ТIэкIу дыкъэушын хуейщ

МЭБХЪУСКIЭ(1) зэджэ жылэ лIыкIуэхэр я пIалъэ къэмыс щIыкIэ зэрызэбгрыкIыжар зэхэфха хъунщ (2).
   Иджы абыхэм я пIэкIэ лIыкIуэ щIэрыщIэ хэтхынурэ дгъэкIуэнущ. Дызыхэс жылэ зыщымыщхэм, щхьэж езым щыщ лIыкIуэ къызэрищIым хуэдэу, дэри щхьэхуэу, унейуэ, адыгэ лIыкIуэ диIэн хуейуэ пIэрэ, хуэмейуэ пIэрэ? Абы тIэкIу срипсэлъэнут. Жылэ лIыкIуэхэм ялъэкIыр сыт? Ар тщIэн хуейщ. Жылэ лIыкIуэр къанун (закон - Аб.) ухуэщ, хабзэухуэщ. Къанунууэ яухуэм тету хьукуумэтым (къэралым - Аб.) Iуэху ещIэ. Жылэм къалэну трилъхьэнур а къануным жиIэращ, гъуэгу, мафIэгу, мэктэб (еджапIэ - Аб.) хуэдэу. ЩыщIагъэу диIэ псори абыхэм зэрызэрагъэзэхуэфым тету хьукуумэтым игъэзэщIэнущ.
 Аращи, ди лIыкIуэхэр къанункIэ Iэзэу, захуэу, щэныфIэу, жану щытын хуейщ. Мыпхуэдэу щытыну лIыр жылэ псом зэдраIуэху къанун ухуэн къудейм папщIэ хъунущ. АрщхьэкIэ жылэ псом зэдраIуэхухэм нэмыщIу, щхьэж и жылэм и щыщIагъэхэу зыхуэныкъуэ Iуэху куэд щыIэщ. Зы унагъуэр зыхуэныкъуэхэр, зы хамэ нэхъри а унагъуэм щыщ зым нэхъыфIу зэрищIэм хуэдэу, зы жылэр нэхъ зыхуэныкъуэхэри нэхъыфIу зыщIэнур, псэкIэ нэхъ иужь итынур а жылэм хэкI лIыкIуэращ. Хамэр сыт хуэдизкIэ фIыми, жанми, дэ дигу къеуэр, ди щыщIагъэр, димыIэу мыхъуну дызыхуэныкъуэхэр илъагъунукъым. Илъагъупэми, игъэзэщIэну гукIэ, псэкIэ иужь итынукъым. Мыр ауэ псалъэ къудейкъым. Мыр блэкIа гъищ-гъиплIым дгъэунэхуа Iуэхущ. Мыр тхуэвгъэзащIэ жыхуэтIа илъэпкъыр ягурыдгъэIуэн тлъэкIакъым…
   КъунейтIрэ адыгэхэм ящыщ зы къуажэ я щIыгу Iуэху папщIэ Щам (Дамаск - Аб.) къикIа лIыкIуэхэм ящыщ зыгуэрым дыщелъэIум, «Абы си Iуэху хэлъкъым, сэ КъунейтIрэ адыгэхэм сыкъагъэкIуакъым», - жиIэри, жэуап къитащ. Ауи къытхузэплъэкIакъым.
   НэгъуэщI IуэхукIэ дызэлъэIуа илъэпкъыми ди псалъэр ягурыIуакъым. АрнаIут (Албан - Аб.) лIыкIуэхэр иужь ихьэри, я хэгъуэгум мэктэб куэд щызэIуагъэхащ. Гъуэгухэр ирагъэщIащ. АрнаIутхэм нэгъабэ бунт щащIам щыгъуэ хьэпсым щIадзахэм и ныкъуэр къыщIашыжащ. Адрейхэм я тезырхэр нэхъ псынщIэ ирагъэщIащ… Хьэуран (3) лIыкIуэри гъуэгу, мэктэб, мыдрисэ Iуэху и фIэщу иужь зэритар гъэзетхэм ифлъэгъуауэ къыщIэкIынщ. Адрей жылэ псом я лIыкIуэхэми зэралъэкIкIэ Iуэху Iэджи зэфIагъэкIащ…
   Узнейлэ адыгэхэр пщылI Iуэху папщIэкIэ (4) сыт хуэдизкIэ лъэIуахэми, тхьэусыхахэми, зыри хагъэхъуэн ялъэкIакъым. Илъэсищрэ ныкъуэкIэ хьукуумэт бжэIум кIуэ, къэкIуэжу Iутхэщи лъэныкъуитIми тхьэмыщкIагъэу ятелъыр, гузэвэгъуэу зыхэтхэр илъагъурэ пэт, гущIэгъу яхуищIу я Iуэху тIэкIу игъэзэщIакъым. Мыпхуэдэ IуэхухэмкIэ зи псалъэ пхыкIыр лIыкIуэхэращ. Узнейлэхэм емыгугъу благъэкIэ я Iуэху зэрызэфIэмыкIынур я фIэщ хъун хуейщ. Зы мыхъуми ипэрейм щапхъэ трахын       хуейщ…
   Дэ зэрызэхэтхымкIэ, Сиуас (5) ис адыгэхэм я фIэщ ирахьэлIэмэ, зы щыгъэтауэ, лIыкIуитIи хадзын ялъэкIыну къару яIэщ. Аращи, дэри адрей жылэхэм хуэдэу, ди гугъур ищIэну, ди псалъэ гурыIуэну лIыкIуэ зыбжанэ хэтхын хуейщ… Мы хэгъуэгум ис адыгэхэр зэпэжыжьэу, тIэкIу-тIэкIуу щысхэщи, фIырыфIкIэ лIыкIуэ хахын ялъэкIынукъым. (Арыншэми, Iуэху пхэнжу тщIахэм язри ипхъыхьауэ дызэрытIысаращ).
   Ауэ щытми, Сиуас, Сурия, КъастIэмони (Дузджэ) хуэдэу, нэхъ IувыIуэу дызэрыс улаетхэмкIэ (область - Аб.) дызэгурыIуэмэ, лIыкIуэ зырыз къэдгъэкIуэн тлъэкIынущ. Ауэ ди фIэщ етхьэлIэу, ди псалъэр зыуэ иужь дитын хуейщ… Мыпхуэдэ жылэ IуэхукIэ ныкъуакъуэр хэднэн  хуейщ. И фIэщ ирихьэлIэу, псэкIэ ди Iуэхум еплъынур, лъэкI зиIэр, лъэпкъ зэхэдз, лIакъуэхэдэ дымыщIу хэтхын хуейщ.
   Дызэрыжейяр ирикъунщ. Дуней псор дымылъагъуфми, ди жылагъуэхэр тлъагъуркъэ… ТIэкIу дыкъэвгъэушмэ, сыт хъун!

«Гъуазэ», №29, щIышылэм и 25, 1912 гъэ.
ХьэрыпыбзэкIэ тхащ.

1. Мэбхъус (Мэджлис) - Тырку (Оттоман) парламентырщ зи гугъу ищIыр.
2.1911 гъэм и ноябрым екIуэкIа парламент хэхыныгъэхэм «либералхэм» ящыщ зэрыхэхуар ягу темыхуэу, младотуркхэм парламентыр зэбграутIыпщыкIыжат. ХэхыныгъэщIэхэр 1912 гъэм и пэм яхьат. А зэманырщ тхыгъэм  къигъэлъэгъуэжыр.
3. Хьэуран - къалэцIэщ.
4. Узнейлэ - Тыркум щыщ щIыналъэщ. Мы пычыгъуэр зытеухуар гурыIуэгъуэкъым.
5. Сиуас, Сивас - къалэцIэщ.

ЦIАГЪУЭ Нурий.
Поделиться:

Читать также: