И зыгъэпсэхугъуэ махуэм дыгъуакIуэ иубыдащ

Урысей гвардие

Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и прапорщик Нагаев Аслъэн и зыгъэпсэхугъуэ махуэм иубыдащ дыгъуакIуэ.

Спецназым и лэжьакIуэр унэм кIуэжу гъуэгу здытетым зы цIыхубз къыбгъэдыхьэри жиIащ, имыцIыху гуэрым, сэкIэ игъэшынэу, и сумкэр зэрытрихар. ДыгъуакIуэм и шыфэлIыфэм щIэупщIэри, Нагаевыр ежьащ абы и лъыхъуакIуэ. Мыгувэуи къыIэщIэлъэгъуащ цIыхубзым къыжриIахэм и теплъэкIэ хуэкIуэ, хабзэншагъэр зылэжьауэ шэч зыхуищIа цIыхухъур.
Хабзэхъумэм, ар езым къеуэнкIэ зэрыхъунуми емыплъу, иубыдри, къриджа нарядым яIэригъэхьащ.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: