Спортым и мастер хъуащ

УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «А» классым хыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «ДзюдомкIэ уардэунэ» спорт комплексым махуитIкIэ щызэхэта зэIущIэр Совет Союзым и ЛIыхъужь, тIасхьэщIэх цIэрыIуэ Кузнецов Николай и фэеплъу щытащ икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 24-м я бэнакIуэу 250-м нэблагъэ.

Зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъагъуэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзюдоистхэм медалищ абы къыщахьащ. Килограмми 100 зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Быф Идар.

Нэгъуей Темыррэ (кг 60) Къуныжь Тамерланрэ (кг 81-рэ) домбеякъ медалхэр къахьащ.

Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Урысейм спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр къыфIащащ икIи Iэмал ягъуэтащ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щIалэгъуалэм ирагъэкIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну, къыщыхагъэщащ федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм.

ХЬЭЩОКЪУЭ Анзор.
Поделиться: