КъБР-м и Iэтащхьэм и зэIущIэхэр

Республикэм и унафэщI КIуэкIуэ Казбек иужь махуэхэм зэIущIэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ:

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм хэтхэмрэ зэхуэзэри, IэIэтым ­къри­кIуахэр къапщытэжащ. 
КIуэкIуэм жиIащ Урысейм и президент хэхыныгъэхэр ди республикэм зыхуей хуэзэу зэрыщекIуэкIар. «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр жыджэру къыдэкIащ, абыкIэ дэ къэралым щынэхъ жан хэгъэгуищым дахэ­хуащ. Iэ яIэтащ цIыху мелуан ныкъуэм щIигъум, ар процент 95,80-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу процент ­94,21-м Пу­тин Владимир къыхахащ», - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ­м. 
Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ ХэхакIуэ комиссэм хэтхэм, щIыпIэхэм щылэжьа комиссэхэм щыщхэм, УФ-м и Президентыр хэхыныр къызэзыгъэпэща псоми. 

*   *   *
ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Апхуэдэуи илъэс блэкIам ящIахэр щызэхуэхьэса дэфтэрыр и пащхьэ ирилъхьащ. 
Уполномоченнэм и нэIэр сытым дежи зытетыр цIыху­хэм социальнэ, псэупIэ коммунальнэ, IэнатIэ, пенсэ Iуэхухэм теухуауэ къалъыкъуэкI гугъуехьхэр гъэзэ­кIуэ­жынырщ, сымаджэхэр медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным теухуа хабзэхэр къызэпаудмэ, жэуапым зэхэгъэкIынырщ. 
КIуэкIуэмрэ Зумакуловымрэ къытеувыIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэ­къуэ­ным. 
КъБР-м Iэтащхьэм Уполномоченнэм фIыщIэ хуи­щIащ жылагъуэ къалэн куэд зэрызэфIигъэкIым, къэ­рал къулыкъущIапIэхэми хабзэхъумэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми зэрадэлажьэм папщIэ. 

*   *   *
Урысейм и Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъу­щlапlэм и къуда­мэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыlэм и уна­фэщl ­Къумахуэ Аннэ Кlуэкlуэ Казбек хуэзащ.
Ахэр тепсэлъыхьащ блэкlа илъэсым lуэхущlапlэм зэфlигъэкlахэмрэ 2024 гъэм зи ужь итынухэмрэ. Апхуэ­дэуи адэкlэ зэрызэдэлэжьэнур яубзыхуащ.
ЩIыналъэ антимонопольнэ къулыкъущlапlэм щIэгъэхуэбжьауэ къепщытэ IуэхущIапIэхэм, властым и органхэм, нэгъуэщI цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныкъуэ­къур (конкуренцэр) антимонопольнэ законодательст­вэм къызэризагъэр. КъыщIагъэщащ икIи къызэтрагъэувыIащ рекламэ IэнатIэм ехьэлIахэр. Щыуагъэ къыхэ­мыкIыным кIэлъоплъ къэрал социальнэ проектхэр щагъэзащIэкIэ, зэрыщахуэм.

*   *   *
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урысейреест­рым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Соблыр Беслъэнрэ тепсэлъыхьащ «Национальная система пространственных данных» къэрал программэр щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм. Ар хохьэ Урысейм и Президент Путин Владимир пщэрылъ ящи­щIахэм, программэр къащтащ УФ-м и Пра­вительст­вэм и унафэкIэ.
ЩIыналъэ къудамэр апхуэдэу иужь итщ щIым ехьэлIа къэрал хабзэхэр къызэпызыудхэр къыщIэгъэщыным. Абы папщIэ IэнатIэм къегъэсэбэп ипэжы­пIэ дыдэр къэзыгъэлъагъуэ иджырей геодезие Iэ­мэп­сымэхэмрэ езыр-езыру къэзылъэтыхь аппаратхэм­рэ. 
Бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпым ипкъ иткIэ, Урысейреестрым цIыхухэм яхуищIэ къэрал Iуэхут­хьэбзэхэр ефIэкIуащ: лъэIу тхылъыр щIэлъ­хьэ­ныр нэхъ тынш ящIащ, ка­дастр учетым гъэувынымрэ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкур тхынымкIэ ягъэув пIалъэхэр фIыуэ нэхъ мащIэ ­хъуащ.

*   *   *
2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуам, республикэ бюджетыр убзыхунымрэ гъэзэ­щIэ­ным­кIэ щыIэ елъы­кIэ­хэм, адэ­­кIэ я къалэнхэм зыщигъэгъэгъуазэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек епсэ­лъащ­ республикэм Къэ­зып­щытэ-къэзыбж и палатэм и уна­фэщI КIасэ Динэ.
Иужьрей илъэситхум республикэм и экономикэ зыу­жьы­ныгъэм къыпэкIуахэм теп­щIыхьмэ, къэралыр зэ­рыт щытыкIэ хьэлъэм емы­лъытауэ, щIыналъэ бюджетым и убзыхунми, и гъэзэ­щIэнми хъарзынэу йохъулIэ.
КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэр закон 28-м я проектхэр гъэхьэзырыным, аналитикэ дэфтэрхэм хэплъэным, бюджет мылъкур зэгъэкIуэкIынымкIэ нэхъыщхьэхэм къапщытэжахэм кIэлъыплъыным, нэ­гъуэщIхэми теухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм хэтащ. Ведомствэр къэрал къулыкъущIапIэ псоми жыджэру ядолажьэ, абы ипкъ иткIи бюджет къэрал унафэр къызэпыудынымкIэ шынагъуэ щыIэкъым.

*   *   *
Ди республикэм мазэ зыбжанэ хъуауэ щолажьэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэралпсо фондым и къудамэр. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фондым и лэжьыгъэм щыгъуазэ зыхуищIын мурадкIэ дыгъуасэ хуэзащ IэнатIэм и унафэщI Дадэ МуIэед. 
Псом япэрауэ, республикэм и пашэм Дадэм фIыщIэ хуищIащ езыри и нэIэм щIэту лэжьа ХэхыныгъэхэмкIэ щIыналъэ штабым щыщхэри президент хэхыныгъэхэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ. Штабыр жэщ-махуэ имыIэу лэжьащ хэхыныгъэхэм зыщыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэми, хэхакIуэхэхэм Iэ яIэтынымкIэ Iэмал псори къыхузэрагъэпэщу. 
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и лэжьыгъэм тепсэ­лъыхьащ зэхуэзахэр. Гулъытэ хуащIащ дзэм хэт ди зауэлI­хэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ фондыр зэра­дэлажьэ щIыкIэхэм.
КIуэкIуэ Казбекрэ Дадэ МуIэедрэ апхуэдэу тепсэ­лъы­хьащ СВО-м уIэгъэ щыхъуу зи узыншагъэм сэкъат игъуэта ветеранхэм я псэупIэ унэхэр абы­хэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм елъытауэ зэпэщ зэращIым. А унэтIыныгъэмкIэ ди щIыналъэм щызэтеубла ­хъуа Iуэху зехьэкIэр къэралым щынэхъыфIхэм халъытащ. 

*   *   *
КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и хьэрычэты­щIэ­хэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ АфэщIыж Юрэ. Псалъэмакъыр тещIыхьауэ щытащ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ куры­тымрэ нэхъри зегъэужьыным. 
АфэщIыжым и докладым къызэрыхэщамкIэ, IэнатIэм зыкъыхуэзыгъазэхэм я бжыгъэм хэщIащ: илъэс блэкIам къриубыдэу апхуэдэхэр 116-рэ хъуауэ аращ. Абыхэм я нэхъыбапIэми хьэрычэтыщIэм и телъхьэу Iуэхур зэфIэха хъуащ. 
ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ Iэна­тIэм къэралми ди республикэми зыщиужь, зыщиу­зэщI зэпыту йокIуэкI, и пщэрылъ къалэнхэр зэры­зэфIих мардэхэр иригъэфIакIуэу. 

*   *   *
Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и къулыкъущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Кужонов Жантемыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек щигъэгъуэзащ IуэхущIапIэр блэкIа илъэ­сым зэрылэжьамрэ мы гъэм ящIэну я мурадхэмрэ. 
 2023 гъэм IэщIагъэлIхэр хэплъащ хабзэ мардэу ягъэува проект 717-м, дэфтэр 736-рэ къапщытащ. Абы къагъэлъагъуэ лэжьыгъэр тэмэму зэрызэтеублар. 
КъулыкъущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхухэм пщIэншэу юристым и чэнджэщ иратыныр. Абы папщIэ Къэрал юридическэ бюро къызэрагъэпэщащ. Нэгъабэ абы зыхуагъэзащ цIыху 1028-м. Хабзэм къигъэувыр цIыху 1020-м гурагъаIуащ, адрейхэм я Iуэхур иджыри зэфIэкIакъым, лэжьыгъэр йокIуэкI. 
Iэтащхьэмрэ унафэщIымрэ тепсэлъыхьащ хабзэм емыбэкъуэныр къызэгъэпэщыным, фейдэ къегъэщIы­ным емыпха IуэхущIапIэхэм якIэлъыплъыным, адвокатурэм, нотариатым, нэчыхь тхыным, нэгъуэщIхэми.

Поделиться: