Мэрем пшыхь

Прозэу тха усэхэр

КъэщIэрей дыдэ

Мор-мыр жыхуаIэ къэщIэрей нэхъ цIэрыIуэхэр зэхуэсауэ я фIэщыпэу зэпеуэрт.
Щи, тхьэмадэр щIоупщIэ:
- Сыт псом нэхърэ нэхъ IэфIыр?
Адрейхэм зы гъуэтыгъуей гуэр къалъыхъуэхункIэ, зыгуэр къэпсалъэри жиIащ:
- Псом нэхърэ нэхъ IэфIыр псырщ.
Куэдрэ зэныкъуэкъуа, мащIэрэ зэныкъуэкъуа, сытми, икIэм-икIэжым псори абы арэзы техъуащ.
- НтIэ, сыт псом нэхърэ нэхъ лъапIэр?
НэгъуэщIхэр мылъкум, былымым егупсысыхункIэ, нетIрей гуэрым жеIэ:
- Псом нэхърэ нэхъ лъапIэр зыри зыщIумыту къэбгъуэтарщ - Хэкурщ.
АбыкIи арэзы мэхъу зэхуэсахэр.
- ТIур тэмэму къэтхутащ, - жеIэ къэщIэрейхэм я тхьэмадэм, - иджы зы упщIэ къэнэжащи, абы и жэуапыр хэт къигъуэтми, къэщIэрей дыдэр мис аращ:
- Сыт псом нэхърэ нэхъ хьэлъэр?
Абы хуабжьу игъэгупсысащ къэщIэрей хасэм къыщызэхуэсахэр. Зым мывэ, жи, адрейм гъущI, жи.
Щымыхъужым, япэрей упщIитIым жэуап езыта лIыр аргуэрыжьу къопсалъэ:
- Мывэ е гъущI къыпхуэмыIэтыр зыгуэр зыдэбгъэIэпыкъуу къэпIэт мэхъу. Псом нэхърэ нэхъ хьэлъэр уи Хэкум пэIэщIэ ухъунырщ. Ар зыми къыбдигъэпсынщIэфынукъым.

Дыгъэ бзий IуданэкIэ

- Къажэ, си псэ, къажэ, си деж къэкIуэж! - сабий пцIанэ цIыкIум кIэлъоIэбэ цIыхубзышхуэ, жыгым хуэдэу дахэу.
Сабийр къажэркъым икIи къэкIуэжыркъым - ауи къеплъыххэркъым. Жьым ирихьэжьа пхъэупсахуэ нэхъей, пкIатэ-лъатэу, зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэми адреймкIэ триIуантIэу, тенджызым хуожэ.
- Ей, си щIалэ цIыкIу, зэ къэувыIэ, псым сэ ухэсшэнщ.
ЩIалэ цIыкIур мажэ.
Гулъ шыр хуэдиз фIэкIа мыхъу лъэбжьанэ цIыкIухэм дыгъэр тоцIуукI.
Сабий зекIуагъащIэм и лъакъуэ цIыкIуитIыр маститI хуэдэщ, дыгъэ бзийр Iуданэу илъэфауэ. Зы лъэбакъуэ.
ТIу.
Щы.
Зы лъэбакъуэр - зы мастэнэщ.
Уафэ къащхъуэмрэ щIы щхьэфэмрэ сабийм зэреIулI дыгъэ бзий IуданэкIэ.

ХьэщIэм и чэнджэщ

Илъэсибгъум ит Маринэ унэ лъэгу къилъэсми, пэшыр зэлъыIуихми, тхылъ еджэми, - сыт ищIэми дзапэ уэрэд тIэкIу жиIэ и хабзэт. Маринэ и уэрэд жыIэкIэр унэм щIэсхэм ягу ирихьыртэкъыми, махуэ псом зэхэпхыр зыт: «Маринэ, бэяу! Бэяу, Маринэ!»
ХьэщIэ къахуэкIуат зэгуэр унагъуэми, гу лъитэщ абыи, щIэупщIащ:
- Уа, мы Маринэ щхьэ Iуэху фщIырэ?
- Iэмал хуэдгъуэтыркъым, уэрэд тфIыжеIэ; жиIэфми зыгуэртэкъэ, джэду гурым фIэкIа пщIэнкъым.
- И гугъу фымыщIу зэ феплъыт, - жи хьэщIэм. - Ар щIэгурымыр фыпэроуэри аращ. Уэрэд жызыIэ цIыхум къыпэрыуэ щымыIэу, и псэр хуиту, и гур утIыпщауэ щытын хуейщ. ИтIанэщ абы и макъыр къыщиутIыпщынури.
Къэжэр  Хьэмид.

ГушыIэ

Мылъку нэхърэ - ныбжьэгъу

ЗэкъуэшитI зэхэкIырти, я мылъкур яхузэрыгъэгуэшыртэкъым. Абы папщIэ зи лъэ вакъэ изылъхьэу къуажэм дэсыр къызэхуэсауэ зэхэтт. Махуибл-жэщиблкIэ къуажэр зэхэтащ зэкъуэшитIыр яхузэгурымыгъаIуэу.
- Сэращ мылъкур зэхуэзыхьэсари, си къуэш нэхъыщIэм зыри естынукъым, - жиIэрт нэхъыжь нэпсейм.
- Хъуэжэ зы Iэмал гуэр къытхимылъхьэмэ, дэ зыри тхузэфIэкIыжыркъыми, фыкIуи ар къевджэ! - жаIэри нэхъыжьхэм ар кърагъэшащ.
Хъуэжэ Iуэхур зыIутым зыщигъэгъуазэри, нэхъыжьым жриIащ:
- Уи мылъкур зы Iыхьэу, дэ къызэхуэса цIыху къомыр зы Iыхьэу згъэуващ. Хэдэ, шынэхъыжь!
Нэхъыжь нэпсейр куэдрэ мыгупсысэу хэдэри, мылъкур къыхихащ.
- Къуажэ махуэ хъун, къулейсызу къэна мы щIалэм щхьэж игу пыкI хузэхэдвгъадзэ! - жиIэри Хъуэжэ и пыIэр щхьэрихри игъэтIылъащ, и жыпым тумэн кърихри абы ирилъхьащ.
Къызэхуэсахэм нэхъыщIэм мылъкузэхэдзэ хуащIри, и къуэш нэхъыжьым щхьэпрагъэкIыжащ икIи псори къыкIэлъыкIуэу ныбжьэгъу хуэхъури, фIыуэ псэууэ ежьэжащ.
Адрей къуэш нэпсейр цIыхухэм зэрабгынэу, и мылъку тIэкIури фIэкIуэдыжащ.

КъардэнгъущI Зырамыку.

Псом нэхърэ нэхъ лъапIэр

Новеллэ

Къуэр пщэдей хуэдэм зауэ мыгъуэжьым кIуэрти, хьэблэри Iыхьлыри зэхуэсауэ хьэдагъэ джэгу тIэкIу хуащIыжырт.
«Уи щхьэр хъумэ, си щIалэ. Азалыхьталэм уузыншэрэ бэIутIэIуншэу укъысхуихьыж, - жи анэм, нэмыс хэлъу адэм и пащхьэм ит къуэм зришэкIыурэ. – Зэрыкъэралу Ялыхь гущIэгъу къытхуэщI… ЩIалэ нэхъыжьыр зыхэт мафIэм ухохьэ. Фызмылъагъуж хъумэ, жызоIэри си кIуэцIыкIыщIэр къреIуэнтIыкI». Анэр къыпыгъыкIыурэ, къуэм толъэщIыхь, и щхьэми и напэми Iэ делъэ, ба хуещI… Адэр жьантIэм къыдэсщ, абы и нитIыр плъыжьщ, гупсысэ хьэлъэм, гупсысэ куум ар зэрыхэтыр нэрылъагъущ… «ЛIыхъужьу хэкIуэдащ…» Нобэ махуэ 2I-рэ мэхъу а псалъэ гуIэгъуэхэр зэрыт тхылъымпIэ кIапэр адэм къызэрыхуахьрэ. Абы зэкIэ зыри хащIыкIыркъым фызабэ гъащIэр зытепсыхьа нысэми, анэми, пщэдей гъуэгу техьэ мы нэхъыщIэми. Иужьым адэм и щхьэ къэIэти, и Iэ ижь къыдэхьеи зы ещIри, ткIийуэ, ауэ мыпIащIэу, хуэму жеIэ: «Уи напэр хъумэ. Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, Адэжь щIыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр, си щIалэ!»
Ар жиIэри, и псалъэр зэриухар къуигъащIэу, адэм лъэныкъуэкIэ зригъэщI хуэдэу ищIат. Къуэм и щхьэр здищIым, нэплъэгъуэ гуапэ зэм адэм, зэми анэм яридзурэ, жеIэ: «Си псэр хэтыху уи псалъэр сэркIэ псалъэщ, ди адэ. Умыгузавэ, мамэ. Псори тэмэм хъужынщ. Фызыхуэсакъыж. Тхьэм жиIэмэ, дызэрылъагъужынщ». Аргуэру зызэрашэкI анэмрэ къуэмрэ. ЗэтолъэщIыхь. Анэм и напэ псыгъуэ къамылыфэм, дахагъэмрэ къабзагъэмрэ я лъэужьыр иджыри зытеплъагъуэм, ауэ зэлъа мащIэхэр щызэпридзам, напIэдэхьеигъуэ къэс нэпс пIащэхэр къытелъалъэрт, итIанэ ахэр и пщэм дэткIуэрт. «Умыгъ, кхъыIэ, мамэ», - мэлъаIуэ къуэр. Ар жиIэ щхьэкIэ езыри къызэфIэзэрыхьащ анэм и гур зэрыкъутэм щхьэкIи, и макъыр фIокIэзыз, кIантIэ фIохъу. Иужьым ныбжьэгъуитI-щы къыщIыхьэщ, къуэр щIашыжри, жьыри щIэри хьэдагъэ джэгум зэдыхэтыжахэт…
Пщэдджыжь пасэ дыдэу, дыгъэр къыщIэмыкIауэ, ауэ уафэ джабэри абы къыщызыджэдыхь пшэжь зэхэфыщIахэри лъыпсыфэти дунейр нэщхъыдзэрэ къепэзэзэхыу, къуэр гъуэгу техьат. Анэм зыхуэIэтакъым аргуэру. «Си щIалэ, си сабий закъуэ! Услъагъужыну мыгъуэу пIэрэ?» - жиIэрт абы гуIэурэ, зэкуэфауэурэ. «Узыншэу, мамэ, узыншэ дыдэу», - жиIэжат къуэм иужьу, анэм гуапэ дыдэу зришэкIыжурэ.
…Къуэр щежьэм абы къыкIэлъыщIэкIахэм яхэттэкъым адэр. И Iупэр игъэпIэжьажьэурэ духьэ къибжу, джэш хужь пIащэ хъурейм ещхь нэмэз щыгъэр, иджы плъыжьыфэу узыIуплъэр, и Iэпхъуамбэшхуэ джэдыкIэмкIэ игъажэрэ зырызыххэу и IэкIуэцIым ибзахэу, ар ист унэ лъэгум.
Гъэунэ  Борис.

Хабзэ
ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ

*Адыгэ хабзэр зыщIэ, зи щхьэ пщIэхуэ зы­щIыж ­дэтхэнэ цIыхухъури мэтэдж цIыхубз къы­щыщIыхьэкIэ, къыщыбгъэдыхьэкIэ, щыб­лэкI­кIэ.
*ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэгъусэу щытмэ, щысмэ е гъуэгу теувэмэ, цIыхухъум цIыхубзыр и ижьырабгъумкIэ егъэув (егъэтIыс), ауэ и гъусэр и щхьэгъусэмэ, здигъэувыпхъэр (здигъэтIысыпхъэр) сэмэгумкIэщ. АбыкIэ къащIэу щытын хуейщ ахэр зэрызэщхьэгъусэр.
*ЦIыхухъуитI зэщыхьамэ: «ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ щывгъэт», - жиIэу цIыхубзым и IэлъэщIыр абыхэм яку дидзамэ, зэзэуэну зэпэщIэувахэр зэпикIуэтыжырт.
* «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», - жыхуиIэм къикIыр щакIуэ е бдзэжьеящэ щыIа цIыхухъум къихьым щыщ япэ зыхуэзэ цIыхубзым тыгъэ хуищIын хуейуэ жызыIэ щыIэщ, ауэ мыбы къикIыр абыкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ цIыхубзым дэнэ дежи, сыт щыгъуи пщIэ лей зэрыхуэщIыпхъэрщ.
* Нэмысыншэу къалъытэ къигъафэ хъыджэбзым жьэхэуэ щIалэр, цIыхубзхэм, сабийхэм яхэту тутын ефэр, псалъэ фIей жызыIэр, чэфу ябгъэдэтыр, абыхэм я пащхьэ щIыкIейуэ итыр.
* Унэм щыщIыхьэкIэ, куэбжэм щыдыхьэкIэ адыгэ цIыхубзхэм цIыхухъур япэ ирагъэщ, ар я щIыб ирагъэплъэну къахуегъэкIуркъым. Адыгэ хабзэмкIэ цIыхубзыр цIыхухъухэм япэ щрагъэщыр нэщхъеягъуэ здэщыIэ пщIантIэм щыдыхьэм дежщ.
* ЦIыхубз фIэкIа зыбгъэдэмыс Iэнэм щхьэ щIэлъэныкъуи, нэгэгъуи яхьыркъым, щыуагъэкIэ кIуами, якъутэркъым, ягуэшыркъым.
* ЦIыхухъу гупым яхэт цIыхубз закъуэм е тIущым я Iэр нэхъапэ яубыд.
* ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ IэплIэ зэхуащIын хъумэ, бзылъхугъэрщ жэрдэмыр зейр. ЦIыхухъум япэ цIыхубзым IэплIэ иришэкIыныр емыкIуу къелъытэ адыгэ хабзэм. ЦIыхухъум япэу IэплIэ зыхуищIыпхъэр анэшхуэ, анэ шыпхъу, адэ шыпхъу, езым и шыпхъу дыдэхэрщ.
* Дунейпсо этикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, цIыхухъурэ цIыхубзрэ щызэхуэзам деж сэлам ирихыну япэ Iэбэн хуейр цIыхубзырщ, ауэ ар адыгэ цIыхубз щыпкъэм къыхуегъэзэгъыркъым. КъыхуегъэкIуркъым езым и Iэр япэ ишийуэ цIыхухъуIэм IэщIилъхьэну. Ар зыщIэ, хабзэ зыхуэхъуа адыгэ цIыхухъухэми езыхэм я Iэр япэ яшийрэ сэлам ирахыу есащи, абы тету йокIуэкI.
Жылау  Нурбий.
Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Пшыналъэр бгъунлъэмэ, лъэпкъыр мэукIытэ

Ныбэм и лажьэр IуэтэжыгъуафIэщ. «Узэрышхэу пщогъупщэж умэжалIэу зэрыщытар» жыхуиIэщ.
Ныбгъуэр хьэм хэсми, хум и гур хуэгъэзащ. И щхьэр зэхьэлIар - зыщ, и гур здэщыIэр нэгъуэщIщ.
НысащIэ мышынэ мэл щхьэ фIэбзам щошынэ. ЦIыху бзаджэ укIытэншэм щэныфIэу зигъэлъэгъуэн мурадкIэ укIытэ нэпцI зыщищIым деж къапсэлъ хабзэщ.
ПащIэ гъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым. «Iуэхур зэгупсысыпхъэщ, гузэвэгъуэ зыхэлъщ» жыхуиIэщ.
ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыжыркъым. УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ къыпхуэлэжьыжынкъым.
Пэжым нэр ирещI. Пэж дыджыр зэхэпхыну гуапэкъым.
Псалъэр бгъэувмэ - выщи, бгъэтIысмэ - цIэщ. Къызэрыбгъэсэбэпыфщ: Iэзэу къыпхуэгъэсэбэпрэ - къарууфIэщ, къыпхуэмыгъэсэбэпрэ - къарууншэщ.
Псэр ящэри, напэ къащэху. ГъащIэм нэхърэ напэр нэхъапэщ.
Псы икIыпIэм унэмысу уи кIэр умыIэт. Iуэхум ипэ ищым ират чэнджэщщ.
Псы Iуфэм Iусым псы икIыпIэр ещIэ. Щхьэж езыр зэрыс, зыпыщIа щIыпIэм, абы къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэхъ щыгъуазэщ, а щIыпIэм щымыпсэухэм е пэIэщIэу псэухэм нэхърэ.
Псым итхьэлэр шхийм йопхъуэ. ХэкIыпIэншэ щытыкIэ итыр къезыгъэлыну иужьрей дыдэ гугъапIэу йожалIэ, уеблэмэ сэбэп къызэрыхуэмыхъуфынур нэрылъагъуми.
Псым къудамэ теткъым. «IэубыдыпIэншэщ» жыхуиIэщ. Псым ущыбэлэрыгъ зэрымыхъунур кърагъэкIыу къапсэлъ.
Псым хэлъ мывитIрэ пэт зонтIэIу. - Дунейм ущытеткIэ, зэи зыгуэрым ухуилъынщ, уэри зыгуэр къыпхуилъыжынщ - абыхэм щхьэкIэ узэщыIей хъунукъым.
Псым щхьэтепIэ имыIэмэ, къабзэ хъуркъым. Бзылъхугъэхэм ятеухуащ. «КъакIэлыплъын, къахуэсакъын яIэн хуейщ» жыхуиIэщ.
Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ. Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
Псыр псэхэлъхьэжщ. «Зыуегъэужьыж, къару къыпхелъхьэж» жыхуиIэщ.
Пшыналъэр бгъунлъэмэ, лъэпкъыр мэукIытэ. «Лъэпкъыр зыгъэукIытэн умылэжь» жыхуиIэщ.
Пшхын уимыIэм, щIым езауэ. «Гъавэ ухуейм, щIым елэжь» жыхуиIэщ.
Пшынауэм езым фIэфIыр кърегъэкI. Езыр нэхъ къыздикIынумкIэ къыщоуэ, и псалъэр абыкIэ ешэ.
Пщэдджыжь хьэщIэ гъэхьэщIэгъуафIэщ. «Куэд хуейкъым, шей къудейкIи зэфIокI» жыхуиIэщ.
Пщым и щIыб джатэ щагъэдалъэ. ЦIыхум и нэщIыбагъкIэ хуэдалъэ зи хабзэ «къуэгъэнапIэ фочауэхэм» ятеухуащ.
«ПыIэр къэхь» жысIати, щхьэр къихьащ. Iуэху бгъэдыхьэкIэ пхэнж зиIэм теухуащ.

Щауэ Къэлидар.

Иуан Владимир

*    *   *
Ди нэгум щIэлъыр, цIыхухэ, къысхуэмыщIэ.
Щхьэ апхуэдизу псори хъийм дикIа?
Мы дуней дахэр нэхъыфIщ зэIыдмыщIэм.
ЩыIэкъым абы зыгуэр тезыха.

Дунейм техуэжкъым ди угъурсызагъыр.
Демыш итIани, дэ дызоныкъуэкъу.
Мы дунеишхуэр, тщIэми и инагъыр,
Догуэш, догуэшри, ари тхуримыкъу.

*   *   *
Щымщ щIыгур плъыру, зыми сыкъимыщIэ,
ЩIыхэщIыр гущIэр жэщым къысхуэмыщIэ.
Мы дуней хуитым сэ сыщIытемыхуэр
КъищIэн и гугъэу си гум сызэрехуэр.

*   *   *
Си нэгу къыщIохьэ зы пщыхьэщхьэ гуэрым
Уэ уи сурэти, занщIэу мэбзэхыж.
ИIэту си гур зы гуапагъэ гуэрым,
Къыкъуоури жьыбгъэу, псынщIэу мэкIуэдыж.

*   *   *
БалигъыпIэм и щыгу сыдэкIыхукIэ
СыхуэпIащIэу, лIыпIэ сиуващ.
ГъащIэр блэжри, сэ зыкъэсплъыхьыхукIэ,
Жьыгъэ жьэгум сыкъыдэхутащ.

*   *   *
Ди жагъуэ зэрыхъущи, цIыху псор зэхуэмыдэ.
Къытхэтщ Iужажи, ди бзэри зымыдэ.
Нэхъыжь хуэзами ауи къизымыдзэ.
Апхуэдэ куэдым уагъэщI гузэрыдзэ.
Хабзэ зыхэмылъым жьантIэр хуохъур кIуапIэ.
Нэмысыншагъэм хуохъур ар къежьапIэ.

НапэкIуэцIыр  зыгъэхьэзырар

 

ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ