ, адэншэу къохъу.
И бынхэр зэрыджэгум зыкъомрэ кIэлъыплъа нэужь, дыгъужь анэжьыр къэтэджри хуэмурэ IукIри, здэкIуари сымылъагъуу бзэхащ.
Сэ сызэгупсысыр къищIа хуэдэ, Дадэ жиIащ:
- И бын цIыкIухэм яшхын къахуихьыну щакIуэ ежьащ.
… Бжьыхьэр къихьауэ, ди пщыIэм дыгъужьхэр къытеуэри, зы щынэ бэгъуа яхьащ. Ар я жагъуэ хъуауэ чэтыр къыздаплъыхьым, лэгъупэжьым жиIащ:
- Мы ныжэбэ ди хьэщIахэр дыгъужь щIалэщ, шэч хэмылъу, ди гъунэгъухэр арагъэнущ.
- Сыт щхьэкIэ, дыгъужьхэр я гъунэгъуу щымыщакIуэу жызыIар уэракъэ? - щIэупщIащ мэлыхъуэхэм ящыщ зы.
- Ахэр иджыри щIалэщ, хабзэр ящIэркъым, - и фIэщыпэу жиIащ лэгъупэжьым.
А махуэ дыдэм Дадэ сэрэ аргуэру дыкIуащ дыгъужь быным я деж. Япэрей мывэжьым дыкъуэтIысхьауэ дыздыкъуэсым, дэ тлъэгъуар телъыджэщ. Дыгъужь анэжьым и шыр цIыкIухэр дзапэкIэ къищтэурэ хыфIидзэрт, едзакъэурэ игъэпщIэурт. ПщIэнтэкъым ахэр езым и быну.
- Хьым, - къыпыгуфIыкIащ Дадэ, - ныжэбэ къахьа щынэм щхьэкIэ ешхыдэу аращ и шырхэм! Ешхыдэ уэ, дыгъужьыжь, ешхыдэ!

Журт Биберд.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ